ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩНалшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэкIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезыгъаджэ Жэрыщты Аринэ. Адыгэ ныпым и плъыфэм мыхьэнэ зэриIэр, абы тет вагъуэ пщыкIутIыр адыгэ лIакъуэхэр къызэрагъэлъагъуэр, шабзищыр зэрызэблэдзар мамырыгъэм зэрыхущIэкъум и дамыгъэу зэрыщытыр абыхэм яхутепсэлъыхьащ гъэсакIуэр сабийхэм. Апхуэдэ нып дахэ зепхьэу укъызыхэкIа лъэпкъым уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. ЩIалэ цIыкIухэм гушхуэу ныпыр кърахьащ утыкум. Пщащэ цIыкIухэм Iэнэ лъакъуищыр адыгэ шхыныгъуэхэмкIэ къаузэдащ. ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|