«1 КъБР» щIыпIэ каналым и лэжьакIуэ Щоджэн Лаурэ и IэщIагъэм сыткIи хуэфащэщ жыпIэну, и адыгэбзэр хъарзынэщ, щабэу, гуапэу, мыпIащIэу псалъэу. Псом хуэмыдэу сигу ирохь ар сабийхэм зэрадэлажьэ щIыкIэр - зэуэ дзыхь зыхурегъэщIыф, камерэр ящегъэгъупщэф, ядоуэршэрыф. Дэри езым упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащи, къыджиIахэм фыщыдогъэгъуазэ.
- Лаурэ, псом япэу уи IэщIагъэр къызэрыхэпхам и гугъу дыгъэщIи, газет, радио мыхъуу, телевиденэм ущылэжьэну щIытебухуам сфIэгъэщIэгъуэнщ седэIуэну.
- Къапщтэмэ, сэ радиоращ си хъуэпсапIэу щытар, Луизэ. Абы сыт и щхьэусыгъуэр жыпIэмэ, сэ анэшхуэм и куэщI сыкъихъукIащ, пщэдджыжь къэс Iэмал имыIэу радио цIыкIур абы щIигъанэрти, зэгъусэу дедаIуэрт. Псом хуэмыдэу си анэшхуэм фIэфIт АфIэунэ Рае и нэтынхэр. Апхуэдэурэ си хъуэпсапIэ хъуащ радиом сыщылэжьэну. Сыщеджэ зэманым мызэ-мытIэу радиом сыкIуэурэ нэтын зыбжанэ згъэхьэзырат. Ауэ иужькIэ ди телевиденэр лэжьакIуэ хуейуэ зэхэсхри, абы сыкIуащ, япэщIыкIэ архивым сыщIэсащ. Ар къыщIыхэзгъэщыр архивым сызэрыщылэжьа пIалъэр куэдкIэ сэбэп къысхуэхъуащи аращ. Абдеж сыщеплъыфырт нэтын ягъэхьэзырхэми нэхъ ипэкIэ трахахэми, апхуэдэу Iэмал сиIэт жанрхэр зэхэзгъэкIыу зезгъэсэну. Иужьым адыгэ редакцэм сыкъэуври (къэзухар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и адыгэ къудамэм и магистратурэрщ), си фIэщ мыхъуу жыхуаIэм хуэдэу, лэжьыгъэм сыдихьэхащ. Журналист IэщIагъэр кIуэ пэтми нэхъ щIэщыгъуэ сщыхъуу апхуэдэщ, ди лэжьыгъэр цIыхум махуэ къэс зезыгъэужь, щIэ гуэр къезыгъащIэ фIыгъуэу къызолъытэри. Зы нэтыным сыщелэжькIэ ныкъусаныгъэ гуэр сIэщIэкIамэ, сызрегъэгупсысыж, нэхъыфIу адэкIэ зэрысщIыным сыхущIегъэкъу. Нэхъыщхьэжращи, нэтын къэс цIыхущIэ нэIуасэ къызэрысхуэхъур си дежкIэ зы лъапIэныгъэ гуэрщ.
- Япэ дыдэу бгъэхьэзыра нэтыныр иджыпсту уигу къозгъэгъэкIыжынут.
- Си анэшхуэм радиом сыщригъэдаIуэу щыта зэманым щегъэжьауэ си тхьэкIумэм къинауэ итт: «Нобэ студием щылажьэр АфIэунэ Раещ» псалъэхэр. АпхуэдизкIэ абы и макъымкIэ цIыхур къыдихьэхыфырти, абы зэредаIуэр фIэмащIэу, си анэшхуэм радио цIыкIур и тхьэкIумэм Iуилъхьэрт. «Абы ещхь сыхъуарэт», - жысIэу си гум зэрислъхьари хэлъу къыщIэкIынт. ЛэжьапIэ сыщыувым, АфIэунэм теухуа нэтын Iэмал имыIэу сщIын хуейуэ мурад сщIащ. АбыкIэ къыщIэздзэмэ, езы цIыхубзми си анэшхуэми я фэеплъу ар къэслъытэрт. Нэтыныр згъэхьэзырыну сыщеувалIэм, сэ Рае и макъыр сцIыху фIэкIа езым теухуауэ зыри сщIэртэкъым. ФIыуэ тлъагъуу, си егъэджакIуэу щыта, Рае ипхъу ТекIуий Мадинэрэ АфIэунэм къыдэлэжьахэмрэ саIущIэри, нэтыныр апхуэдэу хьэзыр хъуащ. Рае и лэжьыгъэм гурэ псэкIэ зэрыбгъэдэтар зэрысхузэфIэкIкIэ нэтыным къызэрыхэщыным сыхущIэкъуат. Абы и макъкIэщ япэ дыдэу хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм Хэкум теухуа хъыбархэр радиокIэ зэралъэIэсар. Теленэтыным хэзгъэхьат Рае и псалъэхэр: «Хэкум къикIыу фIэхъус фызох. Псалъэр Налшыкщ. Ди Iуащхьэмахуэ уэс къыщесащ, фэ фымылагъуми, нывжызоIэ» - жиIэу къыщIидзэу. Ар апхуэдизкIэ зыхыуигъащIэу, дахэу къэпсалъэрти, хэхэсхэр Хэкум къыщыхутэжауэ къащигъэхъуагъэнт. Сыгупсысэрт я анэдэлъхубзэмкIэ япэу хъыбархэр щызэхахым, а дакъикъэм ди лъэпкъэгъухэм я гум щыщIар сыту пIэрэт жысIэу. Адыгэ журналистикэр езыгъэфIэкIуахэм АфIэунэ Рае зэращыщым шэч хэлъкъым. Си лэжьыгъэр абы теухуакIэ къызэрыщIыздзами срогушхуэ.
- Лаурэ, уэ езым уи анэдэлъхубзэмкIэ узэрылажьэр сыт уи дежкIэ?
- Сэ сызэреплъымкIэ, бзэм худиIэ лъагъуныгъэр унагъуэм дежщ къыщежьэр. Языныкъуэхэм жаIэнкIи мэхъу цIыхур зыхэтым ар елъытауэ. Абыи Iыхьэ гуэр иIыгъыу къыщIэкIынщ, ауэ нэхъыбэу лъабжьэ щыбгъуэтыр укъызэрыхъукI унагъуэращ. СощIэж, иджыри сыцIыкIуу, адыгэбзэм седжэу сыздэщысым, си анэр къызбгъэдэтIысхьэри къызэупщIат: «Сэ фIыуэ сыкъэплъагъурэ?» - жиIэри. «НтIэ, узолъагъу», - естыжащ жэуап. «АтIэ сэ сызэрыплъагъум хуэдэ дыдэу, уи анэдэлъхубзэри фIыуэ плъагъун хуейщ» - къызжиIащ. Абдеж хьэкъыу сэ спхыкIащ ди бзэр зэрылъапIэр. Ди анэм адыгэ литературэр сыт щыгъуи фIыуэ илъагъурти, тхылъ иджыри сыкъыщемыджэфми, куэд къызгурымыIуэми, сызыбгъэдигъэтIысхьэрти, езыр къысхуеджэурэ сригъэдаIуэрт. Псом хуэмыдэжу бзэм и IэфIыр ЩоджэнцIыкIу Алий и тхыгъэхэмкIэ абы зыхызигъэщIащ: «ЩIымахуэ жэщ», «Мадинэ», «Къамботрэ Лацэрэ» жыхуиIэхэмкIэ. Мис абдеж къыщожьэ псори, анэм узытригъэувэ гъуэгум куэд елъытауэ къысщохъу.
- Сабийхэм папщIэ «Таурыхъищэ» нэтыным къыщыщIэдзауэ балигъхэм яхуэгъэза «ЩIэблэ узыншэ», «ЩхьэкIэмрэ лъабжьэмрэ», «ДжэгуакIуэхэр» жыхуиIэхэм щыщIэкIыжу, иджыпсту куэдым уолэжь. Сыт абыхэм нэхъ къахэбгъэщыр?
- Нэхъыбэу тесхыр ди лъэпкъ щэнхабзэм, щIэныгъэм епхахэрщ, апхуэдэуи, зэрыжыпIауэ, сабий нэтынхэр согъэхьэзыр. МыдэкIэ цIыхухэм я псэукIэм теухуа Iуэхугъуэхэри мащIэ-куэдми къызоIэт. Ауэ нэхъыфI дыдэу плъагъур жыпIэмэ, нэхъ спэгъунэгъур лъэпкъ щэнхабзэм ехьэлIауэ цIыхухэр къэзгъэпсэлъэнырщ. Абы щхьэхуэу яхухэхащ «ЩхьэкIэмрэ лъабжьэмрэ» нэтыныр. Ди лъэпкъым иIэ хъугъуэфIыгъуэр тхъумарэт, нэхъыбэм ахэр къащIарэт жысIэу, пщэрылъ гуэр зыхуэсщIыжа хуэдэу щытщ. Журналистым дежкIэ сыт нэхъыщхьэр?! ЦIыхур дахагъэ гуэрым хуэдунэтIын е хуэдущиин хуейщ.
- Ди зэманым жылагъуэр сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэм нэхъ къыпэджэжрэ?
- Гу зэрылъыстэмкIэ, иджыпсту ди цIыхур нэхъ дэзыхьэхыр лъэпкъ щэнхабзэращ. Ауэ «ЩIэблэ узыншэ» нэтыным ипкъ иткIэ, узыншагъэм зэрыхуэсакъыпхъэм дыщытепсэлъыхькIэ, куэд къыподжэж. Къэбгъэпсэлъа дохутырыр дауэ къэдгъуэта хъуну? Мы Iуэхум ехьэлIауэ хэт дызыбгъэдыхьэпхъэр? - жаIэу, нэтын нэужьым зыкъытхуэзыгъазэхэр мащIэкъым.
Нэхъ къызэгугъуэкIауэ, къыстехьэлъауэ зы нэтын иджыблагъэ згъэхьэзырат. Наркоманием и хъым ихуа щIалэ къэзгъэпсэлъат, илъэсищ-плIы хъуауэ гъащIэ узыншэм зэрытеувэжыр къыхэщу. Нэтыным къыщытIэтат ар гъуэгу пхэнж теува зэрыхъуари иужькIэ абы зэрыпэлъэщари. Абы щыщ Iыхьэ Интернет напэкIуэцIым къыщислъхьэм, сызэримыгугъауэ куэдым къысхуатхащ. Къатхыр: «КхъыIэ, фыкъыддэIэпыкъу, хэIущIыIу дымыхъуу, хэт ди щхьэр зэтхьэлIэнур?» - жаIэу. Мис апхуэдэхэм деж ди лэжьыгъэм и мыхьэнэр, зыгуэрым сэбэп дызэрыхуэхъуфынур нэрылъагъу тщещI. ЦIыхум зымащIэ тIэкIукIэ нэхъ мыхъуми зыщIэбгъэкъуэфмэ, журналистым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ.
Зи гугъу пщIа «ЩхьэкIэмрэ лъабжьэмрэ» нэтыным ди щIэныгъэлIхэр, ди лъэпкъым и тхыдэм, щэнхабзэм теухуауэ гъэщIэгъуэн куэд зыщIэ ди нэхъыжьхэр къыхызошэ, я псалъэ нэхъыбэм зэхезгъэхарэт, жысIэу. Я зэфIэкIым, я пщIэм сыфIэлIыкIыу, къызогъэпсалъэ филологие щIэныгъэхэмкIэ докторхэр, кандидатхэр. Псалъэм папщIэ, иужьрей апхуэдэ нэтыныр тезухуащ адыгэ мамлюкхэм, абы ехьэлIауэ гъэщIэгъуэн куэд къызжиIащ УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
- Лаурэ, анэдэлъхубзэр зыIурылъхэм кIуэ пэтми хощI, жаIэ. Нэтыным хэбгъэтынухэр къыщыплъыхъуэкIэ, зытебгъэпсэлъыхь Iуэхугъуэхэм ехьэлIауэ, псом хуэмыдэу узыншагъэмрэ щIэныгъэмрэ къэтщтэнщи, адыгэбзэкIэ дыпэлъэщынукъым жызыIэ фрихьэлIэрэ?
- Шэч хэмылъу. Ауэ къыхэзгъэщынут къэдгъэпсалъэ IэщIагъэлIхэм анэдэлъхубзэр зыIурылъ куэди зэрахэтыр. Щапхъэу къыпхуэсхьынщи, иджыблагъэ дохутыр Iэзэ Хьэфиз Анзор тхьэмбыл узыфэхэм епхахэм къытхутепсэлъыхьыну ди нэтыным къезгъэблэгъати, медицинэм ехьэлIа терминхэр адыгэбзэкIэ зэрыжиIэфыр умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал имыIэу, тыншу дызэпсэлъащ.
«ЩIэблэ узыншэ» нэтыныр узыншагъэр хъумэнращ зытеухуари, абы къедгъэблагъэ дохутырхэм, я IэщIагъэм зэрыхуэIэзэм хуэдэ дыдэу, я бзэми хуэшэрыуэу, лъэпкъ щэнхабзэми пэгъунэгъуу куэд къазэрыхэкIым урогушхуэ. Нэхъ щIалэхэм ящыщу иужьрейуэ сызэпсэлъылIар «Астра-Сфера» медицинэ щIэныгъэ институтым етIуанэ IэщIагъэ щызэзыгъэгъуэтыж Iэпщэ Елдарщ. Абы жиIэращ: «ЦIыхур и лъэпкъ щэнхабзэм пэгъунэгъуху, нэхъ узыншэщ». Ар езым и гупсысэ къудей мыхъуу, европей щIэныгъэлIхэм къахута Iуэхугъуэу абы жеIэ. Сэ срогушхуэ си лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ мыхуэдэ цIыху гуащIафIэхэр къэсцIыхухуну Iэмал сызэриIэм.
КъищынэмыщIауэ, ди нэтынхэм къезгъэблэгъэну сфIэфIщ зи щIалэгъуэ, зи дахэгъуэ, ехъулIэныгъэ гуэрхэр зиIэхэр. ЩIалэгъуалэр адыгэбзэм пэжыжьэщ жытIэми, анэдэлъхубзэр зыщIэхэр абыхэми къащыхэкIкIэ уи гур къызэрогъуэтыж. Жанкъазий Аринэ, Щомахуэ Алёнэ, Щоджэн Дианэ - мы хъыджэбз цIыкIухэм IэпэIэси яхэтщ, адыгэбзэми хуеджауэ ахэр щIэблэм ядолажьэри, щапхъэу дгъэлъэгъуэн хуейщ.
- А псом къадэкIуэу, уигури уи псэри хэплъхьэу къысщохъу сабийхэм ядебгъэкIуэкI «Таурыхъищэ» нэтыным…
- «Таурыхъищэр» тесхыну сыщыкIуэкIэ, сылажьэу къысщыхъуркъым. Языныкъуэхэм жаIэ сабийхэм уадэлэжьэну гугъуу, ауэ си дежкIэ ар псэ гъэтыншыпIэщ, абыхэм сепсэлъэху, зызогъэпсэху. ЗэрыхъукIэ нэтыным хэзгъэжыжыркъым хэт щыуами, хэти, зэрыжаIэу, тIэкIу щхьэукъуами - зэрыщытым хуэдэу къызогъэлъэгъуэж. Апхуэдэ дакъикъэхэращ «къозыгъэлъагъунур» абыхэм я «дунейр». Пэжщ, ди жагъуэ мэхъу адыгэбзэкIэ уэрсэру дэтхэнэри зэрымыпсэлъэфыр. ИтIанэ, гу зэрылъыстэщи, IуэрыIуатэм щыщ псысэхэмрэ таурыхъхэмрэ нэхъ къатохьэлъэ. Ауэ тIэкIу уадэлажьэмэ, ахэри къащтэжыну, къагурыIуэну къысщохъу. Псэущхьэхэм ятеухуахэр зыхалъхьэ щымыIэу апхуэдэщи, хуэмурэ абыхэм адыгэбзэкIэ зэреджэр къыдогъэщIэж. Пэжыр жысIэнщи, иджыпсту согупсыс мы сабий нэтынхэр нэгъуэщI щIыкIэу бгъэпс зэрыхъунум.
- Лаурэ, сыт хуэдэ хъуэпсапIэхэр, мурадхэр къэкIуэнум уиIэ?
- Сэ сыщыпсэур Аруан къуажэращ. ЩэнхабзэмкIэ унэ, курыт еджапIэ дэтщ, ауэ сохъуапсэ сабийхэр зэджэхэм къадэкIуэу, щIэщыгъуэу зыщаужьыну зы IуэхущIапIэ дэтарэт жыс- Iэу. Зэманым къигъэлъэгъуэнщ.
- «Зыхуэбгъэфащэр уи фащэу» жиIэу тетщ уи Интернет напэкIуэцIым. Ар уи гъуазэу ара?
- Мыр ауэ сытми псалъэ дахэу къэсхьакъым. Си дежкIэ абы и купщIэр куущ, си анэми си анэшхуэми, уи щхьэм, уи лъэпкъым хуэмыфэщэн зэи умыщIэ, къызжаIэу щытащи. Сыт хуэдэ Iуэху сыпэрымыхьэми, а псалъэхэр си гъуазэщ.
- Упсэу, Лаурэ. Уи лэжьыгъэм и хъер плъагъуу уи IэнатIэм упэрытыну сынохъуэхъу.
Епсэлъар
БАГЪЭТЫР Луизэщ.