ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ

КъБР-м и Парламентым щедэIуащ республикэм и бюджетыр 2027 гъэм, 2028 - 2029 гъэхэм зы­хуэдэнум.  

ЗэIущIэр къыщызэIуихым, республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ жиIащ: «ЦIыхубэ едэIуэныгъэхэм дежщ республикэ ахъ­шэр зыхухах Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр нэгъэсауэ убзыхуа щыхъур. Хабзэ зэрыхъуауэ, абы дыхоп­лъэ щIыналъэ унафэщIхэр, муниципальнэ районхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лIы­кIуэхэр дызэгъусэу. 2027 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр хуэунэтIащ республикэм зэ­рызиужьынумрэ цIыхухэм я псэукIэр зэре­фIэ­кIуэнымрэ. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, хэхъуэу бюд­жетым иIэнущ сом мелард 65-рэ мелуан 616-рэ, къигъэ­сэбэпыну хуеинущ сом мелард 67-рэ ­ме­луан 953-рэ. ЩIыналъэр зыхущыщIэр сом меларди 2-рэ мелуан 337-рэ хъуну къалъытэ».
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым жиIащ дзэ Iуэху хэхар зэрекIуэкIым, языныкъуэхэр ди къэ­ралым лъэпощхьэпо къыхуэхъуну зэрыхэтым емылъытауэ, Iэмал имыIэу пащэн зэрыхуейр республикэм и экономикэр зэпIэзэрыту хъумэным, ди лIыхъужьхэмрэ абыхэм я Iыхьлыхэмрэ зэрызыщIагъакъуэм.
- Къыхэзгъэщыну сыхуейт, блэкIа илъэсхэми хуэ­дэу, цIыхухэм дазэрыдэIэпыкъу Iэмал псори бюджетым къызэрыщылъытар. ЗэрыжысIауэ, япэ игъэщыпхъэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр, къэралыр хуэныкъуэхэм зэрадэIэпыкъур нэхъыфIыж щIыныр, - пищащ Егоровэм. - Бюджет мылъкур щагуэшкIэ нэхъыщ­хьэ дыдэу къалъытэ егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэм, физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ ехьэлIауэ къэралым игъэзэщIэну пщэ­рылъ зыщищIыжхэр зэрызэфIагъэкIынур. 2027 гъэм республикэм лэжьапIэ Iумытхэм медицинэ Iуэхутхьэбзэр пщIэншэу яхуэщIэным сом меларди 6 хухахынущ, бюджет IэнатIэм и лэжьакIуэхэм улахуэм зэрыхухагъэхъуэнури къалъытащ. Ди мурадхэм дылъэIэсын папщIэ IэмалыфIхэр диIэщ, абы щхьэкIэ псори зэгъусэу дызэдэлэжьэн хуейуэ аращ.
КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр­ Рахаев Борис къэпсэлъащ республикэм и со­циаль­но-экономикэ зыужьыныгъэр илъэсищ гъунэгъум­ зэрыщытынум теухуауэ. Абы жиIащ 2026 гъэм и мазибгъум республикэм и макроэконо­микэ бжыгъэ псоми, псэупIэхэр зэратым къи­щы­нэмыщIа, зыужьыныгъэфI къызэрагъэлъагъуэр­. Министрым зэрыжиIэмкIэ, ят унэщIэхэм я бжы­гъэр нэрылъагъуу нэхъ мащIэ хъуащ, ауэ ап­хуэдэ щытыкIэр иджыпсту къэрал псом щыщыIэщ. Рахаевым къыхигъэщащ УФ-м и Правительствэм деж къыщащтэну унафэхэм Iуэхур ягъэзэкIуэжыну гугъэ зэрыуагъэ­щIы­р.
- ЩIыналъэм къилэжьар сом мелард 392,5-рэ хъууэ 2025 гъэр зэфIэдгъэкIащ. Дызэрыт илъэсым и кIэм ар сом мелард 431,1-рэ хъуну худогъэфащэ,­ 2029 гъэм - сом мелард 630-рэ, - жиIащ минист­рым. - ЗэрыгурыIуэгъуэщи, щIыналъэм къилэ­жьым­ и нэхъыбэр мэкъумэш IэнатIэм къет. 2025 гъэм­ сом меларди 135,2-рэ диIащ, 2026 гъэм сом меларди 138,1-рэ къытхуихьыну дыщогугъ. ЩIы­н­а­лъэм и зыужьыныгъэм хэтлъхьэ мылъкур 2029 гъэм сом меларди 100-м нэсын хуейуэ къыдогъэ­лъагъуэ. Къапщтэмэ, нэгъуэщI IэнатIэхэми зыу­жьыныгъэфIхэр щыдолъагъу. Ухуэныгъэм ехьэлIа лэжьыгъэхэм 2025 гъэм сом мелард 45,8-рэ къы­пэкIуащ, мы гъэм - сом мелард 49,5-рэ, 2029-м сом мелард 72,7-рэ къыдэхъулIэну догугъэ.
Ику ит мазэ улахуэм теухуауэ Рахаевым жиIащ 2025 гъэм ар сом 53320-рэ хъууэ зэрыщытар. 2026 гъэм сом мин 58,7-рэ хъуну хуагъэфащэ. Къы­зэ­рыхагъэщамкIэ, улахуэр зэрыхъуну дыдэр елъытащ дызэрыт илъэсым и кIэух мазэм инфляцэр зыхуэдэнум.
КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ тепсэлъыхьащ республикэм и хэхъуэмрэ ахъшэр зытрагъэкIуэдэну Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэмрэ. Абы зэ­рыжиIамкIэ, 2027 гъэм налог, мыналог хэхъуэ­хэр сом мелард 27,3-м нэсынущ, 2028 гъэм - сом мелард 28,9-м, 2029 гъэм - сом мелард 30,4-м. Ахэр налог лIэужьыгъуи 5-м къапэкIуэнущ: акцизхэм, НДФЛ-м, фейдэм щхьэщатыкI налогым, ­Iуэ­хущIапIэхэм я мылъкум техьэ налогым. 2027 гъэм республикэ бюджетым зымыгъэзэж ахъшэу сом мелард 38,4-рэ къыIэрыхьэну хуагъэфащэ, 2028 гъэм - сом мелард 32,8-рэ, 2029 гъэм - сом мелард 31,1-рэ.
«Социальнэ унэтIыныгъэ зиIэ Iуэхугъуэхэм сом ме­лард 57,7-рэ хухэтхащ. Абы щыщу сом меларди 10,5-р цIыхухэм защIэгъэкъуэным, сом мелард 26,6-р бюджет IэнатIэ Iутхэм я улахуэр етыным те­кIуэдэнущ. 2027 гъэм республикэм къигъэсэбэпыну хуеинущ сом мелард 67,9-рэ, 2028 гъэм - сом мелард 62,6-рэ, 2029 гъэм - сом мелард 62,4-рэ. Абы хохьэ сабий къалъхумрэ ар пIынымрэ теу­хуауэ мазэ къэс ират дэIэпыкъуныгъэхэри республикэ бюджетым щыщу пенсэм хущIагъу щIыналъэ ахъ­шэри, - жиIащ министрым. 
КъищынэмыщIауэ, бюджетым и проектым къы­щыгъэлъэгъуащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрызыщIагъэкъуэну сом меларди 3. Гъуэгухэм елэжьыным хухахынущ сом мелар­ди 7,5-рэ, лъэпкъ Iуэхухэр гъэзэщIэным сом мелард 11,5-рэ. Апхуэдэуи сабий IыгъыпIэхэм, псыкIэ къы­зэзыгъэпэщ IэнатIэхэм я ухуэныгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ, Тырныауз псы фIейхэр зэрыщагъэкъабзэ ухуэныгъэм пащэнущ.
«Сабий зеиншэхэр псэупIэкIэ къызэрызэдгъэ­пэ­щым ехьэлIауэ мы илъэсым едгъэжьа лэжьыгъэм пытщэнущ. 2027 гъэм а Iуэхум сом мелуан 638-рэ хухыдох», - дыщIигъуащ Лисун Еленэ. 
Министрым жиIащ псэупIэ зэрыратыр нэхъ тынш икIи псынщIэ ящIыным хуэгъэзауэ 2025 гъэм зэрырагъэжьар сабий зеиншэхэм унэ къы­зэ­ращэхуну тхылъхэр ирату. Абы и фIыгъэкIэ иужь­рей илъэситIым къриубыдэу унэ яIэрыхьащ, чэзум куэдрэ хэмыту, зеиншэу е адэ-анэм я нэIэ щIэмыту къэна сабий 300-м щIигъум.
КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налог­хэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил утыку кърахьа проектым теухуауэ къыщыпсалъэм жиIащ мэкъумэш IэнатIэмрэ щIыпIэхэмрэ зэрызрагъэужьым, нэгъуэщI гуэрхэмкIи бюджетым хухихыр зэрагъэмэщIар, абы щыгъуэми федеральнэ бюджетым и япэ еджэ­гъуэм щыхэплъэм, УФ-м и Къэрал Думэмрэ ФедерацэмкIэ и Советымрэ абыхэм хагъэхъуэ­ныр Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщу зэрыщы­тар. 
«ЩIыналъэ бюджетым япэ игъэщыпхъэхэр щыубзыхуащ: цIыхухэм я псэукIэр зэрефIэкIуэнур нэхъыщхьэщ икIи, блэкIа илъэсхэми хуэдэу, бюд­жетым и процент 70-р абы хухэхащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, егъэджэныгъэ IэнатIэм трагъэкIуэдэнур зэрыщытауэ къонэ, ауэ школхэмрэ сабий гъэсапIэ­хэмрэ зэгъэпэщыжыным трагъэкIуэдэнур тIэкIу нэхъ мащIэ хъуащ. Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм иратынур дызэрыт илъэсым щыIа ахъшэм хуэдизу яубзыхуащ. ХущхъуэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщынум текIуэдэну мылъкур зэрымащIэми республикэ унафэщIхэм гу лъатэну, абы ха­гъэ­хъуэ­ну дыщогугъ, - къыхигъэщащ АфэщIагъуэм.
Абы дыщIигъуащ КъБР-м ФинансхэмкIэ и министерствэм къызэрилъытар МРОТ-р нэхъыбэ щIыныр, бюджет IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэм процентипщI хагъэхъуэныр. Апхуэдэуи ар къытеувыIащ сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмыту къэнахэмрэ псэупIэкIэ къызэ­ры­зэ­рагъэпэщыр зэрызэфIахми. «Къыхэгъэщыпхъэщ­, илъэсищым къриубыдэу зэфIэдгъэкIыфыну ди гугъами, мы зэманым ирихьэлIэу а Iуэхум сом ­ме­л­уан 730-рэ зэрыхуэдутIыпщыфар. Къы­кIэ­лъыкIуэ илъэсым бюджетым и проектым сом мелуан 638-рэ халъхьащ. Ари узэрыгушхуэн хуэдизу къы­золъы­тэ - жиIащ комитетым и унафэщIым.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Къэп­щытакIуэ-къэзыбж палатэм и унафэщI КIасэ Динэ, Федеральнэ налог къулыкъущIапIэм и уп­рав­ленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Акаевэ Светланэ сымэ.
ЗэIущIэм къыщыхалъхьа жэрдэм псори Правительствэм щIыгъуу зэпкърахынурэ, щэкIуэгъуэм и 24-м япэ еджэгъуэу хабзэубзыху IуэхущIапIэм щыхэплъэнущ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.11.2026 - 09:09

Япэ ирагъэщхэр къыхэщу

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и 1этащхьэ К1уэк1уэ Казбек, хабзэ зэрыхъуам тету, эфир занщ1эк1э ц1ыхухэм я упщ1эхэм жэуап яритащ.

27.11.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр журналистикэм драгъэхьэх

«Адыгейм и журналистхэм я еджапIэ» лэжьыгъэр ди къуэш республикэм илъэс етIуанэ хъуауэ щагъэзащIэ.

27.11.2026 - 09:03

ЩIэблэр Iейм щахъумэ

Дзэлыкъуэ районым и Сэрмакъ ­къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м ще­кIуэкIащ щIалэгъуалэр экстремиз­мэмрэ терроризмэмрэ пэIэ­щIэ щIы­ным теухуа зэIущIэ щхьэпэ.

26.11.2026 - 09:17

ЩIалэгъуалэм хуащI гулъытэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр, ди гуапэ зэрыхъущи, аргуэру яхэхуащ щIа­лэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ къэралым щыпэрыт щIыналъэхэм.

26.11.2026 - 09:16

Узыншагъэм зэран хуэхъухэр ягъэмэщIэнущ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.