IT-IЭНАТIЭМ ТЕУХУАУЭ ЩIЭНIУАТЭ

Налшык къалэм дэт НыбжьыщIэхэм я театрым «Зэрыдунейуэ IT-щ» зи фIэщыгъэ урысейпсо щIэнIуатэр иджыблагъэ щекIуэкIащ.
Абы хэтащ КъБР-м бжыгъэрылъанэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Ащхъуэт Ислъам, КъБР-м Егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрытхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ щыхагъахъуэ центрым бжыгъэм тещIыхьа дерсхэмкIэ и къудамэм и унафэщI БжыкIший Анзор, IT-IэнатIэхэмрэ щIэныгъэхэмрэ дихьэх щIалэгъуалэр, курыт еджапIэм щIэс ныбжьыщIэхэр, информатикэр езыгъэджхэр.
Сыхьэтитхум щIигъукIэ екIуэкIа щIэнIуатэр теухуат IT-IэнатIэм къызэщIиубыдэ унэтIыныгъэхэр егъэфIэкIуа зэрыхъуну Iэмалхэм, абы тещIыхьа къэрал пэхуэщIэхэр гъэзэщIэнымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм. Абы къищынэмыщIауэ, къызэгъэпэщакIуэхэм IT-IэнатIэм хэзыгъэгъуазэ, абы и щхьэхуэныгъэхэр зэпкърызых псалъэмакъхэр ирагъэкIуэкIащ, информацием пыщIа технологием зезыпхыну хущIэкъухэм яIэн хуей есэныгъэхэм я гугъу ящIащ, къахь лэжьапщIэм тепсэлъыхьащ, гъащIэм щиубыд увыпIэмрэ жылагъуэм и зыужьыныгъэм ехьэлIауэ IэнатIэм яIэ мыхьэнэмрэ я гугъу ящIащ.
Ди щIыналъэм иужьрей лъэхъэнэм щIэгъэхуэбжьауэ IT-IэнатIэхэм зыщаужь, абыхэм хуэгъэза дерсхэр къыщызэрагъэпэщ. «IT-IэнатIэмрэ IэщIагъэлIхэм я зыужьыныгъэмрэ» пэхуэщIэр «Урысейм и бжыгъэрылъанэ зыужьыныгъэ» къэрал программэм щыщ зы Iыхьэщ. ПэхуэщIэм къызэригъэувымкIэ, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щIэс ныбжьыщIэхэм къыщегъэжьауэ къэралым щыпсэу дэтхэнэми нэсыжу иджырей дунейр зыхуэкIуа, бжыгъэр и лъабжьэу къэунэхуа IэщIагъэхэм щыгъуазэ зыщыхуащI щIыпIэхэр къахузэгъэпэщын, а Iэмалым цIыхубэр къызэщIигъэхьэу щытын хуейщ. Абы хуэунэтIа зы лэжьыгъэщ щIэнIуатэри.
БжыкIший Анзор зэрыжиIамкIэ, нэгъабэ къыхалъхьауэ щыта «КъэкIуэну лъэхъэнэхэм я IункIыбзэIухыр» зи фIэщыгъэ жэрдэмым ипкъ иткIэ 8 – II-нэ классхэм щеджэ ныбжьыщIэхэм ящыщу цIыху I976-м абы хэтыну гукъыдэж ящIри тхылъ къатащ. Абыхэм ящыщу цIыху 935-р гъэунэхуныгъэхэм пхыкIауэ щытащ икIи абы хэхауэ хузэхалъхьа зэрырагъаджэ программэхэм тету щIэныгъэ зрагъэгъуэт.
«ГукъэкI ящIу утыку къралъхьа Iуэхугъуэр гъащIэм хэзыпщэну гукъыдэж зыщIа IуэхущIапIэ 2I-м яхэтщ КъБКъУ-р. ЕджапIэ нэхъыщхьэм пщэрылъ зыщищIыжа IуэхугъуэмкIэ 8 – II-нэ классхэм щIэсхэм папщIэ иджырей программэхэр зэрылажьэ бзэхэм щыхурагъаджэ илъэситI курсхэр зэхешэ. ЕджакIуэхэм я дежкIэ ар щIэныгъэ гуэдзэ хъуну аращ къызэралъытэр. КъБКъУ-м и лэжьакIуэхэм зэхагъэува программэ лIэужьыгъуитIымкIэ щIэныгъэ гуэдзэ зрагъэгъуэтыну хуейуэ «Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» интернет утыкум цIыху минитIым нэблагъэм зыкъыщагъэлъэгъуащ. Къыхалъхьа гъэунэхуныгъэхэм пхыкIахэр программитIым тету йоджэ. Зы программэр алгоритмхэмрэ программэ зэхэгъэувэнымрэ ехьэлIащ, адрейр – зэхэгъэува программэхэм я зэфIэкIхэр къэхутэным теухуащ. Япэрей программэр щIэныгъэ гуэдзэ зэзыгъэгъуэтыну хуейуэ япэ лъэбакъуэ зычхэм яхуэгъэзащ, етIуанэр – нэхъ гъэкууащ, къызэщIиубылэ IуэхугъуэхэмкIэ нэхъ убгъуащ. «Бжыгъэрылъанэ экономикэ» къэралпсо программэм тету лажьэ курсхэм я фIыгъэкIэ ныбжьыщIэхэм программэхэр зэхагъэувэфу зрагъэсэнущ, къыхахыну зыхуей IэщIагъэмкIи тегушхуэныгъэ ягъуэтынущ», – жиIащ БжыкIший Анзор.
Ащхъуэт Ислъам къызэрыхигъэщамкIэ, 2022 гъэм ирагъэкIуэкIа пэIудза дерсхэм Урысейм и щIыналъэхэм ящыщу цIыху мини I00-м сабий зэчиифIэхэр хыхьауэ щытащ, дызэрыт илъэсым курсхэм 8 – II-нэ классхэм щеджэу ныбжьыщIэ мини I40-кIэ мынэхъ мащIэ къыхыхьэну къалъытэ къызэгъэпэщакIуэхэм. «Дэ Iэмал хъарзынэхэр диIэщ бжыгъэр зи тегъэщIапIэ технологиехэм ди цIыхухэр щыгъуазэ яхуэтщIыну, къызэдгъэпэща курсхэм нэхъри зедгъэубгъуну. Дызытет дунейм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр цIыхубэм иджыри нэсу къагурымыIуэнкIэ мэхъу, ауэ сыт хуэдэ щIэми далэ хуейщи, ар ауэ сытми блэдмыгъэкIыу щIэныгъэ къэкIуапIэ тщIымэ, ди мурадхэри нэхъ псынщIэу зэщIа хъунщ, дызыхущIэкъухэри нэхъ къыдэхъулIэнщ. Псори зэлъытар абы зэрызиубгъуну щIыкIэращ. НыбжьыщIэр абы дихьэхмэ, езым и ныбжьэгъу-лъэгуажьэгъухэри къыхишэурэ екIуэкIынущ. Курыт еджапIэхэм щIэс ныбжьыщIэхэм къищынэмыщIауэ, программэ зэхэгъэувэкIэм мащIэу щыгъуазэ дэтхэнэ цIыхури Iуэхум къепшалIэ хъунущ».
Министрыр зытепсэлъыхьа Iуэхугъуэхэм ехьэлIауэ щIэнIуатэм хэтхэм упщIэ куэд къатащ. Псори къызэщIэпкъуэжмэ, ахэр гупитIу бгуэш хъунущ. IT-IэнатIэхэм къэралым грант е мылъку хухихынрэ хухимыхынрэ наIуэ къэзыщIыну хэтт япэ упщIэ гупыр. ЕтIуанэ упщIэ гупми IT-IэщIагъэхэр къэралым гулъытэ хэха зыхуищIхэм ящыщрэ ящымыщрэ зэхигъэкIырт.
«Зыми шэч къытрихьэжу къыщIэкIынкъым къэкIуэну лъэхъэнэхэм бжыгъэм, интеллект IэрыщIым, IT-IэнатIэхэм я пщIэм хэхъуэурэ зэрыкIуэнум. Дэри а щытыкIэм зыкъыкIэрыдмыгъэхуэну дыхэтщ. Дызэрыт илъэсым грант зэхьэзэхуэу щы къыхэтлъхьэну иужь дитщ, зэрекIуэкIыну щIыкIэр дубзыхун хуейуэ аращ. Щыри зытеухуар апхуэдизу дызытепсэлъыхь технологие лIэужьыгъуэхэмкIэ щIалэгъуалэ нэхъыбэ къыдэхьэхынырщ, абы хуэгъэза есэныгъэхэмрэ щIэныгъэмрэ щызрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм къешэлIэнырщ. Псори зэгъусэу а жэрдэмым сом мин 500-м нэблагъэ тедгъэкIуэдэну ди мурадщ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и къэпсэлъэныгъэхэм мызэ-мытIэу къыщыхигъэщащ щIыналъэм IT-IэнатIэхэм щагъуэт гулъытэм хэхъуэ зэпыту зэрекIуэкIыр. Абы къыхигъэщауэ щыта унэтIыныгъищым IT-IэщIагъэхэр яхэтщ. Арыххэуи, си фIэщу жысIэфынущ лъэхъэнэм къигъэув Iуэхугъуэхэр унафэщIхэм зэхащIыкIыу зэрыщытыр икIи зэрыдаIыгъыр», – жиIащ Ащхъуэт Ислъам.
Апхуэдэу министрым и гугъу ищIащ «КъэкIуэну лъэхъэнэхэм я IункIыбзэIух» зи фIэщыгъэ пэхуэщIэм сабийхэр мы Iуэхум къыхэша хъунымкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр, абы текIуэдэну мылъкур къэралым езым и пщэм зэрыдилъхьэжыр. «Мыбы и мыхьэнэр къызэрымыкIуэу инщ, пэхуэщIэр нэсу зэщIа, абы епха Iуэхугъуэхэр зыхуей хуэзэу къызэгъэпэща хъун папщIэ. Дэ дыщогугъ «КъэкIуэну лъэхъэнэхэм я IункIыбзэIухыр» ди щIыналъэм IT-IэнатIэхэм зыщаужьынымкIэ щхьэпэ хъуну, дяпэкIэ дунейр зыхуэныкъуэну IэщIагъэхэмкIи есэныгъэхэм зыщригъэубгъуну», – жиIащ Ащхъуэтым.
КъызэгъэпэщакIуэхэм щIэнIуатэр псалъэмакъ къудейм къыщымыувыIэу, щIалэгъуалэм гукъинэж ящыхъун джэгукIэхэри къыхалъхьэурэ екIуэкIащ. Апхуэдэу къыхалъхьэ упщIэхэм я жэуап пэжыр къэзытхэм тыгъэхэр иратурэ зэхьэзэхуэ зэмылIэужьгъуэхэр щIэнIуатэм хэтащ.
Зэрытлъагъущи, дунейм псынщIэу зехъуэж, абы къыдэкIуэуи зэуэ зи купщIэр къэдмыубыдыф IэщIагъэхэри къыдоунэху. Зэман къэс езым и нэщэнэ иIэжщи, гъащIэм къыхыхьэ IэщIагъэщIэхэм цIыхум и тыншыгъуэ къыхэкIыну дыщогугъ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.