ЕГЪЭДЖАКIУЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я ЗЭХЬЭЗЭХУЭ

ЗэрытщIэщи, УФ-м и Президентым и унафэкIэ 2023 гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу ягъэнэхуащ. А жэрдэмым ипкъ иткIэ, IэнатIэм лэжьыгъэшхуэ щекIуэкIынущ, егъэджакIуэ пэрытхэм методикэ и лъэныкъуэкIэ я лэжьыгъэм халъхьэ щIэщыгъуэхэр щагъэунэху зэхьэзэхьэхуэхэр къызэрагъэпэщынущ, щIэблэм щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэнымкIэ къагъэсэбэп гъэщIэгъуэнхэр утыку къихьэным хуэунэтIа дерс зэIуха зэмылIэужьыгъуэхэр зэхашэнущ. Къэбэрдей-Балъкъэрри а Iуэхугъуэм еджэныгъэм пыщIа пэхуэщIэ (проект) щэ ныкъуэ хуэдизкIэ пежьэну и гугъэщ. Абыхэм ящыщщ Налшык къалэ иджыблагъэ къыщызэIуаха, егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм я «Илъэсым и цIыхущIэ-2023» зыфIаща зэхьэзэхуэр.
Зэпеуэм хэтщ курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт къалэ еджапIэхэм нэхъ мащIэ дыдэу илъэсищ лъандэрэ щылажьэ, зи ныбжьыр илъэс 35-м нэхъыбэ мыхъу IэщIагъэрылажьэ ныбжьыщIэхэр.
ЕгъэджакIуэхэм фIэхъусрэ зыгъэгушхуэ псалъэкIэ зыхуагъэзащ Налшык къалэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и къулыкъущIапIэм и унафэщI Мэлбахъуэ Алимрэ Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ IэщIагъэрылажьэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Уэлджыр Татьянэрэ.
«ЕгъэджакIуэр дызытет дунейм изогъэщхь сэ. Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, абы зы щIэщыгъуэ гуэр къелъыхъуэ, зы Iэмал гуэр зэрегъэпэщ, зыхэт сабийм и щIэныгъэм хигъэхъуэн, и зэхэщIыкIым зригъэубгъун папщIэ. Дыщыпсэу дунейри апхуэдэкъэ – зэпымычу щIэ гуэр дегъэлъагъу, зэхэдмыха икIи дызримыхьэлIа гуэрхэр ди нэгу щIегъэкI. Ужьых имыIэу апхуэдэ IэнатIэм пэрыт егъэджакIуэм, и IэщIагъэр фIыуэ илъагъу къудеймэ, сабийхэр къызэрыдихьэхын методикэр ирегъэфIакIуэ, езым деж фIэкIа, нэгъуэщIыпIэ щумылъагъуну лэжьэкIэ Iэмалхэр зэрегъэпэщ, и IэщIагъэм унэтIыкIэ щэху ирет. Дызэсауэ дызытет лэжьэкIэм нэгъуэщIынэкIэ уезыгъэплъ, псоми зэдащтэ хъун хэкIыпIэхэмрэ бгъэдыхьэкIэхэмрэ зэрегъэкIэс. АтIэ, зэпеуэри зыхуэунэтIар аращи, зи лэжьыгъэм щIэщыгъуагъ хэзылъхьэ егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIыр здынэсыр утыкум щагъэлъэгъуэн хуейуэ ара къудейщ, фащэ щитIагъэу, теплъэ ириту, методикэкIэ иунэтIу. Мыпхуэдэ зэпеуэшхуэм фыкъызэрыхыхьар гуращэ хэхахэр фызэриIэм щыхьэт тохъуэ, фызыпэрыт IэнатIэр фIыуэ зэрыфлъагъум и шэсыпIэ йоувэ. Зэхьэзэхуэм кърикIуэнум емылъытауэ, дэтхэнэ зыми гуапэу сынывохъуэхъу, фызыщIэхъуэпсхэр къывдэхъуну, зэпеуэм зыдэвузэщIыну си гуапэщ», – жиIащ Мэлбахъуэ Алим.
«Зэпеуэм егъэджакIуэхэр къызэщIэгъэуIуэн, IэнатIэм и пщIэр къэIэтын, щIэныгъэм и купщIэмрэ и мыхьэнэмрэ гъащIэм къешэлIэн мурадхэр иIэщ. Абы къыхэкIыу дэтхэнэ зыми утыкум щигъэлъэгъуэну и лэжьыгъэр IэнатIэр ипэкIэ зыгъэкIуатэ Iуэхугъуэ дахэ мэхъу. ЗымащIэкIи шэч къытесхьэркъым къэпщытакIуэхэм я нэгу щIэвгъэкIыну фи гуащIэдэкIыр гуимыхуж зэрыхъунум, щысэтехыпIэуи зэрыщытынум. Хьет жевгъэIэ, гъуэгу махуэ!» – жиIащ Уэлджыр Татьянэ.
Зэпеуэм и Iуэхупежьэ Iыхьэр ягъэдэхащ Налшык къалэ дэт курыт еджапIэхэм я гъэсэнхэм я уэрэдхэм, «Шагъдий» цIыхубэ къэфакIуэ ансамблым и къафэхэм, Дым Елдар и гушыIэхэм.
Iуэхупежьэр зэрызэфIэкIыу, къэпщытакIуэхэмрэ хьэщIэхэмрэ я пащхьэ зэпеуэм хэтыну егъэджакIуэ I6-р кърашащ. Абыхэм къэпщытакIуэхэм махуэ зыбжанэкIэ ирагъэлъагъунущ я лэжьэкIэр, ирагъэдж дерсхэр сабийхэм фIыуэ ирагъэлъагъун щхьэкIэ къагъуэта бгъэдыхьэкIэхэр, щIагъэдэIунущ IэщIагъэм хуаIэ еплъыкIэмрэ ар къыхихын хуей щIэхъуам ехьэлIа гупсысэхэмрэ. Нэхъыщхьэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, зэрылажьэ методикэр ди зэманым къешэлIа зэрыхъур къызэрагъэлъэгъуэнуращ, зэпымычу зызыхъуэж дунейм и мардэхэм зэритIасэр къызэрагъэнэхуэнуращ.
Тегушхуэу зи зэфIэкIхэр зыгъэлъэгъуэну утыку ихьа егъэджакIуэхэм ехъулIэныгъэ яIэну, щIэныгъэмрэ еджэныгъэмрэ я мызакъуэу, гъэсэныгъэ IэнатIэми хуэщхьэпэн гупсысэ пэрытхэри утыку къащIыну ди гуапэщ.

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.