ПсэупIэ унэхэр щаухуэкIэ

Чайкэ Юрий иригъэкIуэкIащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм и нэIэм щIэту лажьэ Советым и зэIущIэ. Видеоконференц жыпхъэм иту къызэрагъэпэща зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Советым хэтхэм нэмыщI зэIущIэм кърагъэблэгъащ статс-секретарь - УФ-м ухуэ­ныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Ива­новэ Светланэ, «ЩIыналъэхэм зегъэу­жьы­нымкIэ фонд» жылагъуэ-хабзэ зэгу­хьэ­ныгъэм и гъэзэщIакIуэ унафэщI Тимофеев Константин сымэ. 

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хиу­быдэ щIыпIэхэм псэупIэ унэхэр щаухуэкIэ зи мылъку хэзылъхьэхэм я хуитыныгъэ­-хэр хабзэм ипкъ иткIэ хъума зэрыщыхъум. Чайкэ Юрий зэрыжиIамкIэ, апхуэдэ цIыхухэм я хуитыныгъэхэр мызэ-мытIэу къыщызэпауд щIыналъэм, хуэфэщэн жэуапми ирашалIэ апхуэдэ щIэпхъаджагъэхэр зылэжьхэр. Апхуэдэу къыхигъэщащ цIыхухэм я мылъку Iыхьэ хьэлъу ­КИФЩI-м щаухуэ псэупIэ унэхэм я бжыгъэр мы зэманым 46-рэ зэрыхъур. Псори зэхэту абыхэм къызэщIаубыдэ метр зэбгъузэнатIэ мин 380-рэ. 
2022 гъэм кърикIуахэм уеплъмэ, ап­хуэдэ ухуэныгъэхэм я бжыгъэм процент 28-кIэ хэщIащ. Иджыпсту ахэр зэрыхъу­жыр ухуэныгъэ 18-щ. АтIэми, Дагъыс­тэным, Ингушым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ставрополь крайм апхуэдэ щIы­кIэкIэ щащI псэупIэ унэхэм я ухуэныгъэхэр хуэм дыдэущ зэрекIуэкIыр. «А щытыкIэр щыхьэт тохъуэ ухуакIуэхэм Федеральнэ хабзэ №214-р, 2004 гъэм и дыгъэгъазэм къыдэкIар, зэрамыгъэзащIэм. Апхуэдэуи щытыкIэм хуэфэщэн кIэлъыплъыныгъэрэ гулъытэрэ ар зи пщэрылъхэм къабгъэдэкIыу зэримыгъуэтыр наIуэщ. Абы къыхэкIыу къыхызолъхьэ фэтэр куэду зэхэт унэхэр цIыхухэм я мылъку хэлъу ­щаухуэкIэ, Iуэхур зэрызэфIахым набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъыным, федеральнэ хабзэмрэ цIыхухэм я хуитыныгъэхэмрэ къызэпемыгъэудыным хуэщIа Iуэхугъуэ хэхахэр егъэкIуэкIын хуейуэ», - къыхибелджылыкIащ Чайкэ Юрий. 
ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхугъуэ псомкIи хуэфэщэн унафэхэр къащтащ абы хэтахэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.