ЩIэблэр Iейм щахъумэ

Дзэлыкъуэ районым и Сэрмакъ ­къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м ще­кIуэкIащ щIалэгъуалэр экстремиз­мэмрэ терроризмэмрэ пэIэ­щIэ щIы­ным теухуа зэIущIэ щхьэпэ.

Класс нэхъыжьхэм щIэс­хэм я пащ­-хьэ къыщып­сэ-лъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Прокуратурэм и Ветеранхэм я советым хэт Ныр Анзоррэ Дзэлыкъуэ рай­он прокуратурэм и уна­фэ­щIым и къуэдзэ Жамбей ­Зауррэ. 
Ахэр тепсэлъыхьащ ныбжьыщIэхэр Iуэху мыфэ­мыц­хэм зэрыхашэм, абы ­папщIэ къагъэсэбэп Iэмалхэм. Хэ­хауэ къытеувыIащ щIалэ­гъуалэр экстремизмэм щы­хъумэнымкIэ унагъуэмрэ шко­лымрэ я къалэнхэм.
Нэхъыжьхэм жэуап иратащ еджа­кIуэ­хэмрэ егъэджа­кIуэ­хэмрэ я упщIэхэм. 
Мыпхуэдэ зэIущIэхэр щхьэ­пэщ хабзэхъумэхэм, егъэ­джа­кIуэхэмрэ адэ-анэ­хэм­рэ я къарур сабийхэр хъумэным ху­зэщIэгъэуIуэ­ным­кIэ. 

БАХЪСЭН  Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.11.2026 - 09:09

Япэ ирагъэщхэр къыхэщу

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и 1этащхьэ К1уэк1уэ Казбек, хабзэ зэрыхъуам тету, эфир занщ1эк1э ц1ыхухэм я упщ1эхэм жэуап яритащ.

27.11.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр журналистикэм драгъэхьэх

«Адыгейм и журналистхэм я еджапIэ» лэжьыгъэр ди къуэш республикэм илъэс етIуанэ хъуауэ щагъэзащIэ.

26.11.2026 - 09:17

ЩIалэгъуалэм хуащI гулъытэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр, ди гуапэ зэрыхъущи, аргуэру яхэхуащ щIа­лэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ къэралым щыпэрыт щIыналъэхэм.

26.11.2026 - 09:16

Узыншагъэм зэран хуэхъухэр ягъэмэщIэнущ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. 

26.11.2026 - 09:13

Дэ гъащIэр къыхыдох

ЩIалэгъуалэм хьэл мы­хъу­мыщIэхэм зыщадзеи­ным, узыншэу зэрыпсэуным хуэу­щииным теухуа зэIущIэ щызэхэтащ Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм.