АБХЪАЗ-АДЫГЭ ЩIЫПIЭЦIЭМ ЩЫЩУ

ЩIыпIэцIэхэм ятеухуа ди тхыгъэхэм ящыщ зым къыщыхэдгъэщат иджырей Архъызым и Iэхэлъахэм ди гъунэгъу къэрэшейхэр мымащIэу зэрыщитIысыкIар лъахэхутэхэм щхьэусыгъуэ ящIу, а бгылъэ щIыпIэхэм я тхыдэри фIэщыгъэу зэрахьэхэри а лъэпкъым и закъуэ ирапхыну хуэщIэкъухэр куэду щыIэ зэрыхъуар.

Дэ къызэрытлъытэмкIэ, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм темыкIхэр и щыпкъапIэм нэплъысыным, зэрыщытар ипэжыпIэкIэ зэхэгъэкIыным егугъуну зи щхьэ тезымылъхьэхэр аращ.

А псори дэ мыбдежым щытхузэмыгъэзахуэми, Къэрэшей-Шэрджэсым къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щиIэ и къуршылъэхэм дызыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэм ящыщ зыбжанэм я гугъу тщIынщ.

Рычэпстэ (Речепста)

Инжыджышхуэ и псыхъуащхьэхэм къыщекIуэкI щIыпIэцIэхэм язщ.

Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Фёдоров Яков и тхылъ гъуэзэджэу «Топонимика Западного Кавказа и некоторые вопросы его этнической истории» зыфIищам и 282-нэ напэкIуэцIым мыр щетх: «Абхъаз-адыгэ топонимикэр щытепщэу щыта щIыналъэхэм ящыщ зыщ Инжыджышхуэ псым зыкъыщызэщIикъуэ къурш жьанэхэри. АбыкIэ щыхьэту къэувыфынущ Архъыз хэлъэдэж Рычэпстэ псы цIыкIум зэреджэри.

ФIэщыгъэр тынш дыдэу абхъаз-адыгэбзэхэмкIэ къыбгуроIуэ. Япэ пычыгъуитIым, «ры-чэ» - м, зэхэту абхъазыбзэкIэ къарыкIыр «жьауапIэ», «псыпцIалъэ» мыхьэнэхэр аращ. ЕтIуанэ пычыгъуитIыр, «пс-та» - р, тIууэ гуэшащи, япэр, «пс» («псы») - р, абхъаз-адыгэбзэхэм зэдай псалъэщ, «та» - р щIыпIэр къэзыгъэлъагъуэщ».

АтIэми, апхуэдэу йоджэ а лъэныкъуэмкIэ щыIэ къуршылъэхэр зэпызыщIэ «Абишира - Ахуба» бгы шытх екIуэкIым къыщыщIэж псы бгъунж цIыкIур зыщIэлъадэ икIи зыбгъурыж Iуащхьэ джафэшхуэми (метр 3214-рэ и лъагагъщ), Уарпрэ Лабэрэ я псыхъуащхьэхэр зэпызыщIэ щхьэдэхыпIэми. Къэдгъэлъагъуэмэ, Рычэпстэ Архъыз хохуэж, езы Архъыз Псыш холъэдэж, Псыш Инжыджышхуэ и кIуапIэщ.

ЩIыпIэцIэхэр джыным куэд щIауэ дихьэх лъахэхутэ-щIэныгъэлI цIэрыIуэ Твёрдый Александр «Словарь топонимики Кавказа» и тхылъым, 2011 гъэм къыдигъэкIам, зэрыщитхымкIэ, «Рычэпстэ» фIэщыгъэр «Дыгъэ зыдэмыпсэ псы бэкъу» мыхьэнэми хуэбгъакIуэ хъунущ.

Агурипста - Агурибза

Апхуэдэу зэджэ псы къуэпсыр Къэрэшей-Шэрджэсым къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щежэх Лабэшхуэ хэлъэдэжхэм ящыщ зыщ.

ФIэщыгъэр «Агыраа - бзы» Iыхьэхэу зэхэтщи, лъахэджхэм къызэралъытэмкIэ, япэр «Аджырэ» унагъуэцIэу ди нобэми абазэхэм я деж къыщекIуэкIым къытехъукIащ. ЕтIуанэр, «бзы» жыхуиIэр, зэрытщIэщи, убыххэм я бзэм зэрыхэтыр «псы» мыхьэнэр къикIыущ. Аращи, щIыпIэцIэр къызэрыбгурыIуэ хъунур «Аджырэхэ япс» жыхуиIэущ.

Адзэпш (Адзапш)

Апхуэдэу йоджэ Къэрэшей-Шэрджэсым къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ нэхъ пыIудзауэ щешкIурэх Лабэшхуэ ищхьэхэмкIэ къыщыхэлъадэ Санчаро и псы къуэпсхэм ящыщ зыми, а щIыпIэм къыщыщIэж псы пщтыр хущхъуэхэми (псори зэхэту 20-м щIегъу), а щIыналъэм къуршхэмкIэ къыщыпэгъунэгъу Абхъаз Республикэм щыпсэухэр зэрыгушхуэ Бзыбэ (Бзыбь) тIуащIэ абрагъуэм узэрыщхьэщыхьэфыну щиIэ щхьэдэхыпIэ цIэрыIуэми (метр 2496-рэ и лъагагъщ).

 Лъахэхутэхэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «Адзэпш» псалъэр IыхьитIу зэхэтщ. Япэр «адзэ» жыIэкIэу «пщтыр» мыхьэнэр къызэрыкIырщ, етIуанэр, «пш» пычыгъуэр, дэ, адыгэхэм, «псы» зыхужытIэрщ.

Абашира-Ахуба

Кяфаррэ Инжыджышхуэрэ егъэщIылIа тIуащIэхэм я зэхуаку дэт шытхщ. Лъахэхутэхэм я нэхъыбэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, фIэщыгъэм и япэ Iыхьэр абхъазхэм я деж къыщекIуэкI Абышыр унагъуэцIэм къытехъукIащ, и етIуанэ Iыхьэу «Ахуба» жыхуиIэр адыгэбзэм хэт «хъупIэ» псалъэм хуэхьыпхъэщ.

АрщхьэкIэ, къыхэгъэщыпхъэщ а щIыпIэцIэм и «Ахуба» Iыхьэр къызытепщIыкIам ехьэлIауэ нэгъуэщI еплъыкIи зэрыщыIэр. ДыщIэупщIэмэ, ар абхъаз-абазэхэм я деж къыщекIуэкI цIыхухъуцIэу «Ахъубэ - Хъубэ» жыхуиIэм зэрыхуахьырщ. Мы Iуэху бгъэдыхьэкIэм и телъхьэхэм егъэпщэныгъэ папщIэу къахьыфынущ абазэбзэм щыщ нэгъуэщI псалъэхэри. Псалъэм папщIэ, апхуэдэщ «Хвыба йдзыхь» (Хъубэ и псынэ») жыхуиIэ щIыпIэцIэмрэ а лъэпкъым я деж къыщекIуэкI Ахъбэ унагъуэцIэмрэ.

Аджара

Лабэшхуэ и псыхъуащхьэхэмкIэ щыIэ бгыхэм ящыщ зым апхуэдэу йоджэ.

ЩIыпIэцIэр къызытехъукIа мы псалъэр абхъазыбзэм къызэрыщыкIуэр жыг лъэпкъыгъуэу адыгэхэм «пхъэщабэ» зыхужытIэм техуэущ.

Зи гугъу тщIы фIэщыгъэм ещхьу а лъэныкъуэмкIэ иджыри ущрохьэлIэ Лабэшхуэ, и къежьапIэхэм зэрапэжыжьэ щымыIэу, сэмэгу лъэныкъуэмкIэ къыщыхэлъадэ «Аджарэ Ду» («Аджарэ Ин») зыхужаIэ къуэпсымрэ «Аджарэ ЧкIвын» («Аджарэ ЦIыкIу») псалъитI зэпхамкIэ зэджэ псынэ къыщIэжыпIэмрэ.

Дызэрыщыгъуазэщи, «Аджарэ» цIэр зэрехьэ Абхъазым щежэх Кодор псышхуэ абрагъуэм ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ къыщыс къуажэми.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.