ТЕКIУАХЭР ЯГЪЭГУШХУЭ

Хабзэ зэрыхъуауэ, мэ­лы­жьыхьым и 30-м ягъэлъапIэ Урысейм МафIэсым пэщIэ­ты­нымкIэ и IуэхущIапIэм и махуэр. Ар къызэрызэрагъэ­пэщ­рэ илъэс 374-рэ, абы и къудамэ КъБР-м зэрыщыIэрэ илъэси 189-рэ ирокъу мы гъэм. А Iуэхугъуэхэм хуэгъэпсауэ ирагъэ­кIуэкIащ сабий творчествэмкIэ республикэ зэпеуэ. Абы щытекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэм­рэ щагъэлъэпIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэ­щIэт-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэм.

Зэхьэзэхуэм и къызэгъэпэщакIуэщ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и мафIэс-къегъэлакIуэ Iуэху­щIапIэр, Урысейм и МЧС-м и управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэр, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ МафIэсым пэщIэ­ты­нымкIэ урысейпсо зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм и Налшык къалэ IэнатIэмрэ.
Пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI Сэбан Арсен къызэрыджиIащи, зэ­пеуэмкIэ я мурадыр мафIэ­сым зэрызыщахъумэн хуейр ныбжьыщIэхэм къагурыгъэIуэнырщ, а IэщIагъэм и мыхьэнэр убгъуауэ яхэпщэнырщ. 
ИщхьэкIэ къыхэдгъэща IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр зыхэта зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм IэдакъэщIэкI нэхъыфIу щырыщ къыхахащ «МафIэс шынагъуэншагъэр - сабийхэм я нэкIэ» (1 - 4-нэ классхэм щеджэхэм), «МафIэсгъэункIыфIыр лIыхъужьхэм я IэщIагъэщ!» (5 - 8-нэ классхэм щеджэхэм) унэтIыныгъэхэм.
«МафIэс шынагъуэншагъэр - сабийхэм я нэкIэ» зэпеуэм бжьы­пэр щиубыдащ Май районым и Новоивановскэ къуажэм дэт, Козуб Шурэ и цIэр зезыхьэ лицей №7-м и 1-нэ классым щеджэ Талаев Дмитрий. ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ Бахъсэн ­районым и ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, КIурашын Т. М. и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №1-м и 2-нэ класс «б»-м щIэс Гуэрдэгуэжь Динэ. Ещанэ увыпIэр лъысащ Лэскэн районым хыхьэ Аргудан къуажэм и курыт еджапIэ №3-м и 1-нэ «а» классым щеджэ Иуан Эрнелэ.
«МафIэсгъэункIыфIыр лIы­хъужьхэм я IэщIагъэщ!» зэхьэ­зэ­хуэм щытекIуащ Лэскэн районым хыхьэ Аргудан къуажэм и курыт еджапIэ №1-м и 6-нэ «а» классым щIэс Iэрэмысэ Асидэ. Нарткъалэ и лицей №1-м и 5-нэ «в» классым щеджэ Цуркан Вероникэ етIуанэ хъуащ. Шэрэдж районым хыхьэ Зэрэгъыж къуа­жэм IутIыж Б. Къу. и цIэр зезыхьэ и курыт еджапIэм и 5-нэ «а» классым щIэс Бэджий Данияр ещанэ увыпIэр къихьащ. 
МафIэсым пэщIэт-къегъэ­ла­кIуэ къулыкъущIапIэм и унафэщI Къардэн Анзор зэхьэзэхуэм ­кърикIуахэр къыщызэщIикъуэ­жым къыхигъэщащ кIэух зэхьэ­зэхуэм щагъэлъэгъуа лэжьыгъэхэр гунэс зэрыщыхъуар, жи­Iащ мыпхуэдэ Iуэхухэр мафIэсым зэрызыщыхъумапхъэм шко­лакIуэхэм нэхъыфIу хащIыкIыным сэбэп зэрыхуэхъум и мызакъуэу, сабийхэм я зэранкIэ къэхъу мафIэсхэри гъэмэщIэнымрэ мафIэсгъэункIыфI IэщIагъэм щIалэхэр дегъэхьэхынымкIи, абы ирилажьэхэм я пщIэр IэтынымкIи мыхьэнэшхуэ зэраIэр.
Сабий творчествэмкIэ зэпеуэм щытекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ иратащ дипломхэр, щIыхь тхылъхэр, КъБР-м СпортымкIэ и министерствэмрэ «Нальчик-сладость» ООО-мрэ къабгъэдэкI саугъэт лъапIэхэр.
 

УЭРДОКЪУЭ Женя.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.