УИ БЗЭР, БЗУУЭ, ПIЭЩIЭКIАМЭ, КIЭЛЪЫЛЪАТИ, КЪЭПХЪУЭТЭЖ

Анэдэлъхубзэр, зэрытщIэщи, цIыхум зезыгъэужь Iэмал ­къудейкъым, ар лъэпкъыр адрейхэм къахэзыгъэщ, и хабзэрэ щэнхабзэрэ зыхъумэ къулеигъэщ. ООН-м къызэритымкIэ, ­дуней псом бзэуэ мини 7-м нэблагъэ тетщ, абы щыщу мини 2,5-м кIуэдыжынкIэ шынагъуэ ящхьэщытщ. Къэбгъэлъа­гъуэмэ, тхьэмахуитI къэс зы бзэ токIуэдыкIыж, ар щы­щы­мыIэжым - лъэпкъри хошыпсыхьыж. Абы къыхэкIыу, 1999 гъэм ЮНЕСКО-м и конференц нэхъыщхьэм къыщыхалъхьэри, 2000 гъэм къыщыщIэдзауэ ягъэлъапIэ Анэдэлъ­хубзэм и дунейпсо махуэр. АбыкIэ цIыхухэр къыхураджэ хуэдэщ я анэ­дэлъхубзэр зыщамыгъэгъупщэну, яхъумэну.

Махуэшхуэр щагъэлъапIэкIэ, нэхъыбэу гулъытэ зыхуащIыр къытщIэхъуэ щIэблэм я бзэр фIыуэ ялъагъун зэрыхуейм Iуэху-      гъуэ дахэхэр зэрытраухуэрщ. Апхуэдэ зэхыхьэ гуапэт Налшык къа­лэм и сабий гъэсапIэ №63-м («Медвежонок») дыгъуасэ къы­щызэрагъэпэщар. Абы ирагъэблэгъат сабий усакIуэ Хьэщыкъуей Олег.
Пшыхьыр щIэщыгъуэ хъуащ: цIыкIухэм адыгэбзэкIэ, балъкъэ­рыбзэкIэ, урысыбзэкIэ усэхэр щагъэIуу, ди лъэпкъ къафэхэр щагъэзащIэу. Абыхэм я хьэщIэм имыгъэщIэгъуэн лъэкIакъым и усэхэр гъэсакIуэхэм балъкъэрыбзэрэ урысыбзэкIэ зэрадзэкIауэ цIыкIухэм зэрызрагъэщIар щызэхихым.
- ГъэсакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я мыхьэнэр сыт щыгъуи сфIэинщ. ФIыщIэ фхузощI лэжьыгъэ мытыншым фы­зэ­рыпэрытым, ди щIэблэр гъэсауэ, я бзэмрэ щэнхабзэмрэ зыхащIэу къызэрывгъэхъум папщIэ, - жиIащ Хьэщыкъуей Олег. - Анэдэлъхубзэр дымыщIэу хъунукъым, ар димыIэмэ, лъэпкъми гъащIэ иIэнукъым. Ди зэманым урохьэлIэ языныкъуэхэм я бы-ным хамэбзэхэр ирагъащIэмэ, нэхъ губзыгъэ ахэр хъуну къалъытэу, нэхъ къащтэу. Ауэ анэдэлъхубзэр умыщIэу, фIыуэ умы­лъагъуу зыужьыныгъи уиIэнукъым. Абы къыхэкIыу унагъуэмрэ мыпхуэдэ IуэхущIапIэхэмрэ гурэ псэкIэ зэпыщIауэ зэдэлэжьэным мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ. Иджыпсту я анэдэлъхубзэр яIэщIэдгъэхумэ, зы илъэс тIощI дэкIмэ, езы цIыкIухэм дагъэ­къуэншэжынущ: «щхьэ си бзэр сумыгъэщIарэ?!» - жаIэу. Аращи, абы девгъэгупсыс.  
Сабий гъэсапIэм и унафэщI Атмурзаевэ Софят пшыхь дахэр къызэзыгъэпэща и лэжьакIуэхэми я хьэщIэми фIыщIэ яхуищIащ. «ИкъукIэ ди гуапэщ нобэ Хьэщыкъуей Олег къызэрытхуеблэгъар, и чэнджэщ щхьэпэ зэрызэхэтхар. Пэжщ, анэдэлъхубзэм и мы­хьэнэр уасэншэщ. Дэтхэнэ лъэпкъми къыдэгъуэгурыкIуэн хуейщ и хабзэрэ щэнхабзэрэ. Ахэр зезыхьэр, зезыгъакIуэр ди анэдэлъ­хубзэхэращи, мы махуэшхуэм и мыхьэнэр, шэч хэмылъу, инщ. Ди сабий гъэсапIэм гулъытэшхуэ щыхудощI анэдэлъхубзэхэр са- бийхэм егъэщIэным. Илъэс куэд хъуауэ мыбдеж адыгэбзэр щрегъэдж Бэлэтокъуэ Ритэ, балъкъэрыбзэр - Жарашуевэ Марьям. Анэдэлъхубзэр ирагъащIэм къищынэмыщIа, лъэпкъ хабзэхэмрэ щэнхабзэхэмрэ цIыкIухэр драгъэхьэхыу апхуэдэщ. Дэтхэнэми фIыщIэ яхузощI», - жиIащ къэпсэлъам.
Хьэщыкъуей Олег дыщигъэгъуэзащ къыдигъэкIыну хунэмы­сауэ иджыри усэ IэрамэфI сабийхэм яхуигъэхьэзырауэ зэриIэм. Ди фIэщ мэхъу ахэри дунейм къытехьэмэ, анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр къэIэтыным хэлъхьэныгъэ зэрыхуэхъунур.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.