ЗЭПКЪРЫТХЪЫКIЭР ЗЫХУЭДЭР

Уахэ жыжьэм увыIэгъуэ зимыIэу кIэлъыплъ астрономхэм къызэралъагъурэ куэд щIакъым «мащэ кIыфIым» (чёрная дыра) гъунэгъу зыхуэзыщI вагъуэм и зэпкърыхукIэр зыхуэдэр.

Ди планетэм нэхъ лъэрызехьэ дыдэу къыщалъытэ телескопхэр къагъэсэбэпкIэрэ, къэрал зыбжанэм я щIэныгъэлIхэр зэман пыухыкIам къриубыдэу зэуэ щыхьэт зэдытехъуащ, теорие и лъэныкъуэкIэ щыгъуазэ пэтми, абы ипэкIэ зэи ямылъэгъуа къэхъукъащIэ телъыджэр зыхуэдэм - мащэ кIыфIым (гъуэдыдж кIэуфIыцIым) гъунэгъу зыхуэзыщIа вагъуэр, «гужьеигъуэ» иныр къылъысарэ къигъэщIар и кIэм зэрынэблэгъар «зыхищIа» фIэкIа умыщIэну, щызэщикъузэкIэ бзий гуэрэнышхуэхэр нурыбэу къызэрызыхиутIыпщыкIым.

Астрофизикхэм зэрагъэбелджылащи, мащэ кIыфIым и гравитацэм зыкъызэрызэкъуих къару шынагъуэрщ гъунэгъу зыхуэзыщI псори зэзылъэфалIэри хэкIыпIэ яримыгъэгъуэтыжу зэпкърызытхъыпэри. Зи гугъу тщIы вагъуэми къыщыщIар аращ.

Европей ипщэ обсерваторием и телескопхэу VLT (Very Large Telescope), NTT (New Technology Telescope) зи фIэщыгъэхэмкIэ мазэ бжыгъэм къриубыдэу мащэ кIыфIым зыщIиша вагъуэм и кIуэдыжыкIэм кIэлъыплъа щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, зи гъащIэр абдежым къыщызыуха уафэщI зэщIэлыдэр и инагъкIи и гуащIагъкIи ди Дыгъэм хуэдэнут.

Ауэ щыхъукIи, оптикэ, рентген, ультрафиолет, радио диапазонхэмкIэ и чэзууэ икIи зыубгъуауэ ирагъэкIуэкIа кIэлъыплъыныгъэхэм къарикIуэу, астрономхэр иджыщ япэ дыдэу щыхьэт щытехъуар мащэ кIыфIым, и къару абрагъуэр къигъэсэбэпу, вагъуэ жьэражьэм къыкIэрифыщIыкIа пытхъахуэхэм къызэрымыкIуэу нур зэщIэлыдэ иныщэ, зэман кIыхьым къриубыдэу, къазэрыпхивам. ИкIи, вагъуэ жыжьэм и кIуэдыжыкIэр зылъэгъуахэм зэрыжаIэмкIэ, и хьэлъагъым нэхърэ мелуан бжыгъэкIэ нэхъыбэ къэзышэч мащэ кIыфIым ар щызыщIилъафэм, абы «нэрылъагъуу» фIэкIуэдащ езым и пкъым щыщу и Iыхьэ ныкъуэм нэблагъэр.

Уеблэмэ, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, ди планетэр здэщыIэ щIыпIэм, нэхум зэрызидз зэманымкIэ, илъэс мелуан 215-кIэ пэжыжьэ Эридан вагъуэ зэрыбыным хыхьэ галактикэ «шыхьам», AT2019qiz нагъыщэр зратам, далъэгъуа къэхъукъащIэм хуэдэхэращ куэду тпэжыжьэ галактикэхэм якухэм зыщызыудыгъуа «мащэ кIыфIхэр» здэщыIэмрэ абыхэм гъунэгъу захуэзыщI уафэщIхэм я зэпкърытхъыкIэр зыхуэдэмрэ нэрылъагъуу зэрызэхэбгъэкIыфыну Iэмал закъуэу щыIэри.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.