КъытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу, пщIэрэ нэмысрэ яхэлъу гъэсэным дапщэщи гулъытэшхуэ щегъуэт ди щIыналъэм. Школхэмрэ сабий садхэмрэ екIуалIэ ныбжьыщIэхэр щIапIыкI хэкум и лIыхъужьхэм, гуащIэдэкI лэжьыгъэм, зауэм, нэгъуэщI IэнатIэхэм къыщыхэжаныкIахэм я гъащIэ щапхъэм. Ар зи мурад нэхъыщхьэ зэIущIэхэм хуэдэщ Налшык дэт «ДыгъафIэ къалэм» иджыблагъэ къыщызэрагъэпэща Iуэхугъуэр.
«ЛIыхъужьыгъэм и дерс» фIэщыгъэр зиIа а зэхуэсыр къызэригъэпэщащ икIи иригъэкIуэкIащ «Урысейм и гугъапIэ» Бзылъхугъэхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм ди республикэм щиIэ IэнатIэм и Налшык къудамэм и пашэ Букинэ Еленэ. Абы кърихьэлIат ТворчествэмкIэ сабий академием и егъэджакIуэхэр, гъэсэнхэр. Букинэм къызэхуэсахэм яжриIэжащ и къуэ Анатолэ, бзаджащIэхэм япэщIэту зи псэр зытауэ щыта лIыхъужьым, бгъэдэлъа гъэсэныгъэмрэ дуней еплъыкIэмрэ.
Букин Анатолэ 1976 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм къалъхуащ. Налшык дэт курыт школ №1-р ехъулIэныгъэкIэ къиухащ, 1994 гъэм къыщыщIэдзауэ хабзэхъумэ IэнатIэм хэту лэжьащ, щытхъу иIэу, къалэн къыщащI сыт хуэдэ лэжьыгъэри къызыхуэтыншэу, жэуаплыныгъэ ткIий зыхищIэу игъэзащIэу.
Анатолэ и анэ Букинэ Еленэ ныбжьыщIэхэм зэражриIэжамкIэ, къуэм гъэсэныгъэ тэмэм иритыфат абы. Анатолэ хэкупсэт, цIыхухэр, ныбжьэгъухэр фIыуэ илъагъурт. Школым щыщIэса илъэсхэми сыт хуэдэ Iуэху и пщэ къыдалъхьэми, ар тэмэму зэригъэзэщIыным хущIэкъурт. Хабзэхъумэ IэнатIэм зэрыпэрыта зэманми зэи къэхъуакъым ар ита ТхьэрыIуэм щепцIыжа. Лэжьыгъэм щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ Букиным къыхуагъэфэщауэ щытащ къэрал дамыгъэ лъапIэхэр. Апхуэдэхэт «Кавказым къулыкъу зэрыщрихьэкIам папщIэ», «Зауэм зэрыхэтам папщIэ», «Урысейм и МВД-р илъэс 200 ирокъу», «Къулыкъум къызэрыхэжаныкIам папщIэ» медалхэр, нэгъуэщIхэри.
УФ-м и МВД-м Налшык щиIэ полицэ къудамэ №1-м и оперативнэ плъыр нэхъыжь, полицэм и подполковник Букин Анатолэ щапхъэу ягъэлъагъуэу ирихьэкIащ зыпэрыт IэнатIэр. 2013 гъэм къалащхьэм щаукIауэ щытащ, IэщэкIэ зэщIэузэда бзаджащIэ къытеуэри. Зи къалэнхэр пэжу, жэуаплыныгъэ пылъу езыхьэкIа, къулыкъум щыпэрытым къигъэлъэгъуа хахуагъэмрэ хэлъа лIыгъэмрэ папщIэ Букин Анатолэ ЛIыхъужьыгъэм и орден хуагъэфэщауэ щытащ, УФ-м и Президентым къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ. Офицер лIыхъужьым и фэеплъыр ягъэлъапIэу, ар щеджа курыт школым илъэс зыбжанэ ипэкIэ къыщызэрагъэпэщащ плIанэпэ щхьэхуэ, Анатолэ и сурэтрэ абы теухуа тхыгъэрэ щызэхуэхьэсауэ.
«ЛIыхъужьыгъэм и дерсым» кърихьэлIа псори а Iуэхугъуэхэм щыгъуазэ хуищIащ Букинэ Еленэ. НыбжьыщIэхэр щэхуу, Iэдэбу едэIуащ и къуэ лIыхъужьым теухуауэ анэм къиIуэтэжа хъыбархэм. Урысейм и офицер хахуэхэм халъытэ Букин Анатолэ и гъащIэр щапхъэ яхуэхъуащ зэIущIэм хэтахэм. ЕкIуэкIыр зыфIэхьэлэмэт ныбжьыщIэхэм упщIэхэр я куэдт. Абыхэм жэуап яритащ Еленэ.
Дерсым и кIэухыу Еленэ псоми ехъуэхъуащ узыншагъэ быдэ яIэну, еджэным ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьэну, мамырыгъэрэ зэпэщыныгъэрэ ди щIыналъэм илъыну. Сабийхэми псалъэ гуапэ хужаIащ офицер лIыхъужьым и гъащIэм гъунэгъуу щызыгъэгъуэза хьэщIэм. Ахэр лъэIуащ Букинэр дяпэкIи къахуеблэгъэну, зэгъусэу зытепсэлъыхьын Iуэхугъуэ куэд иджыри зэрыщыIэр къыхагъэщу.
КЪАРДЭН Маритэ.