ЩIэныгъэлIхэр зочэнджэщ

КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ урысейпсо щIэныгъэ-практикэ конференц. «Мэкъумэш IэнатIэм и унэтIыныгъэхэм къыхыхьэ Iуэху зехьэкIэщIэхэр (ухуэныгъэмрэ щIыуэпсым епхахэр, мэкъумэш IуэхущIапIэхэм я механизацэр)» фIэщыгъэр зиIа а зэхыхьэ иным щIэныгъэлIхэр щызэчэнджэщащ, утыку кърахьа Iуэху­гъуэхэмкIэ я еплъыкIэхэр къыщаIуатэу.
КъБКъМУ-м и пресс-­IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, щIэныгъэ зэхуэсыр университетым ухуэныгъэмрэ щIым елэ­жьынымкIэ и факультетым къыщызэрагъэпэщащ. Абы кърихьэлIащ а унэ­тIыныгъэхэмкIэ къэхутэныгъэщIэ купщIафIэхэр иджы­благъэ зэфIэзыха щIэ­ныгъэлIхэр, Урысей Фе­дерацэм щылажьэ мэкъумэш еджапIэ нэхъы­щхьэхэм я лIыкIуэхэри онлайн щытыкIэм иту хэтащ. Зэхуэсым хэтахэм я пащхьэ доклад зыбжанэ щащIащ щIэныгъэлIхэм. Ахэр ятеу­хуат уэлбанэшхуэхэм е уэсыр щыткIужкIэ бгыхэм къех хабзэ ятIэпсыр мэкъу­мэш губгъуэхэм, гъавэ щIапIэхэм зэран зэрыхуа­мыгъэхъун Iэмалхэм, щIым пкърылъ гуащIэр къэхутэнымкIэ хьэршым щащI сурэтхэр нэхъ шэ­щIауэ къэгъэсэбэпыным, апхуэдэуи псыр зыщIэуэ хабзэ щIыналъэхэм инженер-гидрологие къэхутэныгъэхэр зи лъабжьэ Iэмэ­псымэхэр щыгъэувыным. Апхуэдэу конференцым къыщаIэтащ кадастрым зе­гъэужьыным, щIыуэ­псым и Iэмалхэр къэгъэ­сэбэпыным епха Iуэху­гъуэхэр.
Куэдым яфIэхьэлэмэтащ ди мэкъумэш университетымрэ Красноярск къэрал мэкъумэш еджапIэ нэхъы­щхьэмрэ я щIэныгъэлI­хэм я Iуэху еплъыкIэхэр. Ахэр зи лъабжьэ дэфтэрхэр къыщащтащ конференцым.
Пленарнэ Iыхьэр зэфIэ­кIа нэужь, конференцым хэтхэр гуп-гупу зэдэлэ­жьащ. Секцэхэм къыща­Iэта Iуэхугъуэ нэхъ хьэ­лэмэтхэм ящыщщ мэкъу­мэш IуэхущIапIэхэм екIуа­лIэ гъуэгухэм адэкIи зе­гъэужьыныр, нэгъуэщIхэри.
ЩIэныгъэ конференцым щащIа докладхэмрэ абы хэтахэм я къэпсэлъэныгъэхэмрэ КъБКъМУ-м къы­щыдэкI щIэныгъэ журналым тетынущ.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.