Джэш хьэнтхъупс, хугу хэлъу

Джэш лъэсар псы щIыIэм халъхьэри, мафIэ иным тету зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурым­бэр къытрахыурэ. МафIэр цIыкIу ящIри, шыуаныщхьэр техауэ дакъикъэ 25-30-кIэ ягъавэ. А псыр иракIут, шыуаныр ятхьэщI, псывэ щIакIэжри, тхъурымбэр къытрахыурэ сыхьэтитI-тIурэ ныкъуэкIэ ягъавэ. Вэным дакъикъэ 15-20 иIэжу шыгъу хадзэ. 

Джэшыр зыхэвыкIа псыр иракIут, шыуаныр ятхьэщIри, джэшыр иракIутэж. Абы шэ гъэпщта щIакIэ, зэ къытрагъэкъуалъэри, хугу лъэса халъхьэ, зэIащIэри шыуаныщхьэр трапIэ. МафIэ щабэм тету хьэзыр хъуху, дакъикъэ 15 хуэдэ-кIэ ягъавэ. Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсым бжьын гъэлыбжьа традзэ, шыуаныщхьэр трапIэри, дакъикъитху-хыкIэ щагъэт. Пщтыру Iэнэм трагъэувэ фалъэм иту, шатэпс текIауэ. ЩIакхъуэ е лэкъум дашх.
Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): джэш плъыжьу - г 50, хугуу - г 20, япэу зэрагъавэ псыуэ - г 1000, етIуанэу зэрагъавэ псыуэ - г 1000, шэуэ - г 400, шатэпсу - г 40, шыгъуу - узыхуейм хуэдиз. Бжьын гъэлыбжьам: тхъууэ - г 30, бжьыныщхьэ укъэбзауэ - г 30, шыбжий сыр хьэжауэ - узыхуейм хуэдиз.

«Адыгэ шхыныгъуэхэр» 
тхылъым къитхыжащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.