Анэкъуэпсы (Анакопсы)

Хы ФIыцIэр зи кIуапIэ Ашэ и жапIэм и кIыхьа­гъ­кIэ дыкъыщеплъмэ, ику­хэм деж къыщыхэлъадэ псы бгъунжхэм ящыщ зым зэреджэм и къэхъукIэм ехьэлIауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.

Лъахэхутэхэм я нэхъыбэм зэрытрагъэчыны­хьымкIэ, фIэщыгъэр Iыхьищу зэхэлъщи, япэ Iыхьэр зыхуэпхь хъунур абазэ-абхъаз-убыххэм я бзэхэм зэдыхэт «Ан/Ана» псалъэрщ, тхьэхэм ящыщ зым зэреджэу щытарщ. ЕтIуанэ пычыгъуэр, адыгэ­бзэм и IукIэ псоми щы­хэтлъагъуэ «къуэ» жы­Iэ­кIэм хуэкIуэр, абы къы­кIэлъокIуэ. Ар, дызэры­щы­гъуазэщи, къы­зэ­­рыд­гу­рыIуэ хъунур тIууэ зэщхьэщокI: япэр - «къуэ­ладжэ», «къуэкIий», «тIуа­щIэ» мыхьэнэхэм тедгъахуэрщ, етIуанэр - «бын», «щIэблэ» зыгурыгъэIуэ­кIэрщ. АдэкIэ декIуэтэкIынщи, Анэкъуэ­псы фIэщыгъэм и ещанэ Iыхьэр «псы» жыхуэтIэрщ.
Ауэ щыхъукIи, зэрыщыту къатщтэмэ, щIыпIэцIэр къы­зэрыдгурыIуэ хъунур «Ан/Анэ тхьэм и псы ­къуэкIий» мыхьэнэм хуэд­гъакIуэущ (ищхьэкIэ зи ­гугъу тщIа лъахэхутэхэм къызэралъытэмкIэ).
ЩIыпIэцIэм и къэхъукIэм ехьэлIауэ нэгъуэщI егуп­сысыкIэхэри щыIэщ. Ауэ ахэр, тэмэму зэрызэпкъ­ры­мыхам къыхэкIыу (дэ къызэрытлъытэмкIэ), мыбдежым къыщытхьынкъым.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.

06.05.2024 - 09:25

ГЪУАЗДЖЭМ И ХЭЩIАПIЭ

«Гардарика - Кавказ» арт-фестивалыр КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ.

06.05.2024 - 08:10

УРЫСЕЙМ И ЧЕМПИОН ШЭРИЙ ИНАЛБЭЧ

Мэзкуу областым хыхьэ Сколково щIэныгъэ къалэм къикIыу хъыбар гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ. Мы махуэхэм абы и «Live Арена» спорткомплексым щекIуэкIащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионат.

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну.