Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хуэщIа концерт Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал макъамэ театрым щекIуэкIащ. ШколакIуэхэмрэ студентхэмрэ папщIэ къызэрагъэпэща а пшыхьыр я жэрдэмщ КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым щыщхэм.
Концертым къеблэгъащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и къуэдзэ Бахъуэ Аслъэнрэ Жылагъуэ советым и лIыкIуэхэмрэ.
Макъамэ театрым и уэрэджыIакIуэ пажэхэм ягъэзэщIащ лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм, зызэхэщIыкIыныгъэмрэ Хэкур фIыуэ лъагъунымрэ теухуахэр.
Бахъуэ Аслъэн къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ яхуищIри, къыхигъэщащ апхуэдэ зэхыхьэхэм къытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр.
- Жылагъуэ советым хэтхэм ди щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI. Нобэрей концертым хуэдэ Iуэхухэм мыхьэнэшхуэ яIэщ къытщIэхъуэ щIэблэм я деж зэкъуэтыныгъэр, лъэпкъыбэ щызэдэпсэу ди къэралым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ пщIэ хуащIыныр зыхалъхьэнымкIэ, - жиIащ министрым и къуэдзэм.
КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жы- лагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан къыхигъэщащ пшыхьым артистхэм зэрызыкъыщагъэлъэгъуам и мызакъуэу, дэтхэнэ зи щIалэгъуэми Iэмал зэригъуэтар Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысейми я лъэпкъхэм я унагъуэшхуэм зэрыщыщыр зыхищIэну.
Зыгъэхьэзырар
УЭРДОКЪУЭ Жантинэщ.