Мы тхыгъэр зытеухуа БищIо (ЛIыгъур) Iэсият адыгэбзэр зи псэм хэлъ цIыхущ, и щхьэгъусэр Тыркум хыхьэ Анкара къалэм щыщ адыгэ щIалэщ. Зэщхьэгъусэхэм я щIалэм Абрэдж фIащащ, анэдэлъхубзэм, адыгэ хабзэм щIапIыкI. Iэсият куэдым яцIыху адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ емызэшу. Абы и еджакIуэхэр адыгэбзэр зэзыгъащIэ балигъхэрщ. Адыгэхэри нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIахэри ирегъаджэ, онлайн-дерсхэри ирегъэкIуэкI. Бзылъхугъэм и дунейм, лъэпкъымрэ бзэмрэ ятеухуа и гупсысэхэм зыщыдгъэгъуэзэну, ди уэршэрымкIэ щIэджыкIакIуэхэми дывдэгуэшэну «Адыгэ псалъэм» къедгъэблэгъащ.
- Iэсият, нэхъ гъунэгъуу зыкъэдгъэцIыху, уи IэщIагъэм, щIэныгъэм я гугъу къытхуэщI.
- Хьэтуей сыщыщщ, сыкъыщыхъуащ. Ебгъуанэ классыр «тху» защIэкIэ къэзухауэ сыкъыщIэкIащ. Зыгуэрхэр къэзгупсысын, си IэмкIэ сщIынIа зэрысфIэфIыр зыщIэ си адэ шып- хъум чэнджэщ къызитащ дизайным сыхуеджэну, дизайнымкIэ колледжым сыщIэтIысхьэн папщIэ экзамен стыну сигъэкIуащ. Псори хъарзынэу зэфIэкIат, ауэ сыщIэтIысхьакъым абы. Экономикэмрэ правэмкIэ лицейм банк Iуэхум сыщыхуеджэну тезухуащ, къыздеджа си ныбжьэгъухэр абы щIэтIысхьэрти. ФIы дыдэу къысхуэсэбэпащ банкым теухуауэ зэзгъэгъуэта щIэныгъэр. Москва сыщыщылэжьащ «Тинькофф», «Открытие» банкхэм. Налшык щIэныгъэ щызэзгъэгъуэта нэужь, Москва къыщызухащ финансхэмрэ юридическэ IуэхухэмкIэ академиер. Къэзгъэзэжри, «Курорт «Нальчик» IуэхущIапIэм секретару пIалъэкIэ сыщылэжьащ, иужькIэ Москва щыIэ ди постпредствэм финансхэмкIэ чэнджэщэгъуу сыщыIащ. ИужькIэ, банкым сыуври, унагъуэ сихьэху а IэщIагъэм срилэжьащ. Унагъуэ сихьэну сыщегупсысым, унэм сыщIэсу сызэлэжьын гуэр сызэрыхуейр къызгурыIуэрти, аргуэру зы IэщIагъэ зэзгъэгъуэтащ - Дизайнымрэ технологиемкIэ Москва щыIэ университетым сыщIэтIысхьащ. Дипломыр къысIэрыхьа нэужь, унагъуэ сихьащ. Си щхьэгъусэр Тыркум щыпсэу адыгэщ, Тыркум дыIэпхъуэныр къызыхэкIари аращ. Абы бухгалтеру сыщылэжьащ.
- Курыт еджапIэ ущылажьэркъым. Ауэ адыгэбзэр егъэджыным куууэ уепхащ. ГукIи псэкIи узыхыхьа а Iуэхум сыт щIэдзапIэ хуэхъуар?
- Илъэсибл хъуауэ адыгэбзэм сролажьэ. Балигъхэм дерсхэр ядезгъэкIуэкIыу къыщIэздзащ. Дауи, си япэ еджакIуэр си щIалэ цIыкIурщ. Хамэ къэралым дыщыпсэурти, сыгузавэрт щIалэм и бзэр нэсу тхуемыгъэщIэнкIэ. Япэ махуэхэм щегъэжьауэ адыгэбзэкIэ сепсэлъащ. Ауэ бзэр хъумэным нэгъуэщI Iэмал гуэрхэри къыдэщIыгъун хуейщ. «Нур» журналым и къыдэкIыгъуэхэр, Тхьэкъуахъуэ Iэуес сабийхэм адыгэбзэр егъэщIэным теухуа и лэжьыгъэхэр къытхуэсэбэпащ лъэщу. Абы дыщIыгъун хуейт уеплъ, уедаIуэ хъууэ псысэ е хъыбар цIыкIухэр. Нэхъ цIыкIу дыдэхэм яхуэгъэзауэ урысыбзэкIэ щыIэщ «Цыплёнок Цыпа» жыхуиIэ таурыхъ. Ар сэ адыгэбзэкIэ зэздзэкIри, си макъыр щIэзгъэуващ, щIалэр езгъэплъыну сыхуейти.
СыкъэзыцIыхухэр къызэлъэIурт адыгэбзэр зэрызрагъэщIэжын Iэмал гуэрхэмкIэ садэгуэшэну. Интернетым къислъхьэу щIэздзащ балигъхэм бзэр зэраджын Iэмал гуэрхэр, видео теплъэгъуэ кIэщIхэр. Си напэкIуэцIым итхэм, цIыхухэр зэреплъым, къазэрыхуэщхьэпэм гу лъыстащ. ЩыIэщ я сабийхэм адыгэбзэр ирагъэщIэну, чэнджэщ хуейуэ зыкъысхуэзыгъазэ адэ-анэхэр. Псом нэхърэ нэхъ тыншщ сабийм цIыкIуу анэдэлъхубзэр ебгъэщIэну. Ар быдзышэм щIыгъущ, лъым хэтщ. Балигъ хъуам бзэр къищIэжыныр нэхъ гугъущ. Къапщтэмэ, цIыкIухэм бзэр зэрадж тхылъхэр, лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, бзэр щрагъащIэ IуэхущIапIэхэр щыIэщ. Гулъытэ нэхъ зыхуэтщIыпхъэу къысщыхъур бзэр зэзыгъэщIэжыну ехъуапсэ балигъхэм папщIэ Iэмалхэрщ.
Куэдым жаIэ адыгэбзэр усабийуэ уамыгъэщIамэ, балигъ ухъуа нэужь пхузэмыгъэщIэжыну. Егъэлеяуэ сызэгуоп ар щызэхэсхкIэ. Адыгэбзэм и мызакъуэу, сыт хуэдэ бзэри пхузэгъэщIэнущ. Бзэр пщIэным къикIыр а бзэр къызыдалъхуам, зэрысабийрэ зыIурылъым укъыкIэрымыхуу упсэлъэнракъым. Сэ урыси изогъаджэ. Адыгэбзэ хьэрфхэри урысыбзэ хьэрфхэри кириллицэм зэрытетым зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми нэхъ тынш ещI ар зрагъэщIэныр. Тыркум щыпсэухэм ящыщи езгъэджащ. Абы яцIыху латин хьэрфхэм ди псалъэхэм я тхыкIэхэр ещхькъым. Ауэ абыхэми тхэкIэрэ еджэкIэрэ зрагъащIэ, я цIэр жаIэ, я лэжьыгъэм топсэлъыхь, ящIэну яфIэфIхэр жаIэф. Езгъэджахэм бзэр зэзымыгъэщIэфа къахэкIакъым.
Бзэр егъэджын Iуэхур щезгъэжьам куэд дыдэ сщIэ хуэдэу къыщысщыхъуж къысхуихуэрт. Си ныбжьым къыхэхъуэху, нэхъыбэм сегупсыс сыхъуащ. Бзэм теухуа программэхэр стхын щIэздзэри, гу лъыстащ бзэщIэныгъэм теухуа упщIэ куэд си пащхьэ къызэриувэм. ИтIанэ, зи тхыкIи, къэпсэлъыкIи, мыхьэнэи сыщыгъуазэ гуэрхэм теухуауэ «мыр мыпхуэдэу щхьэ щыту пIэрэ?» жысIэу сегупсысу щIэздзащ. Грамматикэм, фонетикэм, тхыдэм теухуа тхылъхэр къэзгъуэтурэ седжащ. Адыгэбзэм теухуауэ егъэлеяуэ лэжьыгъэшхуэхэр зэрыщыIэр, ди бзэщIэныгъэлIхэм я гуащIэр зэрыиныр къызгурыIуащ. Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым щалэжьыр дапхуэдиз, уасэ зимыIэ тхылъхэр, статьяхэр къыщыбогъуэт абы!
- Адыгэбзэр егъэджынымкIэ сыт хуэдэ Iэмалхэр къэбгъэсэбэпрэ?
- Анэдэлъхубзэ зэрылъ адыгэ унагъуэм сыкъыщыхъуащ, бзэр джынымкIэ «Джэрэз» гупым сахэтащ. Си бзэр езгъэфIэкIуэну Iэмал сиIащ, жыхуэсIэщ. КъыщызаIуэкI щыIэт, «убзэщIэныгъэлIкъым», жаIэу. Абы щыгъуэ сэ лингвистикэми сыхуеджэжащ. Къыщызухым стха диплом лэжьыгъэр теухуащ адыгэбзэр зэрырагъэдж Iэмалхэм. Абы селэжьыху куэдым сыщыгъуэзащ, къэхутэныгъэхэр езгъэкIуэкIащ, бзэм теухуауэ щыIэ бгъэдыхьэкIэхэр зэзгъэпщащ. Адыгэбзэр ебгъэджыным щыщщ ныбжь къэсыху бгъэдыхьэкIэ зэтемыхуэ къызэрыхуэбгъуэтыр, абы нэмыщI къэлъытэн хуейщ адыгэбзэр щызригъащIэкIэ цIыхум къигъэсэбэп бзэр зыхуэдэри. Зы щапхъэ къэсхьынщ… КIахэ псэлъэкIэм зыщыхуэзгъэса дерсхэм сыкIуэу щытащ сэ. Тыншу зэзгъэщIащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ къэбэрдей диалектыр согъэшэрыуэ, кIахэ къэпсэлъыкIэр абы и лъэп- къэгъущ. Иджы а курс дыдэм урыс еджакIуэ екIуалIэмэ, сэ тыншу къызэхъулIам ар куэдкIэ нэхъ гугъу дехьынущ. Сэ хьэрф зытIущ зэзгъэщIэжамэ, урысым алфавитри, хьэрфхэм я къэпсэлъыкIэри, псалъэхэм къарыкIри зригъэщIэным зэмани гугъуехьи ирихьэлIэнущ. Зыри зымыщIэмрэ зыгуэр зыщIэмрэ зэребгъэджэнур куэдкIэ зэщхьэщокI. Сэ еджакIуэ куэд сиIэщ адыгэ унагъуэхэм къыхэкIауэ. «Зыри сщIэркъым» жаIэу къокIуэри, Iэджи ящIэу къыщIокI. ЗэращIэр ямыщIэу, зы мащIэ тIэкIукIэ гупсысэм хэпшэмэ, я пкъым хэт анэдэлъхубзэр къыщыушыжу. Ахэр куэдрэ гъэпсэлъэн хуейщ. Мыпхуэдэу жызыIи яхэтщ: «Унэм сыщыпсэлъэфыркъым, уи деж сыкъокIуэри сопсэлъэф». Ар уи псэр, уи гупсысэр абы зэрытебухуэфым елъытащ. Псалъэм папщIэ, си щхьэгъусэм сэрэ дыщызэрыцIы- хуам урысыбзэкIэ дызэпсалъэу къыщIэддзат. Ауэ сэ тыркубзэр нэхъ къэсщIэн щхьэкIэ, зэзэмызэ а бзэмкIэ сепсэлъэну сыхуей хъуамэ, къысхудэшейртэкъым, тыншу къызжьэдэкIыртэкъым тырку псалъэхэр. Узыщымыгъуазэм зебгъэсэн хуей мэхъу, жыхуэсIэщ.
Мы зэманым еджакIуэ 20 хуэдиз сиIэщ - гуп зытIущрэ щхьэхуэу сызыдэлажьэхэмрэ. Абыхэм яхэтщ урысхэри. Зы урыс бзылъхугъэ къэкIуащ: «Адыгэбзэр гугъу Iейуэ жаIэ, согузавэ схузэмыгъэщIэнкIэ», жиIэу. Зыкъом щIауэ сыдолажьэ а бзылъхугъэм. Зэзэмызэ игу зобгъэж: «Мыр схужыIэркъым, модрейр си гум изубыдэфыркъым, мыбдеж сщогъупщэж» … жиIэу. Абы жызоIэ: «Иджыпсту мис мы тхыгъэм укъысхуеджащ, уи унагъуэм адыгэбзэкIэ утопсэлъыхьыф, псалъэ зыкъоми бощIэ. Пэжкъэ?» - «Пэжщ». «Иджы китаибзэкIэ е нэмыцэбзэкIэ мы тхыгъэ дыдэм укъеджэфыну е сынызэроупщIхэм а бзэхэмкIэ жэуап къепты-фыну?» жызоIэри, «Хьэуэ», - жеIэ. АтIэ абы къокI а бзылъхугъэм бзэр зригъэщIэныр хъарзынэу къызэрехъулIэр. И гур иутIыпщын хуейуэ аращ.
- «Адыгэбзэ с мамой» зыфIэпща тхылъыр мы махуэхэм къыдэкIащ, адэ-анэхэм ар зыIэрагъэхьэну зэрыпIащIэм сыщыгъуазэщ. Абы и гугъу уэзгъэщIынут.
- «Сыт бзэр вджыным фытезыгъэгушхуэр?» - соупщI езгъаджэ балигъхэм. Зы урыс бзылъхугъэ, адыгэ щIалэм дэкIуауэ яхэтти, абы къызжиIар мыращ: «Си быным я адэм и бзэр ящIэну сыхуейщ, сабийхэм сепсэлъэну сохъуапсэ адыгэбзэкIэ». Егъэлеяуэ си гуапэ хъуащ абы и жэуапыр. Садолажьэ къалэм къызэрыщыхъуам къыхэкIыу бзэр яджыну Iэмал зимыIахэм, я быным адыгэбзэкIэ епсэлъэну зэрехъуапсэм къыхэкIыу, езыхэми бзэр яджыну зезыпщытахэм. «Бзэр къызгуроIуэ, ауэ срипсэлъэфыркъым» - жызыIэхэри куэд мэхъу. Сегупсысащ, адэ-анэхэм анэдэлъхубзэр зрагъэщIэжынымкIэ, ар быным IуралъхьэнымкIэ, анэхэмрэ сабийхэмрэ зэщIыгъуу дауэ ядж хъуну адыгэбзэр, жысIэу.
Таурыхъ тхылъхэр щыIэщ сабийхэм папщIэ. Ауэ бзэр зымыщIэ адэ-анэхэм а тхылъхэр дауэ къагъэсэбэпыну? «Тхылъ стхымэ, дауэ хъуну?» - жысIэу сигу къэкIащ. Мы сэ зэхэзгъэува, сызэлэжьа тхылъым хуэдэхэр нэгъуэщIыбзэхэмкIи щыIэщ. Сэ мыр адыгэбзэкIэ згъэпсащ, ауэ щапхъэхэми сеплъащ, нэгъуэщI лэжьыгъэхэри зджащ. Псалъэм папщIэ, инджылызыбзэкIи тыркубзэкIи щыIэщ «Бзэр си анэм и гъусэу зызогъащIэ» тхылъ.
ЯпэщIыкIэ лэжьыгъэр тхылъу зэхэзгъэувэнуи сегупсысатэкъым, пэжым ухуеймэ. ЯщIэнумрэ зэращIэну щIыкIэмрэ згъэбелджылыну арат. Си гупсысэр си цIыхугъэ гуэрым щесхьэлIэм, лэжьыгъэр цIыхухэм къагъэсэбэпын щхьэкIэ тхылъу гъэпсын хуейуэ къызэрилъытэр къызжиIащ. Сегупсысащ абы, ауэ тыншу сытегушхуакъым. Си интернет напэкIуэцIым лэжьыгъэм щыщ Iыхьэхэр къыщызгъэлъагъуэрти, ахэр зы тхылъым щызэхуэхьэсауэ къыдэгъэкIын зэрыхуейр къызжаIэ хъуа нэужь, сыщIегъуэжи сикIуэтыжи хъунутэкъым. Тхылъым и IуплъапIэу (обложкэу) дахэ гуэр сыхуейт. Зы пщащэ гурыхуэ цIыкIу яхэтщ езгъаджэхэм, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщу. ДыщэкI Софие гъуазджэм зэрыхуеджэр, сурэт щIыным зэрыдихьэхыр сщIэрт. Интернетым щиIэ напэкIуэцIым кърилъхьэ лэжьыгъэхэм сигу ирихьу сыкIэлъыплъырти, тхылъым и IуплъапIэм тетыну сурэтыр абы схуищIыну селъэIуащ. Теплъэу сызыхуейр псалъэкIэ гурызгъаIуэри, хъыджэбз цIыкIум ищIа сурэтыр сигу ирихьащ. Анэмрэ и щIалэмрэ къыщыгъэлъэгъуащ, адыгэ теплъэ къыхощ, хуабагъи хэлъщ.
- Анэмрэ бынымрэ зэгъусэу яджын хуей тхылъыр?
- Мыпхуэдэ унагъуэхэр щыIэщ: анэм бзэр фIы дыдэу имыщIэу, зыгуэрхэри къыгурыIуэу, мащIэу ирипсалъэу. Абы хуиту анэдэлъхубзэр Iурилъхьэфыркъым и сабийм. Апхуэдэ анэхэм мы тхылъыр яIэмэ, тыншу иригъуэзэфынущ. Псалъэм папщIэ, сабийм и зы махуэр зэрекIуэкIыр къыщыгъэлъэгъуащ абы. Итщ анэмрэ бынымрэ я зэпсэлъэныгъи, анэр быным зэреупщI е зэрызыхуигъазэ псалъэхэри, сабийм къитын хуей жэуапхэри. Пщэдджыжьым щегъэжьауэ, гъуэлъыжыгъуэм нэсыху сабийм ищIэхэр псалъэхэмкIэ, псалъэухахэмкIэ къэгъэнэIуащ. Махуэр гуэшащ пщэдджыжь, шэджагъуэ, пщыхьэщхьэу. Дэтхэнэ пычыгъуэми сабийм ищIэ хабзэхэр адыгэбзэкIэ къыщыхьащ тхылъым, къарыкIыр урысыбзэкIэ кIэщIэтхащ. «Урысыбзэ щхьэ хэт?» - жызыIи щыIэщ. Мыращ си жэуапыр: тхылъыр нэхъыбэу яхуэгъэзащ бзэр фIыуэ зыхуэмыгъэшэрыуэхэм. Абыхэм дауэ къагурыIуэну абы итыр, урысыбзэ хэмытмэ?! Псалъэхэмрэ псалъэухахэмрэ я къэпсэлъыкIэр абы къеджэм и дежкIэ зэхэщIыкIыгъуэу щытын щхьэкIэ, пэжу къызэрыпсэлъыпхъэр макъкIэ къэгъэлъэгъуауэ кIэщIэтщ. Кьюаркодым телефоныр тебгъапсэурэ, уедаIуэ хъунущ. Кьюаркодыр напэкIуэцI къэс итщ.
- ТыркубзэкIэ упсалъэрэ?
- Тыркубзэри зэзгъэщIащ, тыншу сропсалъэ. Москва сыщыдэсым мазищкIэ сыхуеджащ а бзэм. Тыркум сыIэпхъуа нэужь, илъэскIэ тыркубзэр щадж курс сыкIуащ, сигу ирихьу. Грамматикэр фIыуэ зэзгъэщIащ, къеджэнми сыхэзагъэрт. Ауэ занщIэу тыншу срипсэлъэн щIэздзакъым. НэхъапэIуэхэм сыукIытэрт срипсэлъэну. Бухгалтер IэнатIэм сыпэрытти, тыркубзэкIэ сыпсэлъэн хуей хъурти, сы-хуей-сыхуэмейми. Сызэрыхьа уна- гъуэм адыгэбзэр щахъумэ, анэдэлъхубзэм пщIэ хуащI, дызэрыщыпсалъэри анэдэлъхубзэрат.
- Тыркум адыгэбзэр зэрыщебгъэджам къытхутепсэлъыхьыт.
- АдыгэбзэкIэ егъэджэныр а къэралым щезгъэжьащ. Абы щыIэ зы Адыгэ Хасэм адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу срагъэблэгъащ. Илъэс 17 хъурт си еджакIуэхэм я нэхъыщIэр, нэхъыжь дыдэр - илъэс 67-рэ.
Сэ езым бзэ зыбжанэ сщIэмэ, егъэджэныгъэр нэхъ тынш мэхъу. Адыгэбзэ иджыну гукъэкI зыщIар бутIыпщ хъунукъым, зэрыхъукIэ а и гукъэкIыр и фIэщ пщIыжын хуейщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, уи деж къызэрыкIуар ар зы лъэбакъуэщ, и дзыхь къуигъэзащи. Сэ дзыхь къысхуэзыщIар згъэщIэхъуфынукъым. Абы бзэр зригъэщIэжмэ, и унагъуэм адыгэбзэ илъынущ, адыгэбзэм хабзи дэщIыгъунущ, ауэрэ и щIэблэми анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуным бзэр зыIурылъыр хэлIыфIыхьынущ. Апхуэдэурэ зэпыщIа Iуэху щхьэпэм и щIэдзапIэм деж сэ бзэ егъэджакIуэу сыкъыщыувакIэ, си къарум себлэж хъунукъым. Мыбыи гу лъыстащ: бзэр иджыну щIэзыдзагъащIэм зы тIэкIу къехъулIэмэ, егъэгушуэ, нэхъри дехьэх, нэхъри йоджэ. Мы зэманым адыгэбзэр зэзыгъащIэ куэдым садолажьэри, мис апхуэдэ гупсысэхэр сиIэу изогъаджэ.
Хэкум щыпсэухэм адыгэбзэ ямыщIэнкIэ, ар яIэщIэхункIэ хъуну сщIэххэртэкъым нэхъапэхэм. Ауэ укъэзыгъэгузэвэн хуэдизу анэдэлъхубзэр куэдым зэраIэщIэхур згъэунэхуащ. НэгъуэщI лъэпкъхэм бзэр джынымкIэ яIэ Iэмалхэм хуэдэ диIэн хуейщ дэри, ди цIыкIуми ди инми анэдэлъхубзэр зригъэщIэн щхьэкIэ тегъэщIапIэ ищIынум хуэныкъуэщ.- АдыгэбзэкIэ сыт хуэдэ тхылъхэр е тхыгъэхэр уи гум дыхьэрэ?
- Унэм сыт хуэдэ тхылъ къыщысIэрыхьэми къасщтэрти седжэрт. Ахэр суха нэужь, школ, къуажэ библиотекэхэми сынэсащ. Нало Ахьмэдхъанрэ Нало Зауррэ я тхылъхэр щIэзджыкIырт сыщышколакIуэм. КIыщокъуэ Алим и «Лъапсэ» романыр егъэлеяуэ си гум дыхьэу седжащ. Журт Биберд и «Унагъуэ» романри удэзыхьэхщ, еджэгъуафIэщ, щIалэгъуалэм ягу дыхьэну къысщохъу. ЩоджэнцIыкIу Алий и поэмэхэр иджыблагъэ щIэзджыкIыжащ. Дапщэрэ сыкъеджэми, абы и образ къэгъэщIыкIэм сетхьэкъури, «дауэ къигупсысыфа?!» жызоIэ. Ацкъан Руслан и усэхэри и тхыгъэ кIэщIхэри сигу ирохь.
- Уадыгэ анэщ. Быныр гъэсэным теухуауэ нэхъыщхьэу сыт анэр зытетын хуейр?
- Щапхъэ дахэ игъэлъэгъуэн хуейщ. «Мыр щIэ» жыхуэпIэр сабийм къыгурыбгъэIуэну гугъущ, ауэ а жыхуэпIэр уэ езым екIуу пщIэуэ зэ ебгъэлъагъумэ, и гум нэхъ тыншу ириубыдэнущ, псалъэм папщIэ. Абрэдж зэрэ-тIэурэ и адэм и гъусэу къыщIэкIыурэ, гу лъитащ адэр гъунэгъухэм ябгъэдыхьэурэ фIэхъус зэрырихым. Иджы езыр ябгъэдохьэри фIэхъус ярех. Ар щапхъэкIэ зыхилъхьа хьэлщ. Хабзэ, цIыху хэтыкIэ, псэлъэкIэ и лъэны- къуэкIэ узыкIэлъыплъыжын хуейщ, быныр къызэрыбдэплъейр къыбгурыIуэу. Мыри жысIэнут: сабийр зибгъэгъусэн хуейщ нэхъыбэрэ. И гъусэу унэм ущIэсынракъым зи гугъу сщIыр, атIэ цIыхум яхэшэн, Iуэху здекIуэкIым шауэ ар егъэлъагъун хуейщ. Апхуэдэущ цIыху хэтыкIэ зэрып-хуегъэщIэнур.
- Упсэу! ФIыщIэ пхузощI лъэпкъым къыхуэщхьэпэн Iуэхум узэрелIалIэм папщIэ.
Епсэлъар
ГУГЪУЭТ Заремэщ.