ГЪУЭГУ УХУЭНЫГЪЭХЭР ЗЭПЫУРКЪЫМ

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» къэрал программэм и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым дызэрыт илъэсым къриубыдэу километр 60 зи кIыхьагъ гъуэгу щызэрагъэпэщыжыну къапэщылъщ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ 18-м гъатхэпэм и 1-м къыщегъэжьауэ IуэхущIапIэ 20-м екIуалIэ гъуэгухэмрэ лъагъуэхэмрэ къагъэщIэрэщIэжынущ. Абыхэм ящыщу щIыпIитхум лэжьыгъэхэр щаублащ. Псалъэм папщIэ, Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэм деж Дыгъэмыхъуэрэ Хьэрэкхъуэрэрэ зэрипхыу Бахъсэныпсым телъ лъэмыжыр трахауэ щIэрыщIэу тралъхьэж. КъуажэщIымрэ адрыщIымрэ зэпызыщIэ лъэмыжыр жылэр къыщытIысым япэ дыдэу ящIа ухуэныгъэхэм ящыщщ. Илъэс щитIым нэблэгъа лъэмыжыр абы лъандэрэ мызэ-мытIэу зэрахъуэкIащ, трахыпэу щIэуэ щытралъхьэжаи къыхэкIащ. Иджы телъыр зэращIрэ илъэс щэ ныкъуэм щхьэдох, ауэ абы зэремылэжьрэ, зэрызэрамыгъэпэщыжрэ куэд щIащ. Иужьрей дыдэу гъуэгуухуэхэр абы щеIусар 1980 гъэхэрщ. Абы къыхэкIыу жьы хъуа лъэмыжыр трахыпэну, и лъабжьэр ягъэжу ибгъухэр гъуэгущхьэIухэм къыхагъэхьэжыну траухуащ. Дыгъэмыхъуэ лъэмыжым мы махуэхэм и екIуэлIапIэхэр трахакIэщ, ар зэпха псыхъуэ ныджэхэр къатIэщIащ. Гъуэгуухуэхэм зэрытраухуэмкIэ, ныджэ егъэбыдылIапIэхэр нэхъ бгъуэ ящIынущ, лъэмыжри яIэтынущ икIи яшэщIынущ. Мы далэм лъэмыжым и лъэгур зытрагъэжыхьыну щIыпIэхэр псы мыкIуэн хуэдэу ягъэгъущащ, гъущIыкIэхэр хагъэжыхьащ, лъэмыж бгыкъухэмрэ щхьэIумрэ ягъэхьэзыращ.
Налшык къалэ дэт, Мовсисян Черкес и цIэр зезыхьэ уэрамым и бгъуитIымкIэ ирикIуэ лъагъуэхэм куэд лъандэрэ цIыхур хуиту щыземыкIуэфу къекIуэкIащ. Иджы абыхэм плиткэ иралъхьащ, зекIуапIэхэр къыхагъэщащ, зэпрыкIыпIэхэр ягъэнэхуащ. Абы къищынэмыщIауэ, гъуэгум асфальт къилъэлъар къытрахауэ щIэ тралъхьэ, гъуэгу дамыгъэхэр къыхалыкIыж, зэпрыкIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщ, зекIуэкIэ хабзэхэм япыщIа IэрыщI гъуазэхэр гъуэгущхьэIухэм трагъэувэ. Гъуэгум и щхьэфэр къэгъэщIэрэщIэжыным епха Iуэхухэм зэрыщIадзэрэ куэд щIакъым. Апхуэдэу щыт пэтми, лэжьыгъэ зыбжанэ зэфIэкIащ. Гъуэгуухуэхэм асфальт щIыIур трахащ, гъуэгур нэхъ бгъуэ ящIащ.
Арыкъ (Борыкъуей) къуажэм пхрыкI, километри 2,5-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуми асфальтыр трахри щIэ тралъхьащ, мы лъэхъэнэм гъуэгубгъухэр ягъэбыдэж. Апхуэдэ лэжьыгъэ Шэрэдж щIыналъэми щекIуэкIащ: машинэхэр уэру щызэхэзежэ, километритху зи кIыхьагъ щIыпIитIыр зэрагъэпэщыжащ. Балъкъэрыщхьэ къуажэм хуэкIуэ гъуэгури щыхупIэм зэрыщхьэщытым къыхэкIыу, щIэх-щIэхыурэ зумыгъэпэщыжмэ, дуней къэхъукъащIэхэм трахыпэнкIэ хъунущ. Абы къыхэкIыу, мывэкIэрыхухэм гъуэгур щIамыуфэн папщIэ, бгы жьэгъур ягъэбыдэ.
Лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI Хьэбэз, Псынэдахэ, Псынэху, Лэскэн ЕтIуанэ къуажэхэм. Зэрагъэпэщыж гъуэгухэр цIыхухэр нэхъыбэу щызэхуэс IуэхущIапIэхэм йокIуалIэ: сабий гъэсапIэхэм, курыт еджапIэхэм, сымаджэщхэм, мэжджытым. Абы къыхэкIыу, гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэныр цIыхум и шынагъэншагъэр къызэзыгъэпэщ IэнатIи мэхъу.
И кIэм ноблагъэ къуажитхум щекIуэкI ухуэныгъэхэр. Щхьэлыкъуэ, Каменкэ, Белая Речкэ, Зэрэгъыж, Ново-Ивановскэ къуажэхэм пхыкI гъуэгухэм я щIыIур тралъхьащ. Куэд дэмыкIыу нагъыщэхэр тращIэнущ, гъуэгу дамыгъэхэр ягъэувынущ.
Щхьэхуэу и гугъу щIын хуейщ Шэджэм ЕтIуанэ (Къундетей) – Булунгу къуажитIыр зэзыпх, щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгум щекIуэкI лэжьыгъэми. Хъущтэ-Сырт, Шэджэм Ищхъэрэ къуажэхэм къедза щIыпIэхэм я деж щыIэхэр щызэрагъэзэхуэж, Шэджэм ЕтIуанэ – Булунгу къуажитIым я зэхуакум Шэджэмыпсым гуиха щIыпIэхэр къыдращIеиж, гуэупIэхэм бетон иракIэурэ ягъэж. Апхуэдэу машинэ зекIуапIэхэм километр 25-рэ зи кIыхьагъ асфальт-бетон щIагъэщIэлъ тралъхьэнущ. ЩIыпIэхэр гугъусыгъуу зэрыщытым, дунейм и щытыкIэм елъытауэ фIэкIа шэщIауэ узэримыгъэбакъуэм къыхэкIыу, гъуэгуухуэхэм лэжьыгъэхэр 2026 гъэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну жаIэ. Ауэ щыхъукIи, гъуэгухэм я щытыкIэмрэ я зыубгъукIэмрэ елъытащ хэгъэгум адэкIэ и зыужьыкIэр зыхуэдэнури.
Урысейм къыщыхалъхьа, «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» зи фIэщыгъэ лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгуухуэ IэнатIэм лэжьыгъэшхуэ иужьрей илъэсхэм зэфIигъэкIащ. Къэрал программэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм 2022 гъэм къриубыдэу километри 110-м гъуэгущIэхэр щытралъхьащ, километр 30-м уэздыгъэ пкъохэр щагъэуващ. Къэрал программэм къызэригъэувымкIэ, 2030 гъэм ехъулIэу щIыналъэ гъуэгухэм я процент 60 нэхърэ мынэхъ мащIэр зэгъэпэщыжауэ, процент 85-м хуэдизым уэздыгъэ пкъохэри тегъэувэжауэ щытын хуейщ.
«ЦIыхум гъащIэр гъуэгум тету ехь, абыхэм я шынагъэншагъэр къызэгъэпэщыныр, щызекIуэ щIыпIэхэр фIагъ и лъэныкъуэкIэ дагъуэ имыIэу къэIэтыныр узэбакъуэ мыхъун хабзэщ, ар зыхуей хуэдгъэзэныр ди хьэкъщ», - щыжаIэ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм.
 

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.