Колумбием и Картахенэ къалэм кикбоксингымкIэ щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым и дыщэ медаль къэзыхьа Блашэ Темырлан мэрем кIуам КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм щыIущIащ республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм. Ар журналистхэм яхутепсэлъыхьащ зыхэта зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIам, зэIущIэхэм зэрыщехъулIам, къыпэщылъ къалэнхэм, нэгъуэщIхэми.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, УФ-м и командэ къыхэхам хэту Блашэ Темырлан чемпионатым щызэуащ килограмм 60 зи хьэлъагъхэм я деж «фулл-контакт» унэтIыныгъэмкIэ. Дыщэ медалым хуэкIуэн папщIэ, абы зэIущIищ иригъэкIуэкIащ икIи зэкIэлъхьэужьу и гъуэгу тригъэкIуэтащ Мексикэм, Бразилием, Аргентинэм я спортсменхэр. Ди щIалэм и ехъулIэныгъэм къыдэкIуэу, УФ-м спортымкIэ дунейпсо класс зиIэ и мастерым и цIэ лъапIэри къыфIащащ.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Заур икIи жиIащ Блашэ Темырлан илъэс куэдкIэ и текIуэныгъэ лъагэм зэрыхуэкIуар, къарурэ зэманрэ абы зэрытригъэкIуэдар, тренер лъэщхэр къызэрыдэIэпыкъуар.
Иджы екIуэкIа чемпионатым ди къэралым и спортсменхэм Iэмал яIащ я ныпым щIэту зыкъагъэлъэгъуэну, гимныр я щIыхькIэ кърагъэуэну. Ар къыхигъэщащ КъБР-м кикбоксингымкIэ и федерацэм и тхьэмадэ Къудей Алим. ЖиIащ, дунейпсо утыкум ихьэну ди спортсменхэм къыщыпаубыда илъэсхэм, ахэр жыджэру урысейпсо зэпеухэм зэрыхэтар, я зэфIэкIхэм зэрыхагъэхъуар, я зэманыр къыщысынум зэрыпэплъар.
Блашэ Темырлан и текIуэныгъэм щытепсэлъыхьым Къудейм жиIащ балигъхэм я деж зыкъыщигъэлъэгъуэн зэрыригъажьэрэ УФ-м и командэ къыхэхам и тренерхэр абы къызэрыкIэлъыплъар. Иджырей и текIуэныгъэмкIи абыхэм я дзыхьыр зэригъэпэжар.
Блашэ Темырлан зэхьэзэхуэ зыхэтар игу къыщигъэкIыжым жиIащ зэпIэзэрыту зэрызиIыгъар, щхьэпщтырагъэ къыхимыгъэхьэу утыкум зэритар, текIуэныгъэм ерыщу зэрыхущIэкъуар.
«Зэрыхабзэу, япэ зэIущIэр псом нэхърэ нэхъ гугъущ сыт щыгъуи. Псом хуэмыдэу дунейпсо чемпионатым. Сэ япэу къыспэщIэхуащ Мексикэм икIа щIалэр. Хьэрхуэрэгъу гугъусыгъу жыхуаIэм хуэдэт, зы дакъикъэ и пIэм итыртэкъым, абы щхьэкIи, къэбубыдыну тынштэкъым. ЕтIуанэ, ещанэ зэхьэзэхуэхэм си гушхуэныгъэр щынэхъыбащ», - жиIащ абы.
Колумбием кIуэн ипэкIэ УФ-м и командэ къыхэхам егъэджэныгъэ-зыгъэсэныгъэ зэхуэсу щы иригъэкIуэкIащ. Япэр, Кисловодск къалэм махуэ 20-кIэ щызэхэтащ. ЕтIуанэр, Сочэ къалэ гъэмахуэм щрагъэкIуэкIащ. Ещанэр, Мэзкуу областым щыIэ Алексинэ къуажэрщ. ИужькIэ, тхьэмахуитI зэрыдэкIыу, ахэр чемпионатым лъэтащ.
Апхуэдиз зэманкIэ ерыщу зызыгъэхьэзыра ди спортсменым абы щытекIуэн фIэкIа нэгъуэщI зыри къахуэнэжыртэкъым, жеIэ Блашэм. Ауэ езым Колумбием щыхузэфIэкIам и иныгъыр щызыхищIар иужькIэщ. Абдежым къыщыувыIэн муради иIэкъым икIи и текIуэныгъэр ихъумэжын щхьэкIэ, нэхъ ерыщыжу зигъэсэнущ. Къэпхъыныр зырикIщ, ар пхуэхъумэжмэщ - ущылъэщыр, жеIэ абы.
ЗэIущIэм и кIэм Хэжь Заур чемпионым зыхуигъэзащ:
«Дунейпсо утыкушхуэм уи цIэр щыбгъэIуащ. Иджы адрейхэр уэ къыбдэплъеинущ, щапхъэ абыхэм къыптрахынущ. ПхузэфIэкIамкIэ уарэзыуэ укъэмыувыIэжыну, нэхъ жыжьэ укIуэтэну, спортым и лъагапIэ нэхъ инхэр къэпщтэну сынохъуэхъу».
КЪУЭЖЕЙ Алим.