«УЭ СЫПХУОУСЭ, СИ АДЫГЭБЗЭ!»

Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэт зэIущIэ купщIафIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Налшык дэт курыт школ №33-м (унафэщIыр Блэныхь Казбекщ). Ар хуэгъэпсат Анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ Адыгэ тхыбзэмрэ я махуэщIхэу махуэгъэпсым къыщыхэгъэбелджылыкIа, лъэпкъ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэм. Ди щIыналъэм щылажьэ еджапIэхэм, фигу къэдгъэкIыжынщи, мазае - гъатхэпэ мазэхэм щекIуэкIащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ дерс зэIухахэр, литературэ-макъамэ зэIущIэхэр. Апхуэдэхэм ящыщт къалащхьэм дэт 33-нэ еджапIэм къыщызэрагъэпэщари. 

Школым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм я зэфIэкI куэд ирахьэлIащ зэIущIэр екIуу, къызыхуэтыншэу егъэкIуэкIыным. Iуэхум хьэзыр хуащIат зэхуэсыпIэри, утыкури, гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэтри къыхузэIуахат. Дауи, псом нэхърэ нэхъыщхьэр Iуэхум жыджэру хэта еджакIуэ цIыкIухэращ. ФIэхъус сэлам гуапэу зэIущIэм кърихьэлIахэм ирахар усэрэ жыIэгъуэ дахэу зэхэухуэнат. 
- Гур къеуэху цIыхур зэрыпсэум ещхьу, анэдэлъхубзэр Iухущ лъэпкъри зэрыщыIэр. Ди бзэр щыIэнущ, ар адыгэ унагъуэ къэс къиIукIыхукIэ, адыгэбзэкIэ дыгупсысэхукIэ, - жаIэрт ныбжьыщIэхэм. – УсакIуэ цIэрыIуэм зэрыжиIащи, «Ди гум и хущхъуэр, Псэм и IэфIыщэу анэдэлъхубзэр, Анэм и жьабзэр, УздэщымыIэ сыщремыIэ». Дывгъэхъумэ ди лъэпкъым и гупсэ, гумрэ псэмрэ зыгъэпIейтей, гукъыдэжрэ къару мыухыжрэ къыдэзыт ди анэбзэр. Хурырехъу ди адыгэбзэр ди унагъуэхэм я лъабжьэ быдэ, хъерымрэ насыпымрэ я тегъэщIапIэ лъэщ. 
Уобзэрабзэ къуалэбзууэ,
УоIущащэ къуршыпс псынэу,
Iуащхьэмахуэ къыбдежьууэ,
УогъэIуфыр уэрэд ину.
А усэ сатырхэмкIэ класс курытхэм, нэхъыжьхэм щеджэ ныбжьыщIэхэм яублащ я лэжьыгъэр. Абыхэм утыкум екIуу щагъэIуащ адыгэбзэм теухуа усэхэр, щагъэзэщIащ хэкупсэ уэрэдхэр, бзэм хуэсакъын, ар хъумэн зэрыхуейм теухуа теплъэгъуэ купщIафIэхэри ягъэлъэгъуащ.  Дахэт, екIут еджакIуэхэм утыкум щагъэзэщIа лъэпкъ къафэхэри. 
Адыгэбзэр си дежкIэ дамэщ!
Ар си напщIэм сыт щыгъуи телъщ.
Адыгэбзэу си бзэ дахэм 
ПсыIэрышэу  сыхуоусэ.
Адыгэбзэу си анэбзэр
Псынэпс къабзэу псэм щызожэ.
Адыгэбзэу си лъэпкъыбзэр
ГущIэм мафIэу къыщохъей!
Адыгэбзэу си лъым хэтым
Къелъэтыхьыр къуалэбзууэ, - 
апхуэдэу анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр, дахагъыр абыхэм псэкIэ зэрызыхащIэр къыщагъэлъэгъуэфащ а лэжьыгъэхэмкIэ. 
ЖыпIэнурамэ, зым нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъ узыIэпишэу щытт зэIущIэм и утыку кърахьэ лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми нэрылъагъу пщащIырт Iуэхур щекIуэкI курыт школым хэкупсэ гъэсэныгъэ купщIафIэ зэрыщызэфIахыр. Егъэджэныгъэм, гъэсэныгъэм, щIэблэр адыгэ хабзэм щIэпIыкIыным, анэдэлъхубзэм и къулеягъыр, къабзагъэр зыхащIэу  къэгъэтэджыным пыщIа къалэн псори еджапIэм екIуу зэрыщызэдахьри хьэкът. 
ЗэIущIэм щыIуащ адыгэ усакIуэшхуэхэу КIыщокъуэ Алим, Бемырзэ Мухьэдин, АфIэунэ Лиуан, Къагъырмэс Борис, нэгъуэщIхэми я усэ цIэрыIуэхэр. Iуэхум нэхъ къыхэжаныкIа еджакIуэ цIыкIухэм ящыщщ Пэрыт Миленэ, Ерджынокъуэ Лаурэ, Сэхъу Миланэ, Чэрим Ислъам, Блэныхь Ясминэ, Шэрджэс Радинэ сымэ, нэгъуэщIхэри. 

УмыгуфIэнкIэ, умыгушхуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым,  адыгэбзэр дахэу зыIурылъ, лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ зыхэлъ апхуэдэ щIэблэ лъэпкъым къызэрытщIэувэр щыплъагъукIэ. ФIыщIэ яхуэфащэщ а ныбжьыщIэхэр зи нэIэм щIэт, щIэныгъэрэ гъэсэныгъэ езыт егъэджакIуэхэм. Абыхэм ящыщщ махуэшхуэр зыгъэхьэзырахэу Вэрокъуэ СэIимэтрэ АпекIуэ Жаннэрэ, нэгъуэщIхэри.  
- ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр абыхэм яIурылъ бзэмрэ зэрахьэ хабзэхэмрэщи, а фIыгъуэхэр сакъыу фхъумэ, ныбжьыщIэхэ, нэр нэбжьыцым зэрихъумэм хуэдэу, - къыхураджащ абыхэм еджакIуэхэр.  
- Узиадыгэбзэщ! Си гугъапIэр уэращ. Си адыгэбзэ - си бзэ! Си псэ - си дуней! – псалъэхэмкIэ я нэхъыжьхэм зэдэууэ пэджэжащ ныбжьыщIэхэр. 

ТАМБИЙ Линэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.01.2026 - 09:03

Блым щыщу тхур дыщэу

Урысейм ТхэквондомкIэ и зэгухьэныгъэм и президентым и Кубокыр къэ­хьыным хуэунэтIа къэралпсо зэхьэзэ­-хуэ Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащ-хьэ Черкесск щекIуэкIащ.

24.01.2026 - 09:03

Медаль 35-рэ къахь

Кавказ Ищхъэрэм атлетикэ псынщIэмкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Ставрополь крайм щекIуэкIащ иджыблагъэ.

23.01.2026 - 09:44

IэщIагъэм и фIагъыр зэхащIыкIмэ...

Лосэн Хьэмидбий ­КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэ­хэщIыкI Iэ­ры­щIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ техноло­гиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ.

23.01.2026 - 09:43

Пэрытхэр студентхэм яхохьэ

Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэм я зэIущIэ.

23.01.2026 - 09:42

Нартыху бзийм и щэхухэр

КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъап­щIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и цент­рым декоративно-прикладной ­гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр ­щагъэлъагъуэ, «Ремесел древних новизна» грант Iуэхум хыхьэу.