ЩЫБЛЭМ И КЪАРУР

Щыблэм я нэхъыбэр - процент 75-р - пшэм тохуэри, къыхонэж, щIым лъэмыIэсу. Щыблэ шынагъуэм уафэхъуэпскIи уафэгъуагъуи щIэтщ. Абы пщтырагъыу иIыгъыфынущ  цельсиемкIэ градус 30 000. Ар хуэдихкIэ нэхъыбэщ, дыгъэм и щIыIум и пщтырагъым нэхърэ. Илъэсым къриубыдэу дуней псом уафэр щохъуэпскI мелард 1,5-рэ хуэдизкIэ. Ахэр къызэрахутэ спутниккIэ къабжащ. Ику иту щыблэм и кIыхьагъщ километри 9,5-рэ. Языныкъуэ жыг лIэужьыгъуэхэм щыблэр яхуэлъэщ, псалъэм папщIэ, жыгейм. Щыблэр нэхъ бгъэдыхьэркъым бжейм. Щыблэр хуэлъэщ гъущIми. Дунейр щыщIыIэм и деж уафэр щыхъуэпскIыр, щыблэр щыуэр зэзэмызэщ. УафэхъуэпскIым хэт къарур къэплъытэмэ, апхуэдизкIэ куэдщи, абы электричествэкIэ илъэс псокIэ игъэнщIыфынут цIыху мелуани 10 хуэдиз зыщыпсэу щIыпIэ. УафэхъуэпскIыр къызэраубыд, абы и къарур къызэрагъэсэбэп Iэмали къагупсысащ. Ауэ ар къэбгъэсэбэпыным зэран хуохъу апхуэдиз къару егъэлеяр мащIэ-мащIэу мыхъуу, псори зэуэ аккумуляторым ибубыдэ зэрымыхъур.

1998 гъэм Африкэм футбол губгъуэм щыблэр къыщеухри, гъунэгъуу щыта командэ псо иукIауэ щытащ. Америкэм щыщ зауэлI, майор Самерфорд щэнейрэ щыблэ къытехуащ. Ещанэм и узыншагъэм сэкъатышхуэ игъуэтри, зэрылIыкIари аращ. Майорыр щIалъхьа нэужьи, и кхъащхьэм шыблэшхуэ щыуэри, и сыныр зэпкъриудащ. Америкэм щыщ Салливан Рой Гиннессым и тхылъым иратхащ, нэхъыбэ дыдэрэ щыблэ зэуа цIыхуу. Блэнейрэ щыблэ къытехуащ икIи къелащ. ЗэхагъэкIыфакъым абы щыблэр апхуэдизу щIыхуэлъэр. КъызэрахутамкIэ, щыблэ зытехуэ цIыхухэм я процент 75-р абы къол.

Нэхъыбэ дыдэрэ щыблэр щоуэ Аргентинэм. Нэхъ мащIэ дыдэрэ - Мысырым - илъэсищэм къриубыдэу зыбжанэрэ къэхъуми аращ. Венесуэлэм щыIэщ щыблэр егъэлеяуэ зыхуэлъэ щIыпIэ. Кататумбэ псыр Маракайбэ гуэлым щыхэлъэдэжым деж уафэр щохъуэпскI, щыблэр щоуэ зэпымыууэ махуэ 70 - 200-кIэ. Кататумбэ деж щыблэ зэрыщыуэр къэплъэгъуфынущ абы километр 400-кIэ упэжыжьэу.

Щыблэм щIэлъ къарур апхуэдизу къызэрымыкIуэщи, вольт мелуан пщIы бжыгъэхэм щегъэжьауэ зы мелардым носыф. Щыблэ нэхъ кIыхь дыдэ щыуауэ щытащ США-м и Оклахомэ штатым. Абы и кIыхьагът километр 321-рэ. ЩIым къэса нэужь, щыблэм идз токыр ампер 10 000-м щегъэжьауэ мелуан 0,5-м нэблагъэу щытыфынущ. Щыблэр къызэрыхъуэпскIыр зы медан е медан ныкъуэ хуэдизынущ. Ауэ нэхъыбэ щыхъуи щыIэщ. Альпхэм деж щыблэр щыуэри уафэхъуэпскIым зыщиIыгъауэ щытащ медани 7, 74-кIэ. Апхуэдэ къыщыхъуар а зэращ. Уафэр щыхъуэпскIым и деж хьэуар къоплъ градус 1200 - 1500-кIэ, ауэ щIэх дыдэуи мэупщIыIуж. Хыхэмрэ тенджызхэмрэ ящхьэщыту щыблэр щыуэм деж нэхъ къаруушхуэ щIэлъщ, щIым деж нэхърэ.

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.