ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей. КъБР-м и унафэщIхэр и гъусэу хьэщIэ лъапIэр щыIащ ди щIыналъэм и еджапIэ нэхъыжьхэм ящыщу Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Сэрмакъ къуажэм дэт курыт школ №1-м. 

ШколакIуэ 250-м щIигъу зэкIуалIэ еджапIэр къызэрызэIуахрэ мы гъэм илъэси 100 ирокъу. Къэбэрдей-Балъкъэр гъэзэщIакIуэ комитетым и уна­фэкIэ школыр къызэIуахауэ щытащ 1924 гъэм. 1958 гъэм абы гуащIыхьащ илъэси 8 еджапIэ, сабии 175-рэ щIэхуэу. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, нэхъапэIуэкIэ яухуауэ щыта унэр къэбгъэ­сэбэпыжыну шынагъуэ пылъу къы­щIэкIри, жылэм къыдэхъуэ щIэблэр хуэныкъуэ хъуащ еджапIэ зэпэщ. 
УФ-м и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ къыхалъхьауэ къэралым щагъэзащIэ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ, къуажэм курыт школыщIэ щаухуащ. НыбжьыщIэ ­275-м щIэныгъэ щызрагъуэтыфыным тещIыхьа еджапIэщIэм и унэр, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу, хагъэхьауэ щытащ лъэпкъ проектым къызэщIиубыдэну IуэхущIапIэхэм. Федеральнэ бюджетым къыхэкIыу абы хухахащ сом мел­уан 307-м щIигъу. Метр зэбгъузэнатIэ мини 7,2-рэ зыубыда ухуэныгъэм хэтщ еджапIэ пэш Iэхуитлъэхуитхэр, спорт пэшышхуэ, гуфIэгъуэхэр щызэхэпшэ хъуну пэш, шхапIэ ин, библиотекэ зэпэщ, лабораторэ класс хэхахэр, дэтхэнэри хуэфэщэн унэлъащIэкIэ къызэгъэпэщауэ. Школ пщIантIэри зэпэщщ, абы щаухуащ спорт утыкушхуэ. Гъэ еджэгъуэм и пэщIэдзэм лэжьэн щIэзыдза еджапIэщIэр сыткIи хуэ­щIащ иджырей мардэхэм тету щIэб­лэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным. Къинэ­мы­щIауэ, сабийхэр пщэдджыжьакIуэ защIэу еджэнущ. 
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек фIыщIэ ин хуищIащ Кравцов Сергей, щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм зиужьыным гулъытэ лъагэ зэрыхуи­щIым папщIэ. Республикэм и унафэ­щIымрэ федеральнэ министрымрэ гупсэхуу тепсэлъыхьащ республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм щыщыIэ щы­тыкIэм. 
2018 гъэ лъандэрэ ди щIыпIэм щаухуащ школыщIэу 15, школи 10-м я ухуэныгъэр иджыпсту йокIуэкI. Къинэ­мыщIауэ, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр щызэфIахащ школ 65-м, иджыри еджапIэ 13 зыхуей хуагъазэ. Зэпэщ ящIащ школ спорт пэшыш­хуэу 78-рэ, «Зыужьыныгъэм и къежьапIэ» IэнатIэу школхэм къыщызэIуахащ 181-рэ. Абыхэм мы гъэм иджыри къахэ­хъуэнущ 13. Курыт IэщIагъэрэ щIэ­ныгъэ­рэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм къы­щызэIуахащ мастерской  48-рэ. 
Зиужьащ гъэсапIэ IэнатIэми. Сабий 3465-рэ зэкIуэлIэфыну гъэсапIэщIэхэр яухуащ, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр мыгувэу щаублэнущ гъэсапIи 2-м. КъинэмыщIауэ, шэщIауэ мэлажьэ «Антарес» егъэджэныгъэ центрыр. 
Гулъытэ хэха республикэм щыхуащI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм Iут IэщIагъэлIхэм я лэжьапщIэм хэгъэ­хъуэным. Нэгъабэ и закъуэ къапщтэмэ, абыхэм я улахуэм хэхъуащ процент 16,5-кIэ. Ди Президентым и уна­фэм тету, курыт школхэмрэ колледж­хэмрэ я класс унафэщIхэм ху­щIа­гъуащ иджыри сом мин тхурытху. Апхуэдэ ахъшэ гъэ еджэ­гъуэщIэм къыщыщIэ­дзауэ иратынущ школ уна­фэщIхэм гъэсэныгъэмкIэ я чэнджэ­щэгъухэми.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.05.2024 - 09:03

САБИЙХЭМИ ЯХУЭГУАПЭТ

ГъукIэлI Исуф (Юрэ) Цацым и къуэр тележурналист Iэзэу зэрыщытам и мызакъуэу, усэхэри рассказхэри итхырт.  Абыхэм яхэтщ сабийхэм яхуэгъэзахэри. Мыбдежым къыщытхьыр апхуэдэхэм ящыщ зыщ.

23.05.2024 - 09:03

ЕДЖАПIЭ ГЪАТХЭХЭР ЗЭЩIОГЪАГЪЭ

«Урысей еджапIэ гъатхэ» фIэщыгъэ дахэр зиIэ II къэралпсо зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу хэта еджакIуэхэм текIуэныгъэ зыбжанэ къыщыхьащ, къызэрымыкIуэуи купщIафIэу къахущIэкIащ.

23.05.2024 - 09:03

КАВКАЗ ИЩХЪЭРЭМ МЭКЪУМЭШЫМКIЭ ДЫЩЫНЭХЪЫФIЩ

2030 гъэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш-промышленнэ комплексым псори зэхэту продукцэу къыщIигъэкIым и куэдагъым и уасэр сом меларди 180-м нагъэсын мурадхэр щыIэщ.

22.05.2024 - 09:19

АПХУЭДЭ ГУЗЭВЭГЪУЭ ТХЬЭМ ЗЭИ АФIЭКIА ДИМЫГЪЭЛЪАГЪУ!

ПщIэ зыхуэсщI ди лъэпкъэгъу ­лъапIэхэ!

22.05.2024 - 09:18

ИСТАМБЫЛ И «БЕШИКТАШ»-Р КЪЫЗЭЗЫГЪЭПЭЩА УБЫХ ЩIАЛЭ

Тыркум и Истамбыл къалэм и «Бешикташ» спорт клубыр къызэзыгъэпэща убых щIалэ Шаплъы Уэс-мэн (мыбдежым адыгэ тхыкIэм, жыIэкIэм къыдогъэтIасэ щIалэм и цIэ-унэцIэр, щыуагъэ хэлъынкIи зыхуэIуа щыIэкъым