КIЫЩОКЪУЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 108-рэ зэрырикъур щагъэлъэпIащ тхакIуэшхуэм и фэеплъыр здэщыт Налшык къалэ администрацэм и IуэхущIапIэм деж.

Зэхуэсым хэтащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Тхьэгъэзит Юрэ, Шэджэм щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Борсэ Юрэ, Шэджэм щIыналъэм и щIыпIэ самоуправленэм и Советым и тхьэмадэ Уэдыжь Хьэсанш, Налшык къалэ администрацэм и лэ­жьакIуэхэр, усакIуэм и къуажэгъу­хэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр, журналистхэр.
ШколакIуэхэр къеджащ КIыщокъуэ  Алим и усэхэм щыщ. Къызэхуэсахэм тхакIуэш­хуэм и фэеплъым деж удз гъэ­гъахэр щагъэтIылъа нэужь, Щхьэ­лыкъуэ къуажэм щыIащ. Абыхэм КIыщокъуэм и кхъащхьэм удз гъэгъахэр тралъхьащ, кIэщIуи тепсэ­лъыхьащ тха­кIуэм къызэринэкIа тхыгъэхэм я мыхьэнэм, дызэрыгушхуэ цIы­хум и цIэр мыкIуэдыжын щIыным ехьэ­лIауэ лэжьыпхъэхэм.

Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

НафIэдз Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.