КIуэкIуэ Казбек республикэм ис муслъымэнхэм ехъуэхъуащ Рэмэдан мазэм зэрыщIидзамкIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм щыпсэу муслъымэнхэм ехъуэхъуащ НэщI мазэ лъапIэм зэрыщIидзамкIэ:
«Рэмэдан мазэр - ар IуэхуфI лэжьы­ным, къабзагъэм, гущIэгъумрэ гъэгъуныгъэмрэ  я  зэман лъапIэщ. Ар щытщ гущIэгъу тхэлъын, зэхудэтчыхын, псапэ зыпылъ IуэхуфIу нэхъыбэ длэ­жьын, зызэщIэдгъэкъуэн зэрыхуейр цIы­ху­­хэм иджыри зэ дигу къэзыгъэкIыжу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъы-мэнхэм къыпхуэмылъытэным ­хуэ­диз хэлъ­­хьэныгъэшхуэ хуащI дин зэ­хуэ­мыдэхэр зезыхьэхэм яку зэгурыгъэIуэ­ныгъэ дэлъыным, жыла­гъуэм и псэкупсэ лъапIэныгъэхэр гъэбыдэным, къэрал, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм быдэу япы­щIауэ ядэ­лажьэурэ, муслъымэнхэм я IуэхущIапэр жыджэру яужь итщ ди республикэм мамырыгъэр щыхъу­мэным.
Ди республикэм щыпсэу псоми узыншагъэ быдэ, мамырыгъэ, яIэну, я Iуэхур сыткIи зэIузэпэщу псэуну сохъуэхъу. Мы мазэ лъапIэм дэтхэнэ унагъуэми гупсэ­хугъуэрэ фIыгъуэрэ къахудэкIуэну си ­гуапэщ», - щыжеIэ республикэм и Уна­фэщIым Инстаграмым щиIэ напэ­кIуэцIым.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.