КАВКАЗ ИЩХЪЭРЭМ КЪЫЩЫХЭЖАНЫКIАХЭР ЕКАТЕРИНБУРГ МАКIУЭ

Ставрополь къалэм ще­кIуэ­кIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм дзюдомкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы кърихьэлIат зи ныбжьыр илъэс ­23-рэ иримыкъуа щIалэрэ хъы­­джэбзу 240-м щIигъу.

Кавказ Ищхъэрэ федераль­нэ округым и щIыналъэ псоми къикIа спортсменхэр хьэлъагъ 14-м щызэбэнащ. Сыт щыгъуи хуэдэу, абыхэм къахэжаныкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэр икIи дыщэ медалу 3, ды­жьыну 2, домбеякъыуи апхуэдиз зыIэрагъэхьащ.
Хуабжьу дигъэгуфIащ Къанокъуэ Арианнэ. Килограмм 48-м нэс зи хьэлъагъ хъыджэбзхэм я зэпеуэм абы къыщыпэлъэщын къахэкIакъым.
Шытхьэлэ щыщ пщащэм хуэфэщэну зыкъагъэлъэгъуащ Зэмбатэ Къантемыррэ Мы­р­зэ­бэч Ильясрэ. Япэр килограмм 60-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм щытекIуащ, етIуанэм килограмми 100-м къыщебэна псори тридзащ.
Финалым къыщыхагъэщIами, дыжьын медалхэр яIыгъыу, я щхьэр лъагэу къагъэзэжащ Байсиев Тауланрэ (кг 81-рэ) Абазэ Астемыррэ (кг 90). Ещанэ увыпIэр яубыдащ Пщынокъуэ Альбертрэ (кг 90) Быф Идаррэ (кг 100).
Кавказ Ищхъэрэм и дзюдоист нэхъыфIхэм иджы Iэмал ягъуэтащ гъатхэпэм и 17-м Екатеринбург щыщIэзыдзэну Урысей Федерацэм и чемпионатым зыкъыщагъэлъэгъуэну. Ды­щыгугъынщ абыи текIуэныгъэ инхэр къыщахьыну.

 

Хьэтау Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.