ИНТЕРНЕТЫМ ДЫКЪЫЩОДЖЭ

Щхьэж иIэр егуэш

ЛIы гуэрым унэщIэ къищэхури Iэпхъуэжат. Лъапсэ къищэхуам хадэ иIэт, пхъэщхьэмыщхьэ IэфIыр куэду къапIыкIэрт абы ит жыгхэм.

ЛIым иIэт зы гъунэгъу фыгъуэнэд. Ар сыт щыгъуи и ужь итт хьэблэм къыдэтIысхьагъащIэ лIым Iей гуэрхэр ирищIэну, зэгуигъэпыну. Зэм и куэбжэм пхъэнкIий къыкIэщIикIутэрт, зэм псы фIей къыкIэщIикIэрт, зэми и бжыхьыр икъутэрт.

Махуэ гуэрым лIыр куэбжэм къыдэкIри къилъэгъуащ и гъунэгъум абдеж къигъэува пэгуныр. Абы пхъэнкIий изу илът. Пэгуныр къищтэщ, иунэщIщ, къабзэу итхьэщIри, хэплъыхьауэ нэхъ ину, нэхъ хъуауэ къыхищыпыкIыурэ мыIэрысэ из ищIащ. И гъунэгъум деж екIуэкIри, куэбжэм теуIуащ. Мо фыгъуэнэдым къэкIуар щилъагъум егупсысащ: «Сыту фIыт, икIэм-икIэжым къэзгъэгубжьащ. КъысфIэнэну къэкIуащи, сэри нэхъыбэж жесIэжынщ», - жиIэу. АрщхьэкIэ абы куэбжэр Iуиха нэужь, лIым мыIэрысэр зэрыз пэгуныр къыхуишиящ: «Хэт сыткIэ къулейми, ар егуэш», - жиIэри.

Дыгъэм и тыгъэр

Зэгуэр дыгъэм и бзийм жиIащ:

- Сэ махуэ къэс щIылъэм сокIуэри, псори согъэхуабэ. Ауэ иджы сыхуейт цIыхугу згъэхуэбэну.

- Хъунщ, сэ си хуабэм щыщ цIыхугум ептыну хуит узощI,- къыжриIащ абы дыгъэм, - а хуабэр зэпта цIыхур цIэрыIуэ хъунущ, куэд хузэфIэкIынущ. Ауэ сынолъэIу, си хуабэм щыщ зылъэбгъэIэсыну цIыхур нэхъыфIу къыхэпхыну, - жиIащ дыгъэм.

Бзийр щIылъэм къехырт егупсысурэ, «дауэ къахэсцIыхукIыну цIыхум я нэхъыфIыр» …

Абдежым зэхихащ зыгуэрым и макъ нэщхъей дыдэ.

- Зы хъуапсапIэ зэзгъэхъулIэфыркъым. СурэтыщI сыхъуну сыхуейти, унэ зесхьэу сыдэувэжащ. Зы хъыджэбз фIыуэ слъэгъуати, ари къысхудэхьэхакъым, - жиIэурэ и щхьэм хуэпсэлъэжырт зы щIалэ.

- Уэ зэфIэкI уиIэщ, уIэпщIэлъапщIэщ икIи ущIалэщ, - жиIэри, дыгъэ бзийр къэцIууащ, дыгъэм и хуабэм щыщи щIалэм и гум ирилъхьащ. ЩIалэм и щхьэр къиIэтри, дунейр зэрыдахэм гу лъитэу къызэхиплъыхьащ. Краскэхэр къищтэри, удз гъэгъа Iэрамэ дахэ хуищIащ фIыуэ илъагъум. Ар хъыджэбзым щригъэлъагъум игу ирихьащ икIи къыщыгуфIыкIащ.

ЩIалэм пщIэкIэ унэ зэрихьэрти, дыгъэм и бзийр и гум къытепса нэужь зэрихьа зы унэ егъэлеяуэ екIу хъуат. Ар зейр гуфIащ: «Сэ си гугъат уэ унэ зепхьэу улажьэ къудейуэ. Хьэуэ, уэ усурэтыщI Iэзи!» - къыжриIащ абы.

Бзийр къэкIуэжри, дыгъэм зыхуиумысыжащ, щIым кIуа нэужь, цIыхум я нэхъыфIыр къызэримылъыхъуамкIэ, атIэ япэу къилъэгъуам бзийр зэрыритар.

- Уэ уи фIэщ хъуащ а узыIущIам хузэфIэкIынур зыхуэдизыр! А уи фIэщхъуныгъэми ар нэхъыфI ищIащ! – къыжриIащ дыгъэм.

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.