ТХЫЛЪ ПЛЪЫЖЬХЭР ЗРАТЫЖАХЭР

КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш универси­тетым иджыблагъэ щекIуэкIащ IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ зэзыгъэгъуэта, фIы дыдэу еджэу тхылъ плъыжьыр къэзылъэща бакалаврхэмрэ магистрантхэмрэ я гъэфIэж пшыхь дахэ.

Илъэс бжыгъэкIэ щIэхъуэпсу зи къарурэ зи гуащIэрэ еджэ­ныгъэм езыта ныбжьыщIэхэм я тхылъ плъыжьхэр къратыжащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал ­мэкъумэш университетым и ­ректор Апажэ Аслъэнрэ Iуэху­гъуэм кърихьэлIа хьэщIэхэмрэ - КъБР-м и Iэтащхьэм и Адми­нистрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м эко­номикэ зыужьыныгъэмкIэ и ми­нистр Рахаев Борис, КъБР-м щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и ми­нистр Лу Азэмэт, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын ­Ан­дзор, КъБР-м Iэщым еIэзэ­нымкIэ икIи гъэхъужынымкIэ и къулы­къу­щIа­пIэм и уна­фэщI Iэрэмысэ Аслъэн, КъБР-м ­мэкъумэш хо­зяйствэхэмкIэ и министрым и ­къуэдзэ Уэдыхь ­Тимур сымэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и аспирантурэр ехъулIэныгъэфIхэр яIэу къэзыуха щIалэгъуалэм я тхылъхэр яритыжащ «Зыуэ щыт Урысей» жылагъуэ зэщIэхъее­ныгъэм и унафэщIым и къуэдзэ, КъБР-м и Парламентым и де­путат Парафилов Дмитрий.
ХьэщIэхэм еджэныгъэр къе­зыхьэлIа ныбжьыщIэхэм псалъэ гуапэ куэдкIэ зыхуагъэзащ. «Но­бэ гъуэгуанэ дахэ фытоувэ. Фигури фи псэри хэфлъхьэу фызэ­реджам и щыхьэтщ къыватыж тхылъ плъыжьхэр. Абы щыгуфIыкIыр фи закъуэкъым, дэри дрогушхуэ - дощIэ IэщIагъэ дахэ фиIэ зэрыхъуар, дунейм къы­щыхъу зэхъуэкIыныгъэхэми пэ­лъэ­щыну, зыужьыныгъэм лъа­гъуэщIэхэр пхишыну щIэныгъэ хъарзыни зэрывбгъэдэлъыр. Фыщалъхуа лъахэм зиIэтынуми, ефIэкIуэнуми, зиужьынуми зи Iэ илъыр фэращи, фIым и лъы­хъуакIуэ фыхъуну дыфщогугъ. Къыватыжа тхылъ плъыжьым и хъер куэд фэри, IэщIагъэ къы­вэзыта фи егъэджакIуэхэми, ­фыщалъхуа лъахэми екIыну сы­нывохъуэхъу», - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэ­-мэд.
Апхуэдэу еджапIэр къэзыуххэми, абыхэм я адэ-анэхэми псалъэ дахэкIэ захуигъэзащ сту­дентхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Забаков Азэмэт. Ари езыр махуэр зыхуагъэдахэхэм ящыщт, и гуфIэгъуэри тIуащIэт - еджэныгъэр фIы дыдэу къызэ­риухам, IэщIагъитI иIэ зэрыхъуам и щыхьэту тхылъ плъыжьитI ­иратыжырт.
ГуфIэгъуэ пшыхьыр уэрэдрэ къафэкIэ гъэнщIауэ щытащ. ­Утыкур ягъэдэхащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и уэрэджыIакIуэ­-хэу ЦокIыл Азэмэт, Хъыжьрокъуэ СулътIан, Теунэ Жэмал, Бэрэ­гъун Заур сымэ, къекIуэлIахэми щIэщыгъуэ ящыхъуащ «Каллисто», «Импульс» гупхэм я къэ­фэ­кIэри.

Сурэтыр  Къарей Элинэ трихащ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.