ПСЫ КЪАБЗЭ ЯIЭРОХЬЭ

Шэджэм Ищхъэрэ къуажэм щыпсэухэм я унэхэм псы къабзэ зэрекIуалIэ, километри 3,2-рэ зи кIыхьагъ бжьамийхэр мы махуэхэм зэрахъуэкI, иджырей мардэм кърагъэтIасэ.

Илъэс куэд хъуауэ щIым щIэлъа бжьамийхэр жьы хъуащ, абыхэм щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ сэкъат яIэ хъуащ – зэгуэтхъмэ, ягъэвэжурэ къекIуэкIащ. Бжьамийхэр зэрыулъиям, абыхэм ятIэпс кIуэ зэрыхъуам къыхэкIыу цIыхухэм хуаутIыпщ псым и фIагъыр екIэкIуащ. Абыи и закъуэкъым - языныкъуэ хьэблэхэми ар ирикъуу яIэрыхьэртэкъым, уэру зэрыхуамыутIыпщыфым къыхэкIыу. Иджы а ныкъусаныгъэхэр ягъэзэкIуэж.

Апхуэдэу бжьамийхэр зэхъуэкIыным яужь щитщ Каменкэ жылэм и Революционнэ уэрамымрэ Щхьэлыкъуэ къуажэм КIэрэфым и цIэр зезыхьэ и уэрамымрэ, Мир хьэблэм. Псори зэхэту мыбыхэм щахъуэжыну я мурадщ бжьамий километри 4-м щIигъу.

Шэджэм къалэм Пщынокъуэмрэ Къардэнхэрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэми километри 2-м щIигъум щIэлъ бжьамийхэр щызэрахъуэкIынущ.

2020 гъэм щегъэжьауэ «Псы къабзэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ республикэм псы къабзэ зэрыкIуэ бжьамийуэ километр 90-м нэблагъэ щызэрахъуэкIащ, псы къызэрыщIаш ухуэныгъэу 10 ягъэуващ. А лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIащ щIыналъэхэм я бюджетым щыщ мылъкукIэ.

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.