НЭХЪ ХУЭНЫКЪУЭХЭМ ИРАТ

КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ, щIыналъэ ­бюджетым къыхэкI ахъшэкIэ къащэхуа транспортыщIэхэр дыгъуасэ иратащ республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэхэм епха IуэхущIапIэхэм.
 
Автобусхэр къыщагъэсэбэпынущ Булунгу, ­Хъущтэ-Сырт, Шэджэм Ищхъэрэ, Балъкъэр Ипщэ, Джэрпэджэж, Безенги къуажэхэм.
Абыхэм къищынэмыщIа, техникэ 26-рэ зэрагъэ­пэщащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэт IуэхущIапIэхэм ­папщIэ. Иджыри транспорт 15 илъэсым и кIэ пщIондэ къащэхуну я мурадщ. ТехникэщIэхэр яIэрыхьэнущ республикэм и район, къалэ округу 9-м: Бахъсэн къалэ округым, Прохладнэ, Дзэ­лыкъуэ, Лэскэн, Тэрч, Аруан, Шэрэдж, Iуащхьэ­махуэ районхэм.
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм епха IуэхущIапIэхэм дэIэпыкъуэгъу псын­- щIэм и машинэу 9-рэ реанимобилу 1-рэ иратащ.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ транспортыщIэхэр къызэращэхуфам, федеральнэ проектхэр республикэм зэригъэзащIэм и мыза­къуэу, щIыналъэми и фIыгъэ зэрыхэлъыр.
- ИкъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным республикэм и ахъши зэрыхэтлъхьэфым. Зэдгъэпэща автобусхэр транспорткIэ гугъуехь здэщыIа къуажэ нэхъ пхыдзахэм щызекIуэнущ. Санкцэхэр зэран хуэдгъэхъуну­къым лъэпкъ проектхэм къыщыгъэлъэгъуахэр гъэ­зэ­щIэным, - къыхигъэщащ КIуэкIуэм.
Украинэм щекIуэкI Iуэхухэм хэтыну Къэбэрдей-Балъ­къэрым икIахэм папщIэ къащэхуащ УАЗ автомобилу 5.

КЪАНЩАУЭ  Мэлычыпхъу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.