|
Статьи на кабардинском языке
24 ноября, 2022 - 06:03
Гъуазджэ
АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Аиссе» тхыдэ романымкIэ полнометражнэ художественнэ фильм зэрытрахым теухуа хъыбар мызэ-мытIэу ди газетым тетащ.
Мы махуэхэм Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щокIуэкI фильмыр. Абы фыщеплъыфынущ Налшык и «Дея» киногъэлъэгъуапIэм.
23 ноября, 2022 - 06:39
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым физикэмрэ есэпымкIэ и къудамэм и 4-нэ курсым щеджэ Насып Алим иджыблагъэ и зэфIэкIыр щигъэлъэгъуащ икIи щытекIуащ УФ-м ЦIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа «Студент стартап» зи фIэщыгъэ зэхьэзэхуэм.
23 ноября, 2022 - 06:37
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Курортхэмрэ туризм хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ «ТекIуэныгъэм и зекIуэ» псэкупсэ пэхуэщIэм (проектым) кърикIуахэм щыхэплъэжащ. ГъэфIэж пшыхь жыпхъэм иту ирагъэкIуэкIа зэIущIэм кърагъэблэгъащ зекIуэм хэта ныбжьыщIэхэр, абыхэм я егъэджакIуэхэмрэ гъуазэхэмрэ, лъахэхутэ зэщIэхъееныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
23 ноября, 2022 - 06:35
КъытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу, пщIэрэ нэмысрэ яхэлъу гъэсэным дапщэщи гулъытэшхуэ щегъуэт ди щIыналъэм. Школхэмрэ сабий садхэмрэ екIуалIэ ныбжьыщIэхэр щIапIыкI хэкум и лIыхъужьхэм, гуащIэдэкI лэжьыгъэм, зауэм, нэгъуэщI IэнатIэхэм къыщыхэжаныкIахэм я гъащIэ щапхъэм. Ар зи мурад нэхъыщхьэ зэIущIэхэм хуэдэщ Налшык дэт «ДыгъафIэ къалэм» иджыблагъэ къыщызэрагъэпэща Iуэхугъуэр.
23 ноября, 2022 - 06:32
Шэджэм районым хыхьэ Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта «Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблым и художественнэ унафэщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къурашэ Эдик мы махуэхэм игъэлъэпIащ и ныбжьыр илъэс 60 зэрырикъуар.
22 ноября, 2022 - 06:38
КъБР-м и архив IуэхущIапIэм къыдигъэкIащ дэфтэрхэр щызэхуэхьэса «Документы свидетельствуют» тхылъ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум хуагъэпсар.
КъыдэкIыгъуэм и напэкIуэцIхэм щызэхуэхьэсащ иужьрей илъэси 100-м къызэщIиубыдэ тхыдэ гъуэгуанэр зыхуэдамрэ цIыхубэм я гуащIэмрэ.
22 ноября, 2022 - 06:37
Илъэс мини 4,5-рэ ипэкIэ дунейм къытехьащ Хеопс и пирамидэр. Ар Пасэрей Мысырым и ухуэныгъэ нэхъ ин дыдэхэм хабжэ. Абы метри 139-рэ и лъагагъщ.
21 ноября, 2022 - 09:35
КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щедэIуащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетыр 2023 гъэм, 2024 - 2025 гъэхэм ятещIыхьауэ», «КъБР-м ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и бюджетыр 2023 гъэм, 2024 - 2025 гъэхэм ятещIыхьауэ» проектхэм.
21 ноября, 2022 - 06:45
Муниципалитетхэм я лэжьыгъэм щыхэплъэ зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я Iэтащхьэхэр.
21 ноября, 2022 - 06:45
КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ, щIыналъэ бюджетым къыхэкI ахъшэкIэ къащэхуа транспортыщIэхэр дыгъуасэ иратащ республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэхэм епха IуэхущIапIэхэм.
Автобусхэр къыщагъэсэбэпынущ Булунгу, Хъущтэ-Сырт, Шэджэм Ищхъэрэ, Балъкъэр Ипщэ, Джэрпэджэж, Безенги къуажэхэм.
Страницы
|