|
Статьи на кабардинском языке
2 декабря, 2022 - 06:45
Адыгэ литературэм и классик, усакIуэ икIи тхакIуэ, егъэджакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий дунейм зэрехыжрэ илъэс 81-рэ щрикъум ирихьэлIэу, щэкIуэгъуэм и 29-м Налшык къалэм пэкIу щызэхэтащ. Ар къыщызэрагъэпэщащ усакIуэшхуэм и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и пщIантIэм дэт и фэеплъым деж.
2 декабря, 2022 - 06:25
Лъахэхутэ-лъахэдж цIэрыIуэ Ефремов Юрий Хэку зауэшхуэм ипэкIэ къызэхикIухьауэ щытащ адыгэ-убых-абазэ лъэпкъ зэрыбыныр Iуву щыпсэуа КъухьэпIэ Кавказым и плIанэпэ куэд.
2 декабря, 2022 - 06:25
ИлъэсыщIэр ауэ къэгъэнауэ, ди хъуреягъыр зыгъэдахэ псейхэр, уэздыгъуейхэр, къызэрыщIэкIымкIэ, жыг нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, ахэр дунейм къызэрытехьэрэ илъэс мин 300-м нос.
1 декабря, 2022 - 12:01
1972 гъэм нэмыцэ бзылъхугъэ Сейдер Вероникэ метр 1600-кIэ пэжыжьэ цIыхухэм я теплъэр IупщIу къилъагъуфащ. Ар тIощIкIэ нэхъыбэщ цIыху къызэрыгуэкIым къилъагъуфынум нэхърэ. Сейдер Гиннессым РекордхэмкIэ и тхылъым итщ дунейм нэхъ нэ жан дыдэ зиIэ цIыхуу.
1 декабря, 2022 - 08:49
Ди гъунэгъу Сэрэж дадэ хъыбар жебгъэIэжу убгъэдэсыныр куэд и уасэщ. Абы имыщIэр укIуэдыж, жыхуаIэм хуэдэщ.
«Хъыбар гуэрхэр къезгъэIуэтэжынщ, езыри тIэкIу тезгъэунщ», жысIэри дадэм я дей секIуэкIауэ солъагъу: Сэрэж дэшхуей жыгыщIэ цIыкIуитI къыхитIыкIауэ хадэм къокIыж. ЗэрищIынумкIэ сыщеупщIым жиIащ:
1 декабря, 2022 - 08:45
Бзылъхугъэр лъэпкъым и набдзэщ, и нэмысщ, и узыншагъэщ. Ар анэшхуэщ, анэщ, шыпхъущ, щхьэгъусэщ, бынщ, ныбжьэгъущ… Нобэрей гъащIэм абы адэкIи куэд къыпыпщэ хъунущ: лэжьэгъущ, къулыкъущIэщ, егъэджакIуэщ, дохутырщ, хьэрычэтыщIэщ... Республикэм сыт хуэдэ увыпIэ щаубыдырэ бзылъхугъэхэм? Сыт хуэдэ ахэр я цIыху щIыкIэкIэ, IэщIагъэкIэ, зэфIэкIкIэ?
1 декабря, 2022 - 08:43
Тулэ къалэм дэт «Арсенал» спорткомплексым щекIуэкIащ Урысейм атлетикэ хьэлъэмкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэ куэдым икIа, зи ныбжьыр илъэс 15 - 18, 19 - 20-хэм ит спортсмен 500-м щIигъу.
30 ноября, 2022 - 12:59
Мы тхыгъэм ипэ къихуэу сытетхыхьат Адыгэ Республикэм хыхьэ Еджэрыкъуей къуажэм пщэдджыжьым жьыуэ лъакъуэрыгъажэм сытесу сыкъыдэшэсыкIыу а жылэр зыбгъэдэс Лабэ псы абрагъуэм сыбгъурыту ипщэкIэ, къуршхэр здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ, зэрыдэзгъэзеяуэ щытам.
30 ноября, 2022 - 09:53
«2022 гъэм и мафIэсгъэункIыфI инструктор нэхъыфI» еплъыныгъэ-зэпеуэ екIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IэнатIэм и профилактикэ гупхэм я инструкторхэр.
30 ноября, 2022 - 06:03
КъБР-м и щыхьэрым щатащ Налшык къалэм щыIэ УМВД-м и регистрационно-экзаменационнэ къудамэр щылэжьэну унэщIэр.
Страницы
|