БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ я щIыналъэхэм я командэ 13, спортсменхэм я ныбжьыр илъэс 13 - 15-хэм къриубыдэу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и хъыджэбз цIыкIухэм я командэм гуп зэпеуэхэм етIуанэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщащ. Абы хэтащ Балъкъыз Камилэ, Курдаевэ Элизэ, Мэкъуауэ Даянэ, Созаевэ Софие, Шыбзыхъуэ Сабинэ, Балэ Таисие, Караевэ Александрэ, Разореновэ Дианэ, Подливаевэ Елизаветэ, Чирковэ Виталие сымэ.
МногоборьемкIэ щхьэзакъуэ зэпеуэм Балъкъыз Камилэ дыщэ медаль къыщихьащ. Иджы ди пщащэ цIыкIур хэтынущ Урысейм и еджакIуэхэм я урысейпсо спартакиадэм и кIэух зэхьэзэхуэм. Ар мэкъуауэгъуэм и 24-м Пензэ къалэм щекIуэкIынущ.  
Ди командэм и тренерхэр Битиевэ Аннэрэ Ивановэ Любоврэщ.

ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.