ТэнэиситIым я хъыбар

Псы Iуфэм щыпсэууэ щыта пасэрей адыгэхэм сытым дежи къэралыгъуэ яIащ. Абыхэм къалэ щIэращIэхэр яу­хуэрт, сату Iуэхушхуэхэм зэры­хэ­тым­кIэ дуней псом къыщацIыхурт. Тхы­-дэм къыхэна щIэныгъэр щыхьэт зы­техъуэ адыгэ къалэхэм ящыщщ Тэнэисыр (Танаис), алыдж зэрып­хъуакIуэхэм я дамэ щIагъэувауэ щы­-та мэуэт къалэр. Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 100 - ди лъэхъэнэм и 300 гъэхэм щыIа къалэр тIэунейрэ зэхакъутэурэ яухуэжащ. ЛIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ къалъыхъуа Тэнэис и щэхухэм ящыщ зыуэ аращ ар щIызэтракъутам и щхьэусыгъуэр! 

Тхыдэтх, географ Страбон и тхыгъэхэм щытопсэлъыхь а къалэм, алыдж­хэм зэрызэхакъутар къыхигъэщу. Ауэ абы щхьэусыгъуэ хуэхъуам и ­гугъу ищIыркъым, ди жагъуэ зэрыхъунщи. ИужьыIуэкIэ къызэрахутамкIэ, псы Iуфэм Iуса къалэхэм я нэхъ лъэрызехьэ дыдэхэм ящыщу, сатущIапIэ лъэщу ­щытащ Тэнэисыр, Мэуэтейм и къалэ телъыджэр. 
Япэ дыдэу а къалэм и лъэужь теувар урыс археологием и лъабжьэр зыгъэтIылъа Стемпковский Иванрэ Дюбрюкс (Поль) Павелрэщ. Стемпковскэр Париж кIуэуэ, Страбон и «География» тхылъ 17-р щIиджыкIа нэужь, къыгу­рыIуат Тэн псыр Iузэвым щыхыхьэжым деж пасэрей Тэнэисыр зэрыщытар. Ауэ академикыр Iузэв и кавказ Iуфэм къэсу псори и нэкIэ зригъэлъэгъуа нэужь, къыгурыIуащ илъэс мини 2-м къриу­быдэу псы Iуфэм зэрызихъуэжар: па­сэрей къалэжьхэр е псым щIилъэфат, е илъэсат, е псыр къеуэурэ зэтрикъутэри, мывэ къутахуэу зэхэщэщэжат. Абы хуигъэфэщащ Тэнэисыр Тэн псым и сэмэгурабгъум тесауэ, ауэ зы щы­хьэти къы­хуэгъуэтакъым. Апхуэдэу щыхъум, ТаганрогкIэ екIуэкIри, щIэупщIащ. Абдежи IуэрыIуатэм къыщыхэщтэкъым а щIыпIэм зэгуэр къалэр щыIэх­хауэ. 
Стемпковскэр цIыху ерыщт, къынтIэсынтIэти, зыгуэр къимыгъуэту кIуэ­жынутэкъым. Арати, егупсысу щIи­дзащ: Iузэв и Iэхэлъахэр пшахъуэщIщ, укIуэцIрощэт, абы Тэнэисыр щIэ­тIы­сы­кIауэ къыщIэкIынущи, умылъыхъуэх­хэми ­хъунущ. Абы пасэрейхэр щы­гъуазэу щытамэ, мыхъейуэ щIы быдэ гуэрым тращIыхьагъэнущ къалэр…        Недвиговкэ къуажэм «мыхъей» псалъэр и лъабжьэ щыхъуакIэ, аращ щIы быдэу щытари, Тэнэис щылъыхъуэн ­хуейри. Пэжу, ­къуажэм километр зыбжанэкIэ пэ­жы­жьэу Иван къигъуэтат ­быдапIэ блынхэр, хьэкхъуафэ дэтIы­кIахэр, алыдж хьэкъущыкъу къутахуэхэр, ахъшэ ­жьгъейхэр. 
Стемпковский а къэхутэныгъэр и кIэм нигъэсакъым, апхуэдизу зыщIэбэгыу щыта къалэри къитэщIыжакъым, куэд дэмыкIыу дунейм зэрехыжам къы­хэ­кIыу. 
Абы лъандэрэ илъэс 30 дэкIыжауэ, Николай Езанэ пащтыхьым Ростов областым и щIыр къэзакъхэм ятригуэшэн щIидзащ. Абы и министру щыта Пе­ровский Лев идакъым пасэрей Тэнэи­-сыр здэщытауэ зыхуагъэфащэ щIым лей зэрырахыр. «Къэзакъхэм епта щIым археологиемкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ар абыхэм зэхатIыхьынущ, хъугъуэфIы­гъуэу къыщIахыр зыкIэщIаупщIэнущ, быдапIэ къагъуэтыжам и блынхэр зэха­къутэнурэ, унэ, псэуалъэ щащIкIэ къагъэсэбэпынущ. И чэзу къэсауэ къыс­щохъу Тэнэи­сыр къэттэщIыжыным!», - жиIэри, пащтыхьым хуитхат абы. Пасэрей къалэжьхэм къащIэныжа ­хъугъуэфIыгъуэхэм хуэнэпсей пащты­хьыр арэзы хъури, илъэс 30 фIэкIа ­мыхъу профессор Леонтьев Павел уна­фэщIу яхэту, археолог гуп къиутIыпщащ, Тэнэис къагъуэтыжыну къалэн ­къащищIри. 
ЩIэныгъэлI жыIэдаIуэр къэсри, зан­щIэу еувэлIащ Iуэхум. Ауэ и кIэн къикIакъым… Тэнэис здэщыта щIыпIэм и Iэхэ­лъахэм ит мэуэт, щэрмэт Iуащхьэхэр куэд щIауэ зэхадыгъуауэ, уасэ зиIэ гуэри щIэмылъыжу къыщIэкIащ. Ауэ щы­хъум, пащтыхьым и ней къыщыхуэнкIэ шынэри, Леонтьевым лэжьакIуэхэм я зэхуэдитIым Недвиговкэ жылэ цIыкIум и лъабжьэр щIатIыкIыну унафэ яхуи­щIащ. Абы быдэу и фIэщ хъурт иджыри илъэс 35-рэ и пэкIэ Стемпковскэм жиIауэ щытар - а къуажэм и лъабжьэм Тэнэис зэрыщIэлъыр. 
Пэжу, Недвиговкэ къуажэм и лъабжьэм къалэжь къыщагъуэтыжащ абы щыгъуэ, ауэ ар мыхьэнэншэт, къызэрыгуэкIт, блынхэр Iушэт, лъахъшэт, хьэкъу­щыкъухэр а лъэхъэнэм щыIэн хуеяхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ фейцейт. Къыпщыхъурт абы щыпсэуа цIыхухэр жьэгум пэрысу къекIуэкIауэ, унэ зэращI къудей ямыщIэу. Леонтьевым и гукъыдэжыр зэуэ къехуэхащ, абы и фIэщ ищIыну ­хуейтэкъым пасэрей Тэнэисыр апхуэдэ дыдэу тхьэмыщкIэу, мыфэмыцу, хуэ­мыщIауэ щытауэ. «Страбон зэритхамкIэ, ди лъэхъэнэм и 100 гъэхэм и кIэм ирихьэлIэу Тэнэисыр зэтезыкъутар бос­порыпщ Полемонщ. Мы къыщIэттIыкIыжар абы куэд дыдэкIэ къыщхьэщокI, уеблэмэ алыджхэм Iэпэ хуамыхьам хуэдэу, нэгъуэщI культурэщ зыщIар. Мыр Тэнэискъым!», - итхыжауэ щытащ щIэныгъэлIым. 
Леонтьевым къэлыбауэ апхуэдэу итха щхьэкIэ, мыгувэу гупым мрамор блын зыбжанэ къыщIагъэщащ, тхыгъэ гуэрхэр тедзауэ. Абдежым Павел и фIэщ ищIын хуей хъуащ, минрэ игу иримыхьми, Недвиговкэ и лъабжьэм щIэлъыр зэры-Тэнэисыр. Мрамор блыным тетым тепщIыхьмэ, ар япэрей Тэнэисыр зэт­ракъута нэужь, Къуэтий Ещанэм и хьэмтетыгъуэм яухуэжа Тэнэис етIуанэрт. ­Леонтьевыр теужащ. Страбон зи гугъу ищI Тэнэисыр нэгъуэщI щIыпIэт зы­щIэлъыр, икIи щыIэт, етIуанэр къыщагъуэтакIэ. ЩIэныгъэлIым пасэрей тхыгъэжьхэр къиIэтыжри, набдзэгуб­дза­плъэу щIиджыкIащ, щIэныгъэу бгъэ­дэлъыр зэригъэзэхуэжри, алъандэрэ зы цIыхум игу къэмыкIа Зэшитху Iуащ­хьэхэмкIэ еплъэкIащ. Абы къызэрибжамкIэ, абыхэм я лъабжьэм щIэлът пасэрей Тэнэисыр. Ауэ щыхъум, Нед­виговкэ деж Леонтьевым къыщIитIы­кIыжа къалэм Тэнэис цIыкIу фIащащ, икIи 1867 гъэм Пащтыхь Археолог комиссэм лэжьыгъэшхуэхэр зэхиублащ Тэнэисышхуэр Зэшитхум я лъабжьэм къыщIэхыжынымкIэ. 
Мызыгъуэгум лэжьакIуэ гупым унафэщIу яхэтыр фон Тизенгаузен Владимир баронырт. Недвиговкэ и Iэхэлъахэм къыщигъуэтыжа Iэмэпсымэ, хьэп­шып къызэрыгуэкIхэмкIэ мыарэзыуэ, Анапэ и Iэхэлъахэм ит Зэшибл Iуащ­хьэхэри зэхитIыхьащ абы. Мис а Iуащ­хьэхэм я лъабжьэм бароным къы­щы­щIихат дыщэ хьэкъущыкъухэмрэ Iэмэ­псымэхэмрэ. Ауэ абы теухуауэ зы псалъи къыхигъэщакъым иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр зритхэ тхылъым. Бароным пащтыхьыр къигъэщIэхъуащ, къыIэры­хьа къулеигъэхэр къищтэри, зигъэбзэхыжащ, щIэныгъэм зыгуэркIэ сэбэп хуэхъун зы псалъи къызэримынэкIыу. 
ЩIы лъабжьэм щIэбэмпIыхь къалэжьыр езыр-езыру нэхумкIэ къеIэу къыщIэкIащ: Ростов - Таганрог гъущI ­гъуэгур щытралъхьэм щыгъуэ лэжьа­кIуэхэм зэрымыщIэкIэ къагъуэтыжащ ар. «Донские новости» газетым 1869 гъэм къытехуащ е АзовкIэ, е ДонкIэ кIуэуэ щIэкIыпIэ гуэрхэр щIым щIэлъу къызэратIэщIам теухуа тхыгъэ. ЗэрыжаIэмкIэ, абдеж къыщIахыжат дыщэ хьэпшыпхэмрэ ахъшэ жьгъей бжыгъэншэхэмрэ. 
1870 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс   50-кIэ археологхэм мызэ-мытIэу ягъэзэжащ а щIыпIэм, Тэнэисыр къагъуэ­тыжыну пабгъэу. А зэманым къриубыдэу Недвиговкэ жылэшхуэу тIысыжащ, унагъуэщIэхэр къахэтIысхьэм, унэщIэхэр дащIыхьурэ. ИкIи археолог­хэм къатIэщIаIами, цIыхухэм зэхады­гъуащ, щIым къыщIахыж мывэхэмкIэ псэуалъэхэр зэтралъхьащ. 
1950 гъэхэм совет археологхэм щIэ­рыщIэу ятхыжащ Тэнэис и экономикэ, политикэ, щэнхабзэ тхыдэр…
АтIэ, къызэрахутамкIэ, Тэнэисыр бос­порыпщ Полемон зэхикъутат. И щхьэу­сыгъуэр къахуэщIакъым, ауэ ар  ­хьэкъщ. Къалэм зэмыпычу боспорыпщым тын иритырт, Пантикопейми гужьгъэжь лъэпкъ къыхуимыIэу къэгъуэгурыкIуэрт. Арати, зэшэзэпIэу, пщым и къалэхэм ящыщ зыр зэтрикъутэну мурад ищIащ. Апхуэдэ гуэр къыхощыж урыс тхыдэ­ми - Иуан Ябгэм Новгородыр 1570 гъэм зэригъэсыжар, псалъэм папщIэ. Урыс пащтыхьым апхуэдэу щIищам и щхьэусыгъуэр тхыдэм дахэ дыдэу къретхэкI, ауэ Полемон Тэнэисыр щхьэ ­игъэсын хуей хъуа?
Полемон пащтыхьыгъуэм хуэзышар урымхэрщ. Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 14 - 8 гъэхэм къриубыдэу хьэмтетыгъуэр зезыхьа пщыжьым пэщIэувэу, тын ирамытыну, щхьэхуэу псэуну хуейуэ мурад зыщIа, Тэнэис дэса лъэпкъым зыкъи­Iэтати, абы щхьэкIэ къалэр зэтракъу­тауэ хуагъэфащэ тхыдэджхэм. 
А лъэхъэнэм Мэуэтейм щыпсэуа лъэпкъыр наIуэщ - адыгэхэр къызы­техъукIыжа мэуэтхэр, ахэр ерыщу, лъы пщтыру, хахуэу зэрыщытари ящIэж. Арагъэнущ зытекIуэдэжари - боспо­рыпщым и дамэм къыщIэкIыну хуейуэ ныкъуэкъуэн зэрыщIадзар.
Тэнэис лъыхъуа щIэныгъэлIхэм адыгэбзэ ящIэу щытамэ, апхуэдиз илъэскIэ лъыхъуэну къыщIэкIынтэкъым къалэм. Сыту жыпIэмэ, Тэнэис щыпсэуа лъэпкъым и бзэмкIэ фIищыжат а фIэщыгъэцIэр, умылъыхъуэми, къызэ­рыбгурыIуэнкIэ наIуэу: Тэнэис - Тэн и Iэхэлъахэм ис.
Фырэ  Анфисэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.