Шэху уэздыгъэхэр пагъанэ

Советыдзэхэр Афганистаным къы­зэрырашыжрэ мы гъэм мазаем и 15-м илъэс 30 ирокъу. Абы теу­хуауэ республикэм щекIуэ­кIыну Iуэхугъуэхэр зэтраублащ. Гъубж ­кIуам и пщыхьэщхьэм Налшык и Дэшхуей хадэм щекIуэкIащ «Фэ­еплъ шэху уэздыгъэ» Iуэху.

Ар зи жэрдэмыр «Афганистаным щекIуэкIа зауэм ныкъуэдыкъуэ ­хэхъу­-хьа­­хэмрэ фэбжь хэзыхахэмрэ» урысейпсо жыла­гъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Былымгъуэт Беслъэнщ.

Абы и Iуэхур даIыгъащ Налшык ­къалэм и администрацэм, Зауэм, лэ­жьы­гъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я Налшык ­къалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм, КПРФ-м и Налшык къалэ комитетым, Афганиста­-­ным, нэгъуэщI щIы­пIэхэм щекIуэкIа зауэхэм, дзэ зэ­пэ­щIэувэныгъэхэм я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм.

Пшапэр щызэхэуэм, Афганиста­ным щекIуэкIа зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъым деж щыпагъэнащ шэху уэздыгъэ 54-рэ - Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу я къалэныр ягъэ­защIэу ­Афганистаным щекIуэкIа ­зауэм хэкIуэдахэм я бжыгъэм хуэдиз.

Сыт щыгъуи хуэдэу гъэ­хуауэ икIи гум хыхьэу къэпсэлъащ Зауэм, лэ­жьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я Налшык ­къалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа. Нэхъыжьым жиIащ «Свеча памяти» Iуэхур 1989 гъэ лъандэрэ къэралым зэрыщрагъэкIуэкIыр, иджы абы ­Налшыки зэрыхыхьар. Жылагъуэр Абдуллаевым къыхуриджащ къыт­щIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу къэгъэ­тэджынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэм нэхъ жыджэру хэтыну. Абы къыхигъэщащ Хэку зауэшхуэм хэтахэм ящыщу псэужыр зэрымащIэ ­ды­дэр икIи щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэ­сэным теухуауэ абыхэм ирагъэкIуэкIа лэ­жьыгъэр «афганхэм» пщэ­рылъ зыщащIын хуейуэ.

- А псоми къадэкIуэу, за­уэлI-ин­тернацио­налистхэм Хэку зауэшхуэм хэтахэм я статус етын хуейщ, ар за­хуагъэщ, - дыщIигъужащ и псалъэм Абдуллаев Мустэфа.

Былымгъуэт Беслъэн жи­Iащ со­ветыдзэхэр Афганистаным къызэ­ры­рашыж­рэ илъэс 30 зэрырикъум щхьэ­кIэ шэху уэздыгъэхэр псом япэу зы­хупагъанэр афган зауэм хэкIуэда ­щIалэхэр зэрыарар.

- Дэ ахэр ди гум илъщ, зэи тщы­гъупщэнукъым. Къэзыгъэзэжахэми ящыщу, ягъуэ­та уIэгъэхэмрэ узхэмрэ къыхэкIыу, илъэс 30-м къриубы­дэу дунейм ехыжащ цIыху 400. Абыхэм я фэеплъыр мыкIуэдыжынщ! - жиIащ Былымгъуэтым.

ЗауэлI-интернационалистхэм я ­лIыгъэмрэ хахуа­гъэмрэ тепсэлъы­хьащ Афганистаным и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и уна­фэщI, КъБР-м и Парламентым и депутат Тхьэгъэлэдж Тимур. Абы жи­Iащ а зауэм щыIа ди щIалэхэм дзыха, гъэру зызыта къа­зэрыхэмыкIар.

- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди щIалэ­хэр малIэ - илъэс кIуам дунейм ехыжащ 8, мы гъэм и щIышылэм - тIу. Дахуощыгъуэ лIыхъужьхэр зыгъэса адэ-анэхэм, - жиIащ Тхьэгъэлэджым.

Афганистаным щекIуэкIа зауэм хэкIуэда зауэлI Жа­зыков Исхьэкъ и шыпхъу ФатIимэ мы Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ яхуи­щIащ, зи ­гъащIэр зыта щIалэхэр зэращымы­гъупщэм, пщIэ зэрыхуащIым папщIэ.

Къызэхуэсахэр совет зауэлIхэм папщIэ дакъикъэкIэ щымри, фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.

УАРДЭ Жансурэт. Сурэтыр Толгуров Камал трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.