ЛИТЕРАТУРЭ ЗЭХУЭСЫПIЭМ И ЯПЭ ЛЪЭБАКЪУЭХЭР

Налшык къалэм и библиотекэм и лэжьыгъэр литературэ уэршэрхэр, щIэныгъэ псалъэмакъхэр щекIуэкI зэхуэсыпIэм ещхьу дяпэкIэ екIуэкIынущ.

Жылагъуэ гъащIэр нэсу къызэгъэпэща хъун папщIэ, ди щIыналъэм къэрал программэрэ лъэпкъ пэхуэщIэу зыбжанэ къыщыхалъхьауэ щолажьэ. Щэнхабзэр къэIэтыным, и дуней лъагъукIэм зегъэубгъуным хуэунэтIа а жэрдэмхэм ирагъэфIакIуэр жылагъуэм и зэхэтыкIэм и закъуэкъым, атIэ ар хуэгъэпсащ экономикэ зыужьыныгъэми, щIыналъэм и шыфэлIыфэри фIы и лъэныкъуэкIэ къэгъэлъэгъуэнми. «Щэнхабзэ» зи фIэщыгъэ къэрал программэм и фIыгъэкIэ гъащIэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм пэджэж щэнхабзэ жэрдэмми гъуэгу игъуэтащ, библиотекэми лэжьэкIэ лIэужьыгъуэщIэ иIэ хъуащ.
ЦIыхур зэса гъэпсыкIэм тет къалэ библиотекэм щIэлъ тхылъ тегъэувапIэкIи, унэлъащIэкIи, техникэ IэмэпсымэкIи къанэ щымыIэу зэрахъуэкIащ, и пэш кIуэцIхэр зэрыщыту къагъэщIэрэщIэжащ. ТеплъэщIэ зыгъуэта тхылъэщхэр Пушкиным и цIэр зезыхьэ уэрамым тетщ.
Иджырей жыпхъэм иту зи бжэхэр щIэрыщIэу къызэIузыхыжа библиотекэр, нэхъапэхэм зэрыщытам хуэдэу, тхылъ хъумапIэ къызэрыгуэкIыу щытыжынукъым. Библиотекэ дунейри гъащIэм добакъуэ. Тхылъыр цIыхум Iэпэгъу хуэщIыныр, щIэджыкIакIуэхэр зэшэлIэныр, ахэр тхыгъэ дунейм къыщекIуэкIым щыгъэгъуэзэныр библиотекэхэм я къалэн нэхъыщхьэу щытамэ, иджы ахэр жэрдэмыщIэхэр къыщыхалъхьэ, зи Iуэху еплъыкIэкIэ зэтехуэ цIыху гупхэм я зэхуэсыпIэ хъун хуейщ. Налшык къалэ къыщызэIуаха библиотекэ лIэужьыгъуэщIэхэри аращ зэрыщытынур.
Тхылъ тегъэувапIэхэр сатыру екIуэкIыу пэш щхьэхуэм и утыкум итыжкъым, ахэр блыным декIуэкIыу кIэрытщ. Утыкум зэгъэуIуауэ зы цIыху зыIухуэн Iэнэхэр итщ, зыр зым зэран хуэмыхъун хуэдэу зэбгъурыту. Пэшхэм компьютер зыбжанэ щIэтщ, хуей хъумэ библиотекэм къыщIыхьэр абыхэм ирилэжьэну хуиту. Нэхугъэр зыщIэз пэшхэм щIэт унэлъащIэхэр зэрыщыту щхъуэкIэплъыкIэщ, уи гукъыдэжыр къаIэту, жэрдэмхэр къызэщIагъэбатэу. Псори уэршэрынымрэ лэжьыгъэмрэ хуэгъэпсащ. Мыбдеж уи нэгу зыщебгъэужьыным, зыщыбгъэпсэхуным къищынэмыщIауэ, щIэныгъэ лэжьыгъэхэр къыщызэбгъэпэщыну Iэмал щыIэщ – лекцэхэм укъыщеджэ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ятеухуа мастер-классхэр щызэхэпшэ, дерс гъэщIэгъуэнхэр къыщызэбгъэпэщ хъунущ. «Щэнхабзэ» проектым нэгъуэщI Iэмалхэр къыует библиотекэ лIэужьыгъуэщIэхэр нэгъэсауэ щэнхабзэ центр хъун папщIэ.
Зи лэжьэкIэм зихъуэжа, зи Iуэху щIэкIэр щIэщыгъуэ защIэу зэхэухуэна хъуа литературэ зэхуэсыпIэр хухаша гъуэгущIэм техьакIэщ, дызэрыт илъэсым мазаем и 17-м хьэщIэхэмрэ жэрдэмыщIэхэмрэ япэплъэу.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.12.2024 - 15:48

ПсэупIэу яухуэм хохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ – жэпуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и ухуэныгъэ IэнатIэм сом мелард 30 и уасэ лэжьыгъэ щызэ

04.12.2024 - 14:39

Мыд Мадинэ и фэеплъу

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, музыкант, профессор, лъэпкъыбэ зэпеуэхэм я лауреат Мыд Мадинэ Къэралбий и пхъур (1964 – 2018) псэужатэмэ, и

04.12.2024 - 14:38

Псы фIей хъумапIэхэм я Iэужьыр

Бгым къыщIах къулеигъэхэр щIым къыхагъэкъэбзыкIа нэужь, ар зэратхьэщIа псы фIейр щахъумэ, щызэхуахьэс щIыпIэм щхьэкIэ «хвостохранилище» жаIэ.

04.12.2024 - 12:25

ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ

Шэджэм щIыналъэ администрацэм и унафэщI Борсэ Юрэ иджыблагъэ IущIащ дзэ Iуэху хэхам хэт, 503-нэ полкым и командир Бэгъуэт Къантемыр.

04.12.2024 - 09:03

Дзэ Iуэху хэхам и хъыбархэр зэхуэхьэсауэ

Налшык дэт Лъэпкъ музейм, дзэ щIы­хьым и пэшым, щекIуэкIащ «Нет уз святее товарищества» тхылъым теухуа зэIущIэ.