ВАГЪУЭЦIЭХЭР

Шыхулъагъуэ – Млечный путь.

Жэщ уафэм гъуэгум ещхьу щыплъагъу вагъуэбэ куэд зэхэтым Шыхулъагъуэ фIащащ адыгэхэм. «ЖэщкIэ зекIуэ лIыхъужьхэр ШыхулъагъуэкIэ мэзекIуэ», - жаIэрт абыхэм. Пасэрей алыджхэр «Галактикэ»-кIэ зэджэ, урысхэм «Млечный путь» зыфIаща вагъуэ зэрыбыным щхьэкIэ адыгэхэм апхуэдэу щIыжаIар шы зэраху лъагъуэм ирагъэщхьауэ ятх щIэныгъэлIхэм. КIахэ адыгэхэм «Шыгъушэмэ я гъогу» («путь везущих соль») жаIэ.

Вагъуэзэшибл – Большая Медведица.

Уафэм и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ къыщыблэ, нэхъ ину вагъуибл къызыхэлыдыкI гупым зэреджэр «Вагъуэзэшиблщ», абы щхьэкIэ иджыри «Вагъуэкъащыкъ» жаIэ. Абы и фIэщыгъэцIэ дахэр «Вагъуэзэшиблым зигъазэмэ, нэху мэщ» адыгэ нэщэнэм ихъумащ.
Мазэхэ жэщым Гъуазэр, Ищхъэрэ вагъуэр, Вагъуэзэшиблыр, МыщэцIыкIу вагъуэр (Вагъуэбыныр) зекIуэлIхэм я гъуэгугъэлъагъуэу щытащ. Вагъуэзэшиблым Ищхъэрэ вагъуэм и хъуреягъыр зы жэщ-зы махуэм къекIухь, абы къыхэкIыу жэщым зэманыр здынэсар ВагъуэзэшиблымкIэ къахутэу щытауэ ятхыж.

Вагъуэ – шу – «Звезда-всадник».

«Мы вагъуэр Вагъуэзэшиблым и «къум» хэт етIуанэ вагъуэм и цIэу къалъытэ», - етх Алътуд Мусэ («Газета Юга», 11.12.2008). Нэжан дыдэ уиIэу щытын хуейщ а вагъуэм и щхьэмкIэ «къытес» вагъуэ цIыкIур къэплъагъун щхьэкIэ. Ауэ щыхъукIи, а вагъуитIыр зыкIи зэгъунэгъукъым, ЩIым дытету дыплъэу апхуэдэу тлъагъуми.

Нэхущвагъуэ – Венера (япэ къэкIуэкIэ).

Нэхущвагъуэм ВагъуэлыдкIи йоджэ. Ар ЩIым нэхъ пэгъунэгъу планетэщи, IупщI дыдэу болъагъу. Мы вагъуэр ЩIымрэ Дыгъэмрэ я зэхуаку дэтщ, Дыгъэм къыщекIуэкIкIи жыжьэ IукIуэтыркъым, щIэплъыпIэ нэзым (горизонт) и лъабжьэ зэи къакIуэркъым. Пщэдджыжь нэхулъэр къыщищIым къуэкIыпIэмкIэ, дыгъэр щыкъухьэжкIэ къухьэпIэмкIэ къыщоблэ. Нэхущвагъуэм кIахэ адыгэхэр зэреджэр «Нэфылъ жъуагъэщ» («рассветная звезда»).

Хэщхьэж вагъуэ – Венера (етIуанэ къэкIуэкIэ).

«Адыгэбзэ псалъалъэми» «Адыгэ-урыс псалъалъэми» апхуэдэущ зэритыр. Хэщхьэж вагъуэр Ахъшэм вагъуэм и ужь иту уафэм къотIысхьэ.

Вагъуэбэ – Созвездие Тельца.

КъуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщыблэ вагъуэ зэрыбынщ, ар гъавэм хэплъэмэ, къэкIыгъэр багъуэу жаIэ. Вагъуэбэм теухуауэ пасэрей адыгэхэм жаIа нэщэнэхэр: ди деж нэхъыбэу къэсар: «Вагъуэбэр щIым хэплъэмэ, къэб къуэпсым зедз», «Вагъуэбэр къыхэмыплъауэ нартыхум зиIэтыркъым, апщIондэху хэхъуэгъуейщ», «Вагъуэбэр щIым зэрынэсу, щIыри псыри мэщтри, щIымахуэм щIедзэ», жаIэрт адыгэхэм. Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ Вагъуэбэм теухуауэ МафIэдз Сэрэбий итхар: «Илъэсыр IыхьиплIу гуэшыныр адыгэхэм Вагъуэбэ жыхуиIэ вагъуэ зэрыбыным ирапхырт. Вагъуэхэр зыдж щIэныгъэм Дыгъэр здырикIуэу жыхуиIэ Вагъуэ бын 12-м щыщу «созвездие Тельца» жыхуаIэм нэхъ тохуэ Вагъуэбэр. Ауэ уи гугъэ хъунущ адыгэхэм Вагъуэбэ жыхуаIэу щытам а Вагъуэ бын пщыкIутIри къызэщIиубыдэу, иужькIэ, щIэныгъэу яIар щаIэщIэхужым, ди нэхъыжьхэм а фIэщыгъэцIэр Вагъуэ быным и закъуэ траубыдауэ. Дауэ щымытами, ди бзэм къыхэнауэ иджыри хэтщ мыпхуэдэ жыIэкIэхэр: «Вагъуэбэр щIым къыхэкIащ», «Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъащ», «Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьащ», «Вагъуэбэр щIым хыхьэжащ». Вагъуэбэр щIым къыхэкIауэ щалъытэр гъатхэм махуэмрэ жэщымрэ зэхуэдэ щыхъурт. Иджырей ди бжыгъэкIэ ар зыхуэзэр гъатхэпэ мазэм и 21-22 махуэхэрщ. Абдеж илъэсыщIэр къихьэу адыгэхэм ялъытэрт… Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъамэ (мэкъуауэгъуэм и 21-22), гъэмахуэм щIидзэрт, Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьамэ (фокIадэм и 21-22) бжьыхьэр къэсат, Вагъуэбэр щIым хыхьэжамэ (дыгъэгъазэм и 21-22), щIымахуэр къихьат.

Вагъуэплъ – Марс (япэ къэкIуэгъуэ).

Ахъшэм вагъуэ – «вечерняя звезда» Марс (етIуанэ къэкIуэгъуэ).

Шортэн Аскэрбий зэритхамкIэ, Ахъшэм вагъуэкIэ зэджэр Сириус вагъуэращ. «Адыгэ псалъэ» газетым (№58-59, 1998 гъэ, гъатхэпэм и 31) зэритымкIэ, Ахъшэм вагъуэ е Хэщхьэжыгъуэ вагъуэкIэ йоджэ Сириус, Арктур, Капеллэ, Альфэ, Бетэ вагъуэхэм (еплIанэ къэкIуэгъуэ). Ахъшэм вагъуэр къитIысхьамэ, хэщхьэжыгъуэ хъуауэ къалъытэрт. «Уафэ джабэм кIэрыщтхьауэ Ахъшэм вагъуэр щIылъэм къыхуонэщхъеих», - етх Шортэн А.
 

ДэжыггъалIэ – Утренняя звезда.

Сату щIыныр зи IэщIагъэ цIыхум пасэм щыгъуэ зэреджэу щытар дэжыгщ. Дыгъэр къыщIэкIын ипэ къуэкIыпIэм щыкъухьэж вагъуэ цIум ДэжыггъалIэкIэ йоджэ. Нэхущ вагъуэра и гугъэу дэжыгыр гъуэгу тезышэу дыгъужьым езыгъэшха вагъуэу IуэрыIуатэм къыхощ, аращ «ДэжыггъалIэ» фIэщыгъэцIэр щIигъуэтар. «Сондэджэрыр (журтыр) хьэм езыгъэшха» жиIэуи, Дэжыгыр лIыжьым и цIэуи къокIуэ.

Дэжывагъуэ – Лира (япэ къэкIуэгъуэ).

ДэжывагъуэмкIэ сыхьэт бжыгъэр къращIэу щытащ.
Дей жыг вагъуэ – Созвездие Лиры (етIуанэ къэкIуэгъуэ).
Щыплъагъур гъатхэпэрщ. КъухьэпIэмкIэ япэ дыдэу къыщыщIэкI вагъуэщ, пшапэ зэхэуа нэужь, фокIадэ-жэпуэгъуэ мазэхэми хуиту болъагъу. Мы вагъуэ зэрыбыным укIэлъыплъыну щынэхъыфI лъэхъэнэр накъыгъэ-щэкIуэгъуэ мазэхэм къызэщIаубыдэ пIалъэращ.

Вагъуэкъан – апхуэдэу йоджэ Марс, Юпитер, Сатурн планетэхэм.

Ахэр «насып вагъуэу» адыгэхэм къалъытэ. Зодиакым хэт Вагъуэ бын 12-ми чэзууэ «яхуэхьэщIэурэ» къакIухь. А вагъуищым щыщу зэ зыр, зэ тIур, зэми щыри зэгъусэу IупщIуу уолъагъу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр