МИНИСТРЫМ ИРЕГЪЭБЛАГЪЭ

КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щригъэблэгъащ республикэм ММА спорт лIэужьыгъуэм нэхъ ехъулIэныгъэшхуэ щызиIэ Мырзэкъан Азэмэт.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ IэпщэрызауэмкIэ плIэнейрэ дунейпсо чемпионым адэкIэ и мурадхэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм. Къыхэдгъэщынщи, Мырзэкъан Азэмэт и профессионал рекордщ зэи къыхамыгъащIэу текIуэныгъипщI къызэрихьар, абыхэм ящыщу 8-м зэIущIэм и япэ раундым и хьэрхуэрэгъухэр нокауткIэ къриудащ.

Спорт IуэхущIапIэм и унафэщIымрэ хьэщIэмрэ  я гугъу ящIащ илъэс ныкъуэм щIигъуауэ ди лъэпкъэгъум Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щригъэкIуэкI зыгъэсэныгъэхэм, зэман гъунэгъум зыхуигъэувыжа къалэнхэмрэ илъэсыщIэм къыпэщылъ зэIущIэмрэ. Ди лъэпкъэгъум хьэрхуэрэгъу къыхуэхъунур мы зэманым зэхэкIащ, ауэ ар хэтми къыщытщIэнур нэхъ иужьыIуэкIэщ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, щэкIуэгъуэм и 20-м Америкэм и Штат Зэгуэтхэм и Лас-Вегас къалэм щызэхэтын хуея Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Мырзэкъан Азэмэтрэ Польшэм и лIыкIуэ Прачнио Марчинрэ я зэIущIэр щымыIэну траухуэжащ. Щхьэусыгъуэр ди лъэпкъэгъум и хьэрхуэрэгъум зэримыдарщ абы къезэуэну.

Адыгэ щIалэм ММА зэхьэзэхуэшхуэм къыкIэлъыкIуэу япэу зэIущIэ щригъэкIуэкIыну щытраухуар дыгъэгъазэм и пэщIэдзэхэрат, арщхьэкIэ ари зэхэтакъым. ЯпэщIыкIэ ар зэзэуэн хуея бразил спортсменыр хэкIащ зэIущIэм. КъыкIэлъыкIуэу, абы и пIэкIэ ди щIалэм къыпагъэува  США-м щыщ Вандер  Джаред и узаншагъэм дохутырхэр арэзы къызэримыщIым къыхэкIыу ари зэIущIэм хагъэхьакъым.

Мы махуэхэм Мырзэкъан Азэмэт зыхуегъэхьэзыр UFC щригъэкIуэкIыну япэ зэIущIэшхуэм. 

 

Къэхъун Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.