ЛIыхъужьым и дерс

Налшык дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным хухэха зэIущIэ. Абы ­кърагъэблэгъат дзэ Iуэху хэхам хэта ПщыхьэщIэ Ахьмэд.

ПщыхьэщIэм еджакIуэхэр щигъэгъуэзащ зауэ губгъуэм уитыныр зищIысым, езыр псэ­зэ­пылъ­хьэпIэм мызэ-мытIэу къызэрикIам. Абы ныбжьы­щIэхэм яжриIащ къулыкъум ущыпэрытым деж узэкъуэтын зэрыхуейр, лIыгъэщIапIэ уихуа нэужь, уи гъусэр губгъуэм къибнэ зэрымыхъунур.
Ныбжьы­щIэхэр гупсэхуу едэIуащ Ахьмэд и хъыбархэм, езыхэр зыгъэпIейтей упщIэхэри иратащ. Ахэр щIэупщIащ лIыгъэм, ныбжьэгъугъэм, къуэ­шыгъэм я мыхьэнэм, хахуэ ухъун папщIэ зы­хэплъхьэн хуей хьэл-щэнхэм, нэгъуэщIхэми. Курыт еджапIэм и лэжьакIуэхэм къыхагъэщащ я гъэ­сэнхэр хэкупсэ хъунымкIэ мыпхуэдэ дерс-зэIущIэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, сурэткIэ е телеви­зоркIэ мыхъуу, лIыхъу­жьыр къабгъэдэсу зэ­реп­сэ­лъам еджакIуэхэм я зэхэщIыкIым зэрызригъэужьыр. 

НафIэдз  Данэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.11.2026 - 09:09

Япэ ирагъэщхэр къыхэщу

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и 1этащхьэ К1уэк1уэ Казбек, хабзэ зэрыхъуам тету, эфир занщ1эк1э ц1ыхухэм я упщ1эхэм жэуап яритащ.

27.11.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр журналистикэм драгъэхьэх

«Адыгейм и журналистхэм я еджапIэ» лэжьыгъэр ди къуэш республикэм илъэс етIуанэ хъуауэ щагъэзащIэ.

27.11.2026 - 09:03

ЩIэблэр Iейм щахъумэ

Дзэлыкъуэ районым и Сэрмакъ ­къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м ще­кIуэкIащ щIалэгъуалэр экстремиз­мэмрэ терроризмэмрэ пэIэ­щIэ щIы­ным теухуа зэIущIэ щхьэпэ.

26.11.2026 - 09:17

ЩIалэгъуалэм хуащI гулъытэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр, ди гуапэ зэрыхъущи, аргуэру яхэхуащ щIа­лэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ къэралым щыпэрыт щIыналъэхэм.

26.11.2026 - 09:16

Узыншагъэм зэран хуэхъухэр ягъэмэщIэнущ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.