Статьи на кабардинском языке

УЭРЭДЫР ЗИ ДАМЭ

Япэ урысейпсо каналым къызэригъэпэща «Голос. Дети» проектым 20I7 гъэм телъыджэу зыкъыщызыгъэлъэгъуа икIи етIуанэ увыпIэ къыщызыхьу Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ я «вагъуэ цIыкIу» хъуауэ щыта уэрэджыIакIуэ Хекилаевэ Денизэ нобэ иIэ ехъулIэныгъэхэм ди гуапэу я гугъу фхудощI.

ГЪУЭЗЫПШЭ «ШЭМЭДЖЫПЭ»

Шыхулъагъуэ (Млечный путь) вагъуэ куэщIым (галактикэм) и кум хуэзэу япон астрономхэм къыщахутащ алъандэрэ зыщымыгъуазэу къекIуэкIа пкъыгъуэ абрагъуэ.

ТХЫЛЪ ЦIЭРЫIУЭ ЗЫБЖАНЭ

Гиннессым и рекордхэм я Тхылъыр

Гиннессым и дунейпсо рекордхэм я тхылъым и цIэр хэт зэхэзымыхар! Ауэ, дуней псом къыщыхъу рекордхэр зэхуэпхьэсурэ Тхылъым иптхэн гупсысэ гъэщIэгъуэным къежьапIэ хуэхъуар куэдым къыбжаIэфыну къыщIэкIынукъым. Нэхъ гъэщIэгъуэныжращи, пивэ цIэрыIуэм и маркэмрэ рекордхэм я тхылъымрэ сыту пIэрэ зэхуаIуэхур?

ИДЖЫ ЩIЫР КIУЭЦIРОЩЭТ

ЗэгурымыIуэныгъэмрэ зэныкъуэкъумрэ пщызыгъэгъупщэ нэщIэбжьэ къыщыхъуащ Тыркум. Дуней псор щыхьэт техъуащ щIыуэпсыр дэ нэхърэ куэдкIэ зэрынэхъ лъэщым, цIыху цIыкIур зэрымахэм. ЩIыхъейр мыужьыхауэ, къытрегъазэ, мин бжыгъэкIэ абы ихьа гъащIэм къыхигъахъуэу. ЩIэныгъэлIхэр хуэхьэзырщ щIыхъейм кърикIуэнкIэ хъуну псыдзэм, ауэ сыт епщIэнур щIыпIэ-щIыпIэкIэ Тыркум и щIыр зэрыщыпхыщэтым?

ДАБЖЫН ЩЫЩIАДЗАР

Япэ дыдэу цIыхухэм ятеухуа хъыбархэр зэхуахьэсын щIадзауэ щытащ тэтэрхэмрэ монголхэмрэ тепщэу щыщытам. Абы и щхьэусыгъуэри налог къыхэхынырт.

XV - XVI лIэщIыгъуэхэм цIыхухэр къызэрыхабжыкI тхылъ щыIэт. XVII лIэщIыгъуэм налог къызэрыхах IэмалыщIэ къаублащ - пщIантIэ къэс техуэр итын хуейуэ. Абы еджэрт «пщIантIэ къыхэтхыкIкIэ» («подворная перепись»).

ЩIыналъэ щхьэ­хуэныгъэхэр къалъытэнущ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи чэзу зэIущIэр мазаем и 28-м иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым къыбгъэдэкIыу УФ-м и сенатор Ульбашев Мухьэрбий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэм КИФЩI-м щиIэ аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ Мэкъуауэ Тимур, КъБР-м и прокурор Хабаров Николай.

IэпщIэлъапщIэхэм Мейкъуапэ щрагъажьэ

«Илъэсым и цIыху IэпщIэлъапщIэ» урысейпсо зэпеуэм и ныпыр щызэIэпахыну эстафетэр гъуэгу зэры­теувэм теухуауэ Мейкъуапэ щрагъэкIуэкIа дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Зэхыхьэр къызэIуахащ Урысей Федерацэм егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергейрэ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КумпIылI Муратрэ.

ПЭСЭРЕИБЗЭУ БЗЭ ПСОМИ Я ЛЪАБЖЬЭ

Иужьрей илъэсхэм щIэныгъэм зыкъигъэзащ адыгэ дунеймрэ щэнхабзэмрэ дежкIэ. Псалъэм папщIэ, Канадэм щыIэ Макмастер университетым и профессор Коларуссо Джон адыгэбзэр куууэ едж, кIуэдыжа убыхыбзэм, абазэбзэм, абхъазыбзэм, бжьэдыгъубзэм, шапсыгъыбзэм йолэжь.

ЩIЭДЗАПIЭ ЗИIЭМ КIУАПIЭХЭР КЪИГЪУЭТЫНУЩ

Налшык къалэм дэт, дзюдо бэнэкIэ лIэужьыгъуэм щыхуагъасэ «Локомотив» спорт IуэхущIапIэм иджыблагъэ «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэм» и щIыпIэ къудамэр къыщызэIуахащ, абы ехьэлIа гуфIэгъуэ зэIущIэшхуи щекIуэкIащ.

МАРДЭЩIЭХЭР И ЛЪАБЖЬЭУ

Iуащхьэмахуэ районым хыхьэ Эльбрус жылагъуэм иджырей жыпхъэхэм тету амбулаториещIэ щаухуэ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм цIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр щрат и IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» щIыналъэ программэмкIэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке