Анэдэлъхубзэмрэ гуащэгъэджэгумрэ

Анэдэлъхубзэм и IэфIыр зыхэзыщIэ щIэблэ къэгъэтэджыныр егъэджэныгъэм пщэрылъ зыщи­щIыжын, Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къилъытэн хуей пщэ­рылъщ. Зи щхьэ пщIэ хуэ­зыщIыж лъэпкъым абы ­теухуауэ зэфIигъэкI лэ­жьы­гъэр тхэрэ еджэфу еджакIуэм есэныгъэ иритым къыщыувыIэн хуейкъым, атIэ анэдэлъхубзэмкIэ гупсысэу, гъащIэм и лъэныкъуэ псоми щызэрахьэу, шэщIауэ ирипсалъэу, ар шэрыуэу псэлъэкIэм ­хиухуанэу, жыпIэпэнумэ, фащэу щызэрихьэу зэпыу зимыIэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэ иригъэкIуэкIыпхъэщ. 

ЗэрытщIэщи, бзэр лъэп­къым къикIуа тхыдэ ­гъуэгуанэм и гъуджэщ. Ауэ, нэхъыщхьэращи, ар къэ­кIуэнум и гъуэгугъэлъа­гъуэщ, пщэдейрей махуэ­-хэм лъэ быдэкIэ ухэзыгъэ­тын хъугъуэфIыгъуэщ. ­Анэ­дэлъхубзэр быным езы­гъащIэр, япэ бзэ щIэныгъэр абы ябгъэдэзылъхьэр адэ-анэхэра пэтми, иджырей лъэхъэнэм а IуэхумкIэ мы­нэхъ мащIэу пщэдэкIыж яхь хъуащ егъэджакIуэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, къэ­рал къулыкъущIапIэхэм. Абы къикIыр аращи - анэ­дэлъхубзэр хъумэныр, егъэ­фIэкIуэныр, зегъэужьыныр зэрылъэпкъыу я зэхуэдэ пщэрылъщ.
Адыгэбзэр утыкум зэпы­мычу итыным, абы и пщIэр къэIэтыным хуэунэтIауэ иужьрей илъэсхэм Iуэху­-гъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд дыдэ зэфIегъэкI ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зе­зыхьэ Адыгэбзэ Хасэм. Абы къызэригъэпэщ икIи иригъэкIуэкI зэхьэзэхуэхэмрэ гъэ­лъэгъуэныгъэхэмрэ теу­хуащ ныбжьыщIэхэм я адыгэ­бзэм зегъэубгъуным икIи гъэкуууным, ар лъагэ щIыным. Лъэпкъ IуэрыIуа­тэхэм къыщегъэжьауэ дыкъэзыухъуреихь дунейм и щэхухэмрэ ахэр хъума зэ­рыхъуну Iэмалхэр къэгъуэ­тынымрэ ирипсэ­лъэ­жы­ным­рэ щыщIэкIыжу щIэблэм я къэухьым зезыгъэужь, я гупсысэкIэм зыкъезыгъэIэт проект хьэлэмэт куэд утыку кърелъхьэ Адыгэбзэ Хасэм. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ я деж щIэ­упщIэшхуэ щызыгъуэта, гушы­Iэрейхэмрэ къэщIэ­рейхэмрэ я «Джэгурэш» гушыIэ зэпеуэр, «ЛIакъуэ­еджэ» щIэ­ныгъэ-узэщIакIуэ зэпеуэр, щIэныгъэщIэкъу­хэм я «Жыжьаплъэ» лъахэхутэ зэпеуэр, къэхутэныгъэ езыгъэкIуэкI ныбжьы­щIэ­хэм я «ЩIэнхабзэЛъахэ» зэпеуэр, «БэрэIущ» Iущы­рыхэш зэпеуэр, «Усэпсэ» уна­гъуэ зэпеуэр, нэгъуэщI куэдри.
Лэжьыгъэ купщIафIэ куэд ирегъэкIуэкI къызэрыу­нэху­рэ куэд мыщIа «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондми. Абы и фIыгъэщ Налохэ къахэкIа щIэныгъэлIхэм - Жансэхъу, Ахьмэдхъан, Заур, Евгение сымэ - я цIэхэр зэрихьэу Хьэтуей къуажэ къыщызэ­Iуаха щIэныгъэ-узэщIакIуэ центрыр щыIэ зэрыхъуар, лъэпкъым дежкIэ мыхьэ­нэшхуэ зиIэ тхылъ зыбжанэ дунейм къызэрытехьар, «Сы­ринэ» зи фIэщыгъэ ныбжьыщIэ театрыр къызэ­ры­зэпэщар. Дэтхэнэ проектми анэдэлъхубзэм и пщIэр еIэт, ныбжьыщIэхэр зэрешалIэ, пщэрылъ зыщищIыжа Iуэ­хугъуэ пыухыкIахэр зэщIа мэхъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым Егъэ­джэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я Iуэху­хэмкIэ и министерст­вэм егъэджакIуэхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ щыхагъахъуэ икIи щрагъэфIакIуэ и центрым анэдэлъхубзэхэм яхуэгъэзауэ лажьэ лабораторие щыIэ зэрыхъурэ куэд щIакъым. ПIалъэ кIэщIым къриубыдэу унафэ пыухыкIа зыгъуэтын хуей IуэхугъуэфI зыбжанэ зэфIигъэкIащ абы. Дызэрыщыгъуазэщи, анэ­дэлъхубзэхэр зэрадж тхылъ­хэр еджэныгъэм къигъэув мардэщIэхэм тету зэхэгъэувэжын, программэщIэхэр абы­хэм яхуэтхын, бзэри литературэри зэраджын методикэ дэIэпыкъуэгъухэр гъэ­хьэзырын хуейуэ щытыкIэ лъэпкъ мащIэхэр иува хъуат. Лабораторием и гуащIэ хэлъщ зи гугъу тщIа Iуэху­гъуэ псори псынщIэу икIи купщIафIэу зэфIэгъэкIа зэ­ры­хъуам. УзыщыгуфIыкIын хуейуэ мыбы хэлъщ дяпэкIэ курыт еджапIэхэм яIэщIы­хьэну тхылъхэр щIыналъитIым - Къэбэрдей-Балъкъэ­рымрэ Къэрэшей-Шэрджэ­сымрэ - зэдайуэ зэрызэ­халъ­хьар, лъэныкъуитIми щыщ IэщIагъэлIхэр Iуэхум зэрыхэлэжьар, адыгэбзэм и фIэщыгъэр хамэбзэкIэ зыуэ Iууэ зэращIар.
Лабораторием и лэжьа­кIуэхэм - Щоджэн Iэминатрэ (адыгэбзэмкIэ пщэдэкIыж зыхь IэщIагъэлI) Конаковэ Любэрэ (балъкъэрыбзэмкIэ пщэдэкIыж зыхь IэщIагъэлI) - еш имыIэу ирагъэкIуэкI зэпеуэхэм къыхашэр еджа­кIуэ­хэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я закъуэкъым, атIэ ахэр ­уна­гъуэмкIи йоплъэкI, абы телъ хьэкъри гъэсэныгъэм­рэ еджэныгъэмрэ нэры­лъагъу щащIу, щхьэж къы­лъыс ­къалэныр къыхалъхьэ проектхэм щрагъэгъэзащIэу.
Анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ хъумэным хуэу­нэтIащ иджыблагъэ ­лабораторием и лэжьакIуэ­хэм ирагъэкIуэкIа «Гуащэгъэджэгур анэдэлъхубзэ­хэм­кIэ» зи фIэщыгъэ проект дахэр. Мыбдеж занщIэу къы­щыхэгъэщын хуейщ мы гупсысэр Урысейм щызекIуэ лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэм заужьынымкIэ щыIэ фондым (Фонд развития родных языков РФ) и дэIэ­пыкъуныгъэ хэлъу зэрырагъэкIуэкIыр. Ар теухуат еджа­пIэхэм лъэпкъ Iуэры­Iуатэм щыщу нэхъ езэгъ­рабгъуу къалъытэ таурыхъ­хэр е хъыбархэр къащтэу ­гуащэгъэджэгу щIыным икIи утыку къилъхьэным.
Лабораторием мы гъэм япэ дыдэу иригъэкIуэкI мы гуащэгъэджэгу гъэлъэгъуэ­ныгъэм къыхыхьащ Хьэ­тIохъу­щыкъуей къуажэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэр, Бахъ­сэн къалэ дэт, Пащты Сулъ­тIан и цIэр зезыхьэ 1-нэ курыт еджапIэр, Мысостей къуажэ дэт курыт еджапIэр, Инарыкъуей цIыкIурэ Тамбовскэрэ зэдай, Щомахуэ Алексей и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм я ныбжьы­щIэ гупхэр.
Курыт еджапIэхэм Iэмал хъарзынэхэр яIэщ ныбжьы­щIэхэм жылагъуэ зэхэты­кIэм­рэ щэнхабзэмкIэ пэ­щIэ­дзэ есэныгъэхэр езыт дерсхэр къызэрагъэпэщыну. Абы и лъэныкъуэкIэ теат­рымрэ гуащэгъэджэгухэм­-рэ яхуэбгъадэ хъун щымы­-Iэу Iэмал хъарзынэхэр ­якъуэлъщ. Сабийм театрым е гуащэгъэджэгум щигъа­кIуэ зэманым и бзэм зригъэужь къудейм къыщынэркъым, атIэ абы и зыIыгъы­кIэм, псэлъэкIэм, утыку ихьэ­кIэ-икIыжыкIэм я нэщэ­нэхэм зыщегъэгъуазэ, ахэр лъэпкъ хабзэхэм я жыпхъэм иту зэрихьэу зегъасэ. Сабийр щыпсалъэкIэ гупсы­-сэр зэпигъэувэфу гъэсэ­-ным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Гуа­щэр щигъэджэгум деж, ныбжьыщIэм щапхъэу илъагъу псэлъэкIэмрэ Iуэху зе­гъэ­кIуэ­кIэмрэ абы пкърилъхьэну хуожьэ, къызэрыкIуэ щы­тыкIэм ещхьу утIыпщауэ псалъэу щIедзэ, зыщIыкIэ-зыIыгъыкIэхэмкIэ къэзы­къуз щымыIэу екIуэкIым ­хелъасэ. Арыххэуи, ар и щэ­ным щыщ зы Iыхьэу, къытригъэзэжмэ имыжагъуэу зыхущIэкъу есэныгъэу ныбжьы­щIэм иIэ мэхъу. Гъэсэ­ныгъэр зэрыщытыр аращи, зэ щапхъэу ирагъэлъэгъуар сабийхэм бзыпхъэу къащтэри, абы адэкIэ гъащIэ егъуэт.
Гъэлъэгъуэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэри аращ: гуа­щэгъэджэгум гъуэгу еты­нырщ, ар гъэсэныгъэ лэ­жьы­гъэм щыщ Iыхьэ нэхъыщхьэу гъэувынырщ, адыгэ­бзэр щIэблэм фIыуэ ящIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэхэм ящыщу къегъэщтэнырщ, театр Iэмалхэр хэлъу цIыкIухэр лъэпкъ щэнхабзэм куууэ щыгъэ­гъуэзэнырщ.
Абы и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, гуащэгъэджэгу зэпеуэм къыхыхьа гупхэм зэ­фIэкIышхуэ къакъуэкIащ. Дэт­хэнэ зы гупми гуащэгъэджэгур гъэхьэзырыным зэманышхуэрэ къарууш­хуэ­рэ зэрырихьэлIар нэры­лъагъут. ХьэтIохъущыкъуейхэм я «Мыщэ и къуэ Батыр» таурыхъри (зыгъэхьэзырар Тембот Оксанэрэ Псэныкъуэ Стеллэрэщ), бахъсэндэсхэм я «ТхьэкIумэкIыхь анэр, ба­жэр, дыгъужьыр» псысэри (зыгъэхьэзырар Бэрбэч Юлэщ), мысостейхэм я «Мывэм и къуэ» нарт тхы­дэжьри (зыгъэхьэзырар Зы­хьэ Маритэщ), джылахъс­тэней ныбжьыщIэхэм ­ягъэува «Бажэ пшынэ» ли­тературэ псысэри (зыгъэ­хьэзырар Бузд Хьэрифэтщ) бгъэувынкIэ тынш яхэткъым. Джэгунухэм я къалэныр щхьэж и хьэлым хуэфащэу къыхэхыныр, текстыр зэрыщыIэ бзэр сабийм Iурылъхьэныр, щызэпыуд къыхэкIмэ, хуэкIуэ псалъэкIэ джэгур «егъэ­ды­жыныр», Iэпэгъэджэгумрэ утыкумрэ зэщымыкъуэу, екIуэ­кIыр еплъым къыгу­рыIуэу гъэпсыныр, макъамэр екIуу щIэлъхьэныр - нэгъуэщIу жыпIэмэ иджыри зы гъуазджэ дуней щIэрыпс къэгъэщIыныр - егъэджа­кIуэми еджакIуэми зэдащIэ лэжьыгъэшхуэщ.
А IэнатIэм пэрыувахэм ар хъарзынэу къазэрехъулIам шэч хэлъкъым, къэпщы­та­кIуэ гупми къызэгъэпэща­кIуэхэми фIэщхъуныгъэ бы­дэ яIэ хъуащ гуащэгъэ­-джэгу зэпеуэр илъэс къэс ебгъэкIуэкIи зебгъэубгъуи зэрыхъунум.
Iуэхугъуэм хэта сабийхэр сыт и лъэныкъуэкIи абы и курыхт. Я нэгур зэлъыIухарэ зыхэтым гукъыдэж къазэ­рыритыр зыхэпщIу я къалэ­ныр нэсу ягъэзэщIащ. Ар щыплъагъукIэ, уогупсыс: хэт деж къыщынэр анэдэлъхубзэм и псэуныгъэр - ар щIэб­лэм я деж нэзыхьэсын ­хуейхэра хьэмэрэ нэсу зы­хуэмыгъэIэкIуэлъакIуэхэ­- ра, жып­Iэу. Анэдэлъхубзэ­хэм яхуэ­гъэзауэ лажьэ ­ла­бораторием апхуэдэ уп­щIэ­рэ гурыщхъуэрэ къы­хэ­мыкIыу ди щIыналъэм щызекIуэ бзэхэм я щыIэныгъэм толажьэри, я гупыжыр ядэ­п­Iыгъыну уасэ иIэкъым.
Зэхьэзэхуэр иджыри и кIэм нэсакъым, адыгэбзэ Iы­хьэр зэфIэкIауэ, балъкъэ­рыбзэмрэ урысыбзэмрэ я гъэлъэгъуэныгъэхэр мы махуэхэм екIуэкIын хуейщ. ФIым я фIыжыр къыхэ­хы­ныр, сабийхэр гъэфIэжыныр лабораторием къы­щыпэ­щы­лъыр дяпэкIэщ.
ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.

06.05.2024 - 09:25

ГЪУАЗДЖЭМ И ХЭЩIАПIЭ

«Гардарика - Кавказ» арт-фестивалыр КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ.

06.05.2024 - 08:10

УРЫСЕЙМ И ЧЕМПИОН ШЭРИЙ ИНАЛБЭЧ

Мэзкуу областым хыхьэ Сколково щIэныгъэ къалэм къикIыу хъыбар гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ. Мы махуэхэм абы и «Live Арена» спорткомплексым щекIуэкIащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионат.

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну.