«Адыгэхэр» НТВ-м и хьэщIэщ

Урысей телевиденэм и каналхэм къызэрагъэпэщ творческэ зэхьэзэхуэхэмрэ шоу зэмылIэужьыгъуэ­хэмрэ нэхъыбэ хъуху ди лъэпкъэгъухэр нэхъ щIэх-щIэхыурэ федеральнэ каналхэм щыдолъагъу. Иджы «Адыгэхэр» къафэмкIэ цIыхубэ ансамблым НТВ каналымкIэ екIуэкI «Страна талантов» нэтыным зыкъыщигъэлъэгъуащ. Къэрал псом щыщ уэрэджыIакIуэхэр, къэфакIуэхэр, ансамблхэр, творческэ гуп зэмылIэу­жьыгъуэхэр зыхэт телепроектым я зэфIэкI утыку къыщрахьащ Адыгейм икIа къэфакIуэхэми. Къы­зэ­рызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэсипщI ирикъу къэфакIуэ ансамблым дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ а Iуэхум. 
- Апхуэдэ нэтыным ухэтыныр Iэмал гъуэзэджэщ къэралым укъыщацIыху­нымкIэ. Абы зыщыхуэдгъэхьэзырым, репетицэ­хэм­рэ прогонхэмрэ дыщыхэтым дызэрыгузэвам хуэдэ дыдэт унэм дыщIэсу нэтыным ­дыщеплъыжми. Псом хуэ­мыдэу гухэхъуэщ къэпщы­такIуэ гупым уакъызэрыщыхъуам уедэIуэныр. Абыхэм куэд ялъэгъуащ, куэдым щыгъуазэщи, я пащхьэ щIэщыгъуэ гуэр ипхьэну тыншкъым. Дыщымыгугъауэ гуапагъэ куэд зэхыда­гъэхащ Дружинин Егор, ­Бабкинэ Надеждэ сымэ. НыбжьыщIэхэм я дежкIэ къызэрыгуэкIтэкъым «Мосфильм» утыкушхуэм укъы­щыфэну, ауэ сэ арэзы сыкъащIащ. Проектри сигу дыхьащ, абы и фIыгъэкIэ адыгэ щэнхабзэр иджыри зэ утыкушхуэ итхьащ. Мы гъэм ди ансамблыр къызэ­рызэдгъэпэщрэ илъэси 10 зэрырикъум и щIыхькIэ, концерт зыбжанэ ттыну ди мурадщи, НТВ-м и проектыр абыхэм я щIэдзапIэу къэплъытэ хъунущ, - жиIащ ансамблым и унафэщI Мэремыкъуэ Артур.
«Адыгэхэр» къэфакIуэ гу­пыр 2013 гъэм и щэкIуэ­гъуэм къызэрагъэпэщауэ щытащ, АР-м и Тэхъутэмыкъуей районым и тхьэмадэ Щхьэлахъуэ Азмэт и жэрдэмкIэ. Ансамблым и къалэн нэхъыщхьэр къыдэкIуэтей щIэблэр адыгэ щэнхабзэм, гъуазджэм дегъэ­хьэ­хынырщ, щIэпIы­кIы­нырщ, хуэгъэсэнырщ, ныбжьыщIэ зэчиифIэхэр утыку ишэ­нырщ, я зэфIэкIым зегъэу­жьынырщ, къызыхэкIа лъэп­къым и хъугъуэфIы­гъуэхэр ягъэлъапIэу гъэсэ­нырщ. 
Зи гугъу тщIы къэфакIуэ гупыр щыуэ зэщхьэщыхащ: «Адыгэхэр» - нэхъыжь гу­пырщ, «Къафэ» - курыт ныбжь зиIэхэрщ, нэхъыщIэ цIыкIухэр «Нэхулъэщ». Псори зэхэту сабии 192-м иджыпсту зыщагъасэ ансамблым. Нэхъыжьхэр цIыху 40 мэхъу. КъэфакIуэ нэхъыщIэ дыдэу ансамблым хэтым и ныбжьыр илъэсиплI хъууэ аращ, нэхъыжь дыдэр илъэс 35-рэ ирикъуащ. Гупхэм Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я къафэхэр ягъэзащIэ, псори зэхэту къапщ­тэмэ, лъэпкъ къафэу 20 хэтщ я репертуа­рым. 
Адыгэ хабзэм хуащI хэлъхьэныгъэм папщIэ, псэ­емыблэжу лъэпкъым зэры­хуэлажьэм щхьэкIэ «Адыгэ­хэр» гупым 2015 гъэм «цIыхубэ ансамбль» цIэр къыфIащащ, Адыгэ Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ. 2014 гъэм къэфакIуэ гупыр щIэх-щIэхыурэ утыку ихьэу, зэпеуэхэмрэ фестивалхэмрэ хэту хуежьащ. «Нальчик - подкова счастья» дунейпсо фестиваль-зэпеуэм дыщэ медаль къыщихьащ икIи абы хэта псоми елъытауэ, Кавказ Ищхъэрэм хореографиемкIэ гуп нэхъыфIу къыщалъытауэ щытащ. Апхуэ­дэуи «Адыгэхэр» хэтащ Тыркум щекIуэкIа Кавказ щэнхабзэхэм я дунейпсо фес­тивалым. 
Мейкъуапэ, Сочэ, Дон Iус Ростов, Москва, нэ­гъуэщI щIыпIэхэми щекIуэ­кIа зэ­хьэ­зэхуэ куэдым пашэ щы­хъуащ ансамблыр, Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу, Ипщэ федеральнэ щIыналъэм и къэфакIуэ ансамбль нэхъыфIу къалъытащ. 
А псом къадэкIуэу гупыр щIэх-щIэхыурэ гастроль йожьэ. Адыгейм и къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ зэры­зыкъыщагъэлъэгъуам нэ­мы­щIу, ныбжьыщIэхэм концерт щхьэхуэ щатащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Хьэбэз куейм, езыхэм ягъэпса этнопроектыр ягъэ­лъагъуэу ахэр щыIащ Москва, Краснодар, Черкесск, Сочэ, Владикавказ, Ставрополь, Тыркум и Бурсэ, Инегёль къалэхэм, Абхъаз Республикэм. Уеблэмэ ахэр ­хэтащ Беларусь Республикэм щекIуэкIа «Къафэм и лэ­гъупыкъу» хореографие ­гъуазджэмкIэ дунейпсо фес­­тивалым. 
- Сэ мы гупым къэфакIуэу сыхэтащ, иужькIэ къафэмкIэ згъасэу сыщылэжьащ, иджы сриунафэщIщ. Сабийхэр къафэм хуэбгъасэ къудейкIэ хъуркъым, атIэ я зэфIэкIым нэхъри зиужьын, я зэчийм зыкъызэкъуихын папщIэ зэпеуэхэмрэ фестивалхэмрэ хэгъэхьэныр Iэмал зимыIэщ. Апхуэдэ утыкушхуэхэм ущихьэм деж зи ужь уит Iуэхум нэхъ утогушхуэ, уи лъэпкъ щэнхабзэр уогъэлъагъуэ, адрейхэм ейм зыщыбогъэгъуазэ, - жеIэ Мэремыкъуэм. 
Дызэрыт илъэсым и бжьы­хьэм ансамблым илъэ­сипщI зэрырикъур игъэ­лъэпIэнущ. Абы щыгъуэм утыку кърихьэнущ къэфэкIэ зэмылIэу­жьыгъуэу щIэ куэд. 
ШЫПШ  Даянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.