ХЪЫДЖЭБЗЫМ УСЭ КЪЕДЖЭНЫР ЙОКIУ

Москва, Ростовхэ я унэм щекIуэкIа «Нонфикшн» тхылъ жармыкIэм щагъэлъэгъуащ Урысейм ис тхакIуэхэмрэ тхылъ тедзапIэхэмрэ я зэгухьэныгъэм (АСПИ) и «МестоимениЯ» проектышхуэм хыхьэ лэжьыгъэхэр. Абы тету бзэ тIурытIкIэ (анэдэлъхубзэрэ урысыбзэкIэ) къыдагъэкIыну хунэсащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ингушым, Къалмыкъым, Дагъыстэным, Якутием щыщ иджырей тхакIуэхэм я тхылъи 8. 
Налшык щыщ усакIуэ, драматург, «Сказки сердца» тхъылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Къаныкъуэ Заринэ ОГИ тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэ Амелин Максим хуихьа бащлъыкъыр зэрыритыр щыслъагъум, Черкесск къыщыхъуа сэ зыхэсщIащ Iэмал имыIэу а усакIуэм сепсэлъэн зэрыхуейр. Дызытепсэлъыхьари тхылъхэмрэ зэдзэкIынымрэ я Iуэху къудейркъым… 
- Заринэ, «МестоимениЯ» проектым дауэ ухыхьат?
- Сэ сыкIэлъыплъырт АСПИ-м игъэхьэзыр нэгъуэщI проектхэм, сыхэтат Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я литературэм зегъэужьынымкIэ программэм. Зэпеуэм сыпхыкIри, щыгъуазэ сыхъуащ си тхылъ къыдагъэкIынкIэ зэрыхъунум. Iуэхур екIуэкIырт Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм пыщIауэ, абы и унафэщI Тхьэгъэзит Юрий ди лэжьыгъэхэм я Iуэхур и нэIэ щIэтт. Латынин Валерий ахэр зэредгъэхьын хуей Iэмалхэмрэ форматхэмрэ теухуауэ дечэнджэщырт… Егъэлеяуэ сыгуфIащ зэпеуэм сызэрыпхыкIам и хъыбар къыщызжаIам. Си гуапэ хъуащ ОГИ-м и редактор нэхъыщхьэ Амелин Максим си лэжьыгъэхэм я редактор зэрыхъуар. Абы къызжиIащ си усэхэм пьеси ящIызгъу зэрыхъунур. 
- Ростовхэ я унэм щекIуэкIа пшыхьыр дауэ къыпщыхъуат?
- Дэ гуапэу къытIущIащ Зоринэ Светланэ, Губинэ Татьянэ, Отрошенкэ Владислав сымэ. Къэралым литературэм щиIэ щытыкIэм теухуауэ гупсысэ щIэщыгъуэхэр жиIащ Шаргунов Сергей. ЗэIущIэм зыгуэрым щыжиIащ СССР-м и зэманым щыIа литературэ дунейр зэтеублэжа хъуну щыгугъыу. Сэ иджырей Iэмалхэрщ сигу ирихьыр. Абы и IуэхукIэ, АСПИ-м къелъыхъуэ, пхегъэкI хъэтI щIэщыгъуэ зиIэ тхакIуэхэр, усакIуэхэр. 
- Иджырей адыгэ щIалэгъуалэм лъэпкъ хабзэр ящIэрэ, анэдэлъхубзэр яIурылъ?
- ЩIалэгъуалэ дахэ диIэщ. Езыхэр дехьэх блэкIар яджыжыным, хабзэ зэрахьэным. Адыгэ къафэ къофэхэр, лъэпкъ фащэр ящыгъщ, хабзэр щызэрахьэ адыгэ хьэгъуэлIыгъуэхэр къыдэзыхыжари ахэращ. Къапщтэмэ, сэ къалэн зыхуэзгъэувыжащ ди анэдэлъхубзэмкIэ сыт хуэдэ гурыщIэри къэбгъэлъагъуэ зэрыхъур щIалэгъуалэм зыхезгъэщIэну. Режиссёр, сурэтыщI, нэгъуэщI къызэгъэпэщакIуэхэри сщIыгъуу Налшык щезгъэкIуэкIыу щIэздзащ усыгъэ пшыхьхэр. Илъэс пщыкIуплI хъуауэ идогъэкIуэкI «Усыгъэм и хъуреягъкIэ» («Круговорот поэзии») проектыр. Алъандэри ди цIыхухэм нэхъри яфIэфI хъуащ анэдэлъхубзэкIэ дахэу усэ къеджэныр. Си щхьэгъусэм жеIэ: «Ди адыгэ хъыджэбз зи ишэгъуэхэм я фIагъ нэхъыщхьэхэм ящыщу къысщохъу усэ дахэу къеджэныр». Иджыблагъэ къызэдгъэпэщащ анэдэлъхубзэр хъумэнымкIэ лъэпкъ фонд. Абы къызэригъэпэща щIалэгъуалэ театрым папщIэ сэ пьесэхэр сотх. 
- Иджыблагъэ адыгэбзэкIэ къыдэбгъэкIащ ебланэ усэ тхылъ, роман ботх, уи пьесэхэр щIалэгъуалэ театрым щагъэлъагъуэ, зэрысщIэмкIэ, рэпми мащIэу удехьэх… А псом нэмыщIи, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэу уолажьэ…
- Газетыр сэ куэдкIэ сэбэп къысхуохъу си лъэпкъэгъухэм япыщIауэ сыщытынымкIэ. Къуажэдэсхэм саIущIэну, ахэр газет тхыгъэхэм я лIыхъужь сщIыну сфIэфIщ. Иджы зы гугъэ сиIэщ: къуажэм дэсу губампIэдэхыу усэ зытх бзылъхугъэхэр къэзгъуэтыну сыхуейщ. Зыбжанэм езыхэм зыкъысхуагъэзащ, газетым нэпсалъэурэ. 
- Интервью гуэрым щыжыпIауэ щытащ лъэпкъ щэнхабзэр пхъумэн папщIэ адыгэбзэкIэ утхэу. «Бзэмрэ усыгъэмрэ» уи статьям щыжыбоIэ: " Куэдрэ зыхызощIэ ди дадэжьхэм яIурылъа бзэмкIэ псори IупщI ящIу: дунейм и щытыкIэри, щIыуэпсымрэ цIыхумрэ зэрызэпыщIари…» ЗэрысщIэмкIэ, уи усэхэм ящыщхэр езым урысыбзэкIи зыбодзэкIыж…
- Усыгъэм и къарур нэс дыдэу нэгъуэщIыбзэкIэ къыпхуэIуэтэнукъым, бзэ къэс яхэлъ щэхухэр зэрызэтемыхуэм къыхэкIыу. Уеблэмэ сэ езым си усэхэр урысыбзэкIэ щызэздзэкIым деж адыгэбзэм хэлъ гупсысэ дыдэр ирикъуу абы схухэлъхьэркъым, сызэрыцIыкIурэ урысыбзэр фIыуэ слъагъу икIи сыфилолог пэтми. Зи тхыгъэ зэрадзэкIыну зымыдэ усакIуэхэм я гупсысэр сэ къызгуроIуэ. Ауэ, итIани, птхамкIэ нэхъыбэм уадэгуашэмэ нэхъыфIу, зэдзэкIакIуэм дзыхь хуэпщIын хуейуэ къызолъытэ. Илъэситху ипэкIэ, лъэпкъ литературэр егъэфIэкIуэнымкIэ проектым сыщыхыхьам щыгъуэ, кураторхэм ди бзэр апхуэдэуи я нэIуасэтэкъым, зэдзэкIакIуэхэми щIагъуэу зрапщытыртэкъым адыгэ усыгъэм… Иджы си усэхэр дахэу зэридзэкIащ усакIуэ телъыджэ Ермаковэ Иринэ. ИкIи зэридзэкIа усэ Iэрамэр тхылъми, «Дружба народов» журналми ихуащ. Си зэдзэкIакIуэм дзыхь хуэсщIащ, езыми си гупсысэр зыхищIащ. АтIэ ар хъарзынэкъэ – щIэджыкIакIуэхэм ящIэнущ адыгэ усыгъэм зэрызиужьыр! 
Епсэлъар САФИУЛИНЭ Елизаветтэщ.
 

 

«Литературная газета»-м къизыхыжар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.