ХЬЭБАС

Дыгъэр къухьат. Дунейм кIуэ пэтми пшэкIэ зихуапэрт. КъуэкIыпIэмкIэ псы къабзэ цIыкIур къызыдэж къуапэ зызэIузыхым, нэхъ Iузэ, нэхъ лъагэ зищIурэ, удишэрт нашэкъашэу.

ТIуащIэ зэвым и дыгъэмыхъуэр нэхъ задэ къыпфIэщIырт, и дыгъафIэм нэхърэ. Кхъужьей, мей абрагъуэхэр адэкIэ-мыдэкIэ итт. Пыжьей, зэрыджей, дей цIыкIу гуэрэнхэми уахуэзэрт. 
Къуэм и дыгъапIэ лъэныкъуэмкIэ бгъуэнщIагъхэм зыкъыщызэIуахырт, я щхьэкIэхэмкIэ зыщызыIэт джабэ нэкIухэм дзэхур щыалэрыбгъут. 
Псы цIыкIум и IуфитIми дзэл жыгыжь абрагъуэхэм уащыхуэзэрт, и дыгъэмыхъуэ къуэ кIахэмкIэ къэлъагъуэ бгъуэнщIагъ «зэмыфэгъухэм» я зым бэрэжьей жыгыжьхэр Iутт, и дамэ дапхъэхэм щхъырыб Iэрамэхэр тету. И мывэ блынхэри, дыгъафIэмкIэ щыIэхэм хуэдэу, мывэсэхутэкъым, атIэ пшахъуэ мывэупцIэт.
Дыгъужьым хаша мыхъумэ, цIыху лъагъуэ а къуэ бгынэжам щыплъагъунутэкъым. 
Мис а быдапIэм, пщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуарэ бжэн хъушэ мащIэм яужь иту, дзапэ уэрэд тIэкIуи жиIэу, зы лIы хэщIыхьа мывэ блынхэр щиух дыдэмкIэ къыдыхьэжырт, зэзэмызи джэдэхъу пашэм мы псалъэхэмкIэ: «НакIуэ, накIуэ, джэдэхъужь, егъэзыпIэм некIуэлIэж. Умышынэ пашэ бланэр», - зыхуигъазэу. 
ЛIыр и ныбжькIэ илъэс 60-м щIигъуагъэнт. Щхьэпэлъагэтэкъым. И жьакIэ-пащIэм тхъугъэр къебэкIыу . Бжэныфэм къыхэщIыкIа фащэт зэрыхуэпар. И бгыр лъэщу зэрыщIэпха упщIэ бгырыпхыбгъуэм быдэу кIэрыщIауэ, къамэ фIыцIэрэ къалэтрэ (фоч кIэщI) дэлът, сэ маиси сампIэм илъыжу. Ауэ ар бжэныфэцым хэгъуащэрт. СампIэ тебзэр бжэныфэт. 
АтIэми, щхьэр зыгъэуназэ пэнтIыкъ пэужьитIыр зэзыпх чэтэн лъэмыжыр тезыха псыдзэжьым ещхьу, мы лIыжь цIыкIу закъуэр мы щIыпIэм къызэрыщыхутари гъэщIэгъуэнт. 

 ЩIалэр къызэрыхуэзар

Уафэм къеха нэхъ имыщIэу, зылI, иш зытесыр Iэдэжу иIыгъыу, куэщI зыздищI дыгъэмыхъуэмкIэ къехщ, «Бохъу апщий, тхьэмадэ!» - жиIэри, бжэныхъуэм къыбгъэдыхьащ. Мыдрейми, «Упсэу апщий, си щIалэ, хьэщIэ ихьэгъуэщ, еблагъэ!"  - жиIэри, сэлам ирихащ.
ХьэщIэр пщыIэм щIишэщ, и Iэщэ-фащэр дыригъэхри, щIэуфэм и деж щигъэтIысащ. Езым лэгъуп ищтэри, бгъуэнщIагъ егъэзыпIэм ихьэжа бжэнхэм яхыхьащ. ХьэщIэм  пхъэ пэгуныр къищтэри, лIыжьым кIэлъыкIуащ, «губгъуэм хьэщIэ щыIэкъым» игукIэ жиIэри. 
Шэ зыщIэт бжэнхэр къиубыдурэ дадэм къыдишащ. ИужькIэ, бжэIупэ дыгъапIэм щызэтелъ бжэн тезэч гъурымрэ пхъэ IэплIэрэ къыщIихьэри, жьэгум мафIэ щищIащ. 
ЛIыжьым и Iэр итхьэщIыжа нэужь, хьэщIэм зыкъыхуигъазэри, мащIэу къыхуэгуфIэу жиIащ: «Хэт урибынми, Тхьэм уигъэпсэу! Нэмысрэ хабзэрэ пхъэлъу зыкъэзбгъэлъэгъуащ. Аращ, си щIалэ, губгъуэм хьэщIэ щыIэкъым, сэ сыгубгъуэрысщ. Ару щытми, итIани ухьэщIэщи, хьэщIагъи уэхыпхъэщ», - дыщIигъужри, лIыжьым лэгъуп фIидзащ. Мырамысэ хуабэри къищIащ. Ахэр Iэлъэныкъуэ Iэнэм трилъхьэщ, дзасэм лы бэгъуар фIэз ищIри, и хьэщIэм иритащ, «Гъажьэ, мырамысэм тегъауэурэ», - жиIэри.
Лыр жьэхукIэ, бжэныхъуэ лIыжьым шэр изащ, пхъэ шынакъхэм яригъэхъуащ. Жьэгум къэтIысыжри, и хьэщIэр Iэнэм ириджащ:
- ХэIэбэ, си щIалэ, дауи, гъуэгуанэ къэпкIуагъэнщ, узэщIэузэдащ, - жиIэри. 
- Пэжщ. КъэпщIащ, ди адэ, си Iуэху зытетыр. Си алащэри схуэдэу улэуащ. ГъуэгуанэфI зэпытчащ. 
Хъуахъуэу ерыскъым щыхэIэбэм, и къэптал Iэщхьэхэр мащIэу дригъэкIуэтеящ. ИужькIэ, бэлагъыщхьэ зырыз хъу мырамысэ хуабэмрэ бжэнышэрэ лIитI нэщIам трашхыхьыжащ.
- Иджы, си хьэщIэ, - жиIащ лIыжьым, пщыхьэщхьэ Iэнэр щызэфIэкIым, къэтэджыжурэ, - ди хьэхэр дгъэшхэнщ. Хьэмыщэрэ Мырсытрэ нэмыщIамэ, дыгъужь Iус дыхъунт. Мы кIыфIыр здызэрыпIытI къуэладжэжьым а псэущхьэхэри дэзэрыгуауэ дэзщ.  Бэлэрыгъ и анэ магъ, дыхутыкъуэ хъунукъым. Уи алащэми мэчанэ (егъэзыпIэ) быдэ еттынщ. 

ХьэщIэм жиIэщ, хьэIус зэрытыр къиIэтри, пщыIэм къыщIэкIащ, лIыжьри иужь къиуващ. 
Бгыжьэм щIэщIыхьа пыщIыкIым хьэщIэм иш ЩхъуантIэкIэ зэджэр щIишэри, ирипхащ, зигъэнщIмэ зэрытIысыфынум хуэдэу. 
Дадэр и шыдхэр зыщIэтми бжэнэщхэми щыIэуэлъэуащ. ДэнэкIи игу щигъэзэгъа иужь,  и тэхъуанэм къеблэгъэжащ, хьэщIэри дэщIыгъуу. 
- Иджы, си щIалэ, зыгъэпсэху, мор уи гъуэлъыпIэщ, мыри уи тепIэнщ, - жиIэри, бжэныфэм къыхэщIыкIа щхьэнтэмрэ шхыIэнымрэ зэрылъ щIэуфэ гъуэлъыпIэр иригъэлъэгъуащ. 
ХьэщIэр тэджри, бысымым къригъэлъэгъуам зызэфIимыхыщэу зыщригъэщIащ, и Iэ ижьыр и щхьэм щIэгъэкъуауэ. ЛIыжьми жьэгу ужьыхыжым дакъэжь мафIэр щызэщIигъэстащ, нэху щыхункIэ зэрисынум хуэдэу. ИужькIэ езыри гъуэлъащ, и гупэр и хьэщIэм  хуэгъэзауэ. 
ГъуэлъыпIитIыр зэщIылIа мывэ блынитIым ажэфэшхуэ зырыз кIэрылът, алэрыбгъу папщIэу, Iэщэ-фащэ фIэдзапIэхэри пхъэ Iунэ лъэщкIэ щыкIэрыгъэбыдыхьат. Уэнжакъыр зэщIылIа сэхым шху фэнд фIэдзат.
- Ыхьы, си щIалэ, - жиIащ лIыжьым, и хьэщIэм зыхуигъазэри, - бжыхьэ жэщщ, дезэшами тIэкIу дыпсэлъэнщ. Сэ, сыкъызэрыплъагъущи, зи дамэ къута бгъэжьу, сыбгыгъуанэрысщ.
- Уи нэмыс лъагэ ухъу, ди адэ! ПсыжьыщхьэкIэ сыкъокI, ПсыплъыжькIэ согъуэгурыкIуэ, сыхэщIапIэ лъыхъуэщ, - жиIащ. 
ХьэщIэм и ныбжьыр илъэс тIощIрэ пщIым итынт.  Iэщэ-фащэкIэ пылъхьэншэт. И ЩхъуантIэри адыгэшт. И тхьэкIумэхэр дзасэт, и пщэр хуэкъуэншафэт, и пэщхъынхэри быхъут. КIэщIу жыпIэнумэ - шы ялейт. 
- ХапIэщIэ улъыхъуэми, си щIалэ, тхьэм уи насып къригъэхь. Инжыджым и IуфитIри Гъуамэжьым нэс псэупIэ телъыджэщ. Си унэцIэр Бжэныхъуэщ, си цIэр Хьэбасщ. УощIэр, зэрыхьзэрийщ: адэжь хэкур хыфIадзэ, Истамбыл йокIыж. ЩхьэкIуэм щIакIуэ уегъэщI. ЛабэжьыщхьэкIэ сыкъикIащ.  Лабэжь уIуплъэныр гуузти, гъэзэж симыIэу IэщIыб сщIащ. Ауэ, адэжь хэкур схуэбгынакъым.

ИлъэсипщIым нызэрохьэс мы къуэладжэжьым сызэрыдэсрэ, цIыху щхьэфэ симыплъэу. Дыгъужь къугъ макъхэм сесэжагъэххэщ. Иджы хапIэщIэ улъыхъуэу жыбоIэри, мо Псыплъыжь дамэм фытетIысхьэ. Угъурлы ирехъу! СылIэмэ, хьэдэ къуаншэ сыхъункъым, си бжэн тIэкIумкIэ сывгъэтIылъыжынщ», - жиIэрт тхьэмадэм, къэгумэщIауэ. 
- Узогъэгугъэ, дадэ, - жеIэ щIалэм, - си адэм хуэсщIэнур пхуэсщIэнкIэ! Дэ хьэблищ дыхъуу дыкъэIэпхъуэнущ, къуажэ зырызуи дытIысыжын ди гугъэщ, Тхьэм жиIэмэ, мы Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм. 
БгъуэнщIагъым и хъуреягъкIэ дыгъужь къугъ макъхэр къэIурт, Хьэмыщэрэ Мырсытрэ увыIэртэкъым, зэрымытIасхъэр ирагъащIэу... 

 

ХЬЭКЪУН Исуф.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.