МЭЗЫМ ДЫЗЭРЫНЭСАР

Си цIыкIущхьэу зэрызысцIыхуж лъандэрэ мэзхэм, къуршхэм сыдахьэх. АтIэми, сызыIэпамышэнкIэ Iэмал яIакъым сыкъыщыхъуа Лэскэн ЕтIуанэ къуажэр къызыдэунэхукI тIуащIэ лъагъугъуафIэм и лъэныкъуитIымкIи ди анэм и дыщ Хьэтуей жылэу куэдрэ дыздишэжым ипщэ лъэныкъуэмкIэ къыщыхуеплъых джабащхьэ зэпыгъэщхьэхукIахэмрэ зыуфэбгъуа щхъуантIагъэм.

 
КъыжытIам дэщIыдгъужу къыхэдгъэщынщи, ахэр зэрызэхэухуэна жыгхэмрэ къуацэхэмрэ, гъэм и зэблэкIыгъуэм елъытауэ, плъыфэ зэмылIэужьыгъуэкIэ зэрызраIэри, дыгъэр зэрыкъухьэжу «гукъэкIыж IэфIхэм» зэщIагъэдымэ гуэрэныбэхэм, гъунэгъубзэ зыкъыпхуащI фIэкIа умыщIэну, загъэщхъыщхърэ зыкъыпхуагъэщхъыу зыкъызэрыпщагъэхъуфри, куэд я нэгу зэрыщIэкIам уезыгъэгупсыс уардагъэ зэрадэплъагъури умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал зимыIэу уи нэгу къызэрыщIэувэр нэри пэри дэзыхьэхырт. 
Хэт ищIэрэ арагъэнкIэри мэхъу, Iэгъуэблагъэм къыщыщIэдзауэ зи гъунапкъэр къурш дурэшхэм дэкIуадэ, жэщ-махуэм и кIыхьагъкIэ псысэм къыхэунэхукIыу хэкIуэсэж мэзхэм сазэрыпэгъунэгъур псэкIэ зыхэсщIэрэ, дахагъэ мыухыжым сызэрыщымыщIэм си гур ин ищIу сыкъыщIэхъуар. 
Ауэрэ, балигъыпIи сиувауэ, университетри къэзухауэ, дзэм сраджэу къэзгъэзэжа иужь, зэкъуэшитIыр анэм дыкъытригъэхьэри, Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм (Анзорей ЦIыкIу, Анзор Аслъэмырзэ и жылэм) дэта ди лъапсэр дигъэщэжауэ щытащ. Абы иужькIэ дыщалъхуа къуажэм дыдыхьэжыныр, зэрыгурыIуэгъуэщи, нэхъ кIащхъэ тщIын хуей хъуат. А Iуэхугъуэми къуакIэ-бгыкIэхэм кIуэныр хэсщIыкIыу игъэмэщIат. АрщхьэкIэ, мэзхэм сызыIэпашэн, «сыщIыхьарэт, къыщызущыхьарэт» яхужысIэн абы щхьэкIэ къэзгъэнатэкъым. 
АтIэми, дышколакIуэрэ дыщIалэ цIынэу дыщыщытахэм къыщыщIэдзауэ зэкъуэшитIыр дыщыгъуазэт Талъостэнейм (тхыдэ мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ, апхуэдэу еджэрт Къэбэрдейм къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щиIа и щIыналъэхэм ящыщ зым) и мэзылъэ бгыхэм тIэкIу нэхъ пэIэщIэ дахуэхъуами, республикэм и нэгъуэщI щIыпIэхэми гъунэгъу хэгъэгухэми лъэр щыщIэдгъэкIыфын мэз гуэрэнхэм дазэрыщрихьэлIэфынум.
Ауэ щыхъукIи, Лэскэн псыхъуэм дыкъыдэIэпхъукIа щхьэкIэ, псэупIэ тхуэхъуа Налшык къалэ ипщэ лъэныкъуэмкIэ нал щIыкIэу зыкъыхуэзыший шытх зэдекIуэкIри мэзхэм зэрауфэбгъуар дэ, зэкъуэшитIым дежкIи, хэкIыпIэфIу къыщIэкIащ… 
АдэкIэ къызэрекIуэкIар аращи, республикэм и къалащхьэм ипщэ-къуэкIыпIэмкIэ зыкъыхущIэзыIэтэ мэзылъэ шытх екIуэкIыр «къущхьэ зэIухуэпхъ» зыхуэхъуж къуэкIий зэмылIэужьыгъуэу ищхъэрэкIэ езыгъэзыххэми ахэр зэпызыгъэщхьэхукI джабэ нэкIухэми си закъуэуи си ныбжьэгъу-си къуэшхэр си гъусэуи Iэджэрэ дыкъыщыщIидзащ, зэзэмызи нэху дыкъыщекIащ, апхуэдизу а щIы кIапэхэми «яжь» зыщIедгъэхуныр тфIэфI хъуати. 
АрщхьэкIэ, Налшык и Iэгъуэблагъэр властым емызэгъхэм тIысыпIэ ящIа хуэдэу зэрытрагъэIукIар щхьэусыгъуэ тхуохъури, а лъэныкъуэмкIэ щыIэ жыг гуэрэныбэхэм дахэмыхьэу илъэс бжыгъэ догъакIуэ. 

Илъэс куэд дэкIами 
Иджы мис, бжьыхьэку мазэрэ махуэ дахэшхуэу, дыгъэпс щабэрэ гуакIуэу къытхуегуэпэкIыр зытепсэ дуней зэщIэпщIыпщIэм дыдимыхьэхыныр Iэмал зимыIэти, зэныбжьэгъуитIыр гъуэгу дытохьэ. «Хэту пIэрэ а уи ныбжьэгъур?» жыфIэрэ фыкъызэупщIэмэ, ар Къэбэрдей Шууей Хасэм и Къулъкъужын къудамэм хэт, мэзри бгыри фIыщэу зылъагъу, нэхъыжьыфI Бабыгуей Сосрыкъуэщ (Мухьэмэд). 
Мы щIалэр пIалъэ-пIалъэкIэрэ нысхуоблагъэ Налшык къалэ и «Брамтэ» хьэблэм километрищкIэ пэIэщIэ мэз лъапэм къедза щIыпIэм щызиIэ лъапсэм. Абы и фIэфIщ, къызэрыушу, си унапIэм и хадапхэмкIэ зыкъыщызэкъуэзых губгъуэ кIыхьыжьым ихьэу, шыхэми цIыхухэми щыпхаша лъагъуэхэм ирикIуэн. ЖыпIэнур арамэ, сэри сыдехьэх апхуэдэ нэгузыужьыкIэм, сыщизакъуэхэм деж хуэщхьэхынэ нэхъ сыхуэхъуми...

Гъуэгум и пэщIэдзэм
Бжьыхьэку мазэм и щIэрэщIэгъуэрэ Бабыгуейри си деж щыIэу, нэхутхьэхурэ дызыIэпызышэу къытхущIэкIа пщэдджыжь гъуэжьыфэ-дыщафэм дэ тIур губгъуэ Iэхуитлъэхуитым дызэдихьащ, лъапсэу зи гугъу сщIам и хадапхэмкIэ дызэдикIри. 
Дыгъэм и зыкъэIэтыгъуэм иредгъэхьэлIами, ди къэкIухьыкIэм псынщIагъэ ин къыщыдгъэлъэгъуауэ схужыIэнукъым. ИтIани, абы щхьэкIи къэдмыгъанэу, а пщэдджыжьым (иужьым къызэрызгурыIуэжамкIэ) куэд зэщIэдгъэхьащ. Лъапсэм пэIэщIэ дызэрыхуэхъуу, зэрабгынэжрэ куэд щIа пхъэщхьэмыщхьэ хадэшхуэм и кум хуэзэу дэзыгъэзей гъуэгум дытехьащ. Мыбдежым жыг гъэкIыным пыщIахэм совет лъэхъэнэм лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIыу щытащ. 
Псалъэм къыдэкIуэу къыхэзгъэщынщи, си щхьэкIэ зэгуэр слъэгъугъат лъагапIэм пхъэщхьэмыщхьэ къыщезыхьэлIэжу тета лэжьакIуэхэри, жыгхъумэ унэ цIыкIум деж щызэхыхьа цIыхухэри, сатыр зэхуакухэм къыдэкI-дыхьэжу къыщызыжыхьа тракторхэри. 
ТпэIэщIэ хъуа а зэман ми, си ныбжьэгъу-си благъэхэм ящыщ гуэрхэр си гъусэу, а щIыпIэм зыщытплъыхь-къыщыткIухь къудейуэ арат.

Нартанэ бгыр къэлъагъуэу
Бабыгуеймрэ сэрэ мэз Iувыжьым дыщынэсым, зэрыхъуар къыдгурымыIуэжу, жыг гуэрэныбэм дыхыхьащ, дыхэзыша гъуэгуми, зэдгъэщIэгъуэкIыжрэ дригуфIэжу, зэман пыухыкIа гуэркIэ дрикIуащ. 
Мэзылъэ шытхым ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ егъэзыха и джабэ нэкIухэр нэхъ сэтейщ, уэшхыпс зэжэх къуэбэкъу цIыкIу IэджэхэмкIэ зэхэгъэщхьэхукIыжауэ. ХуэищхъэрэIуэкIэ мэзыр еухри, егъэзыхыгъуэ тафэм щIедзэ. 
Ямылейуэ зыгуэр щыдгъэхъауэ аракъым дэ а зекIуэм. ДэркIэ нэхъыщхьэу къыщIедгъэдзыжари лъэсырыкIуэр гуикъинэж тщызыгъэхъуари зэныбжьэгъуитIыр щIыуэпсым, щыдгъэкIуа зэманым дыщымысхьу, зэщхьу дызэрызыIэпишарщ, апхуэдэ нэгузегъэужьыкIэр къызэрыгуэкI гуэру къызыщыхъун щыIэ пэтми. 
Налшык къалэ ипщэ лъэныкъуэмкIэ гъунэгъу дыдэу къыщыбгъэдохьэ метр 800 - 1000-м нэблагъэ зи лъагагъ Мэзылъэ шытхыр. Ар зэрызэхэт Iуащхьэхэм ящыщу мыбдежым щынэхъ лъагэ дыдэр къалэм километри 5-кIэ пэIэщIэ Нартанэ бгырщ. Мыр иужьрей зэманым, туристхэм къинэмыщIа, лъэсу къэзыкIухьын зыфIэфIхэми хуабжьу къагъэунэхуа лъагапIэщ. Абы и щыгум удэзышу иужьрей илъэсхэм ягъэпса дэкIуеипIэхэм я бжыгъэр, дызэрыщыгъуазэщи, миным нэгъэблъэгъащ. 
Бгым и джабэ нэкIухэр, къедзахэми хуэдэу, тхьэмпабэ жыгхэу тхуейм (граб), кIейм (ясень), пхъэщабэм (осина), жыгейм (дуб), бзиихум (липа), дей цIыкIум (лещина), нэгъуэщIхэми щIагъэнащ. 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.