|
Статьи на кабардинском языке
13 марта, 2023 - 05:59
КъБР-м щыIэ МВД-м и ГИБДД-м и батальон щхьэхуэм и плъыр частым жэщыр сыхьэти 3-м нэблэгъауэ псэлъа цIыхухъум хъыбар яригъэщIащ Налшык къалэм Мэлбахъуэм и уэрамым тет унэхэм ящыщ зым пэгъунэгъуу автомашинэ гуэр зэрыщытым икIи увыIэ имыIэу аварие сигнал къызэрыIум теухуауэ.
12 марта, 2023 - 06:25
Гъатхэпэм и 3-м Налшык къалэм щекIуэкIащ «Унагъуэр анэдэлъхубзэм, хаб-зэм я хъумакIуэщ» республикэ зэпеуэм и кIэух Iыхьэр. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и къудамэу «ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ центрым» къыхилъхьа а зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэхэр республикэм и щIыналъэхэм щекIуэкIащ. Абы щыщу кIэух Iыхьэм хэтыну зыхуагъэфэщар унагъуихщ.
12 марта, 2023 - 06:25
Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» мазэ лэжьыгъэр иухащ. А зэманым къриубыдэу абы хэтащ класс нэхъыжьхэм щIэс 7000-м щIигъу.
12 марта, 2023 - 06:25
«Адыгэ макъ» республикэ газетым и лэжьыгъэ купщIафIэхэмкIэ Адыгейм и мызакъуэу, гъунэгъу хэгъэгухэми къыщацIыху, и тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр къуэш республикэхэми щызэIэпах, хамэ къэрал куэдым адыгэ щIэджыкIакIуэхэр щиIэщ.
11 марта, 2023 - 06:25
1923 гъэм гъатхэпэм и 8-м къыдэкIауэ щытащ хьэрып алыфбейкIэ тха «Адыгэ макъ» япэ адыгэ газетыр. Зи бжыгъэкIэ 500 хъууэ къыдэкIа япэ номерыр зыIэрыхьа цIыхухэри зэрыхьа унагъуэхэри хуабжьу щыгуфIыкIащ абы - ди бзэкIэ тха газетым и гъуэгур зэIуха хъуат.
11 марта, 2023 - 06:25
Дызэрыщыгъуазэщи, УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ 2023 гъэр егъэджэныгъэ IэнатIэм пыщIа IэщIагъэрылажьэхэм я илъэсу ягъэуващ. ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсым зэрыпежьэ гуфIэгъуэ зэIущIэшхуэ Тэрч щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.
10 марта, 2023 - 06:44
КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым гъатхэпэм и 7-м махуэшхуэ концерт гукъинэж щатащ, гуапагъэ, нэху, гугъэ, лъагъуныгъэ, гъащIэ зыт Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэм и щIыхькIэ. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ республикэм и Бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэмрэ.
10 марта, 2023 - 06:34
Зы илъэс хъуащ Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхам зэрыщIидзэрэ. А лъэхъэнэм къриубыдэу ди къэралым и цIыхухэмрэ и гъунапкъэхэмрэ зэрихъумэм къыдэкIуэу, дэ нэрылъагъу тщыхъуащ ди зэманым и лIыхъужьхэр къызэрыунэхум, дзэлI ахъырзэманхэр дызэриIэм.
10 марта, 2023 - 06:27
Кином и тхыдэм зыщыбгъэгъуазэмэ, ар къыщыунэхуауэ къалъытэр 1895 гъэм дыгъэгъазэм и 28-рщ. А махуэм Париж къалэм и Капуцинок бульварым тет кафем Люмьер зэкъуэшхэм трахауэ дуней псом щыяпэ дыдэу щагъэлъэгъуауэ щытащ «Прибытие поезда на вокзал Ла Сьота» фильм кIэщIыр.
10 марта, 2023 - 06:26
«Бжыгъэр зи лъабжьэ дерсхэр» зи фIэщыгъэ урысейпсо егъэджэныгъэ жэрдэмым ипкъ иткIэ, Нарткъалэ дэт лицей №1-м 2023 гъэм гъатхэпэм и 7-м дерс зэIуха щекIуэкIащ, Ар хьэрычэтыщIэ IэнатIэм и зыужьыныгъэм хуэгъэпса программэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрызэхэт Iыхьэхэр къэхутэным икIи джыным теухуат.
Страницы
|