Гъэрэ щIырэ щызэхэкIыр

ЦIыхуцIэ зиIэм къигъэщIа хъугъуэфIыгъуэхэм хабжэ Куэд щIакъым гъэрэ щIырэ щызэхэкIым иращIэкI мафIащхьэтыхьыр зэрызэ­фIэкI­рэ. АбыкIэ згъэзэжын хуей щIэхъуам щхьэусы­гъуитI иIэщ. Япэрауэ, ди са­бии­гъуэр тхуэзыгъэдахэу щы­­та махуэм епха Iуэхухэр ящыгъупщэнукъым ахэр зи нэгу щIэту къэхъуахэм: щхьэ­фIэпхыкI, кIэпхын щIэ­рыпсхэр шумэданхэм къыдахауэ зыкъизыхыу пщафIэ нанэхэр, абыхэм ядэIэпыкъу ны­сэхэр. МафIэдз Сарэбий зэрит­хымкIэ, гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэ закъуэращ унагъуэм ­ис псори зы пэшым щIэсу, ауэ Iэнэ зыбжанэм бгъэдэсу щыш­хэр. Жьэгу мафIэр зыхуэб­лэх­эр зэгъусэн хуейуэ къалъытэу къы­щIэ­кIынт. ЦIыхухэр ­хъуэхъуакIуэ къыщежьэр етIуа­нэ махуэрат. Я хъуэ­хъуэкIэми зы гъэщIэгъуэну хэлът. Уна­гъуэм имыIэм, ауэ зы­щIэхъупсым щхьэкIэ лъаIуэ хуэдэу защIырт, псалъэм папщIэ, уи выр къызэптатэмэ, уи щIалэ цIыкIур нысхуэбгъэ- к­Iуатэмэ, жаIэу. «СиIатэмэ, ­ фи хьэтыр слъагъунт», - къыжезыIэм ехъуэхъун щIадзэрт зыщIэхъуэпсыр къехъулIэну. Иужьрей илъэситIым ко­ронавирусыр щхьэусыгъуэ ­хъуауэ цIыхухэр зэхыхьэжы­фыр­къым, армыхъумэ къуа­жэ-къуажэкIэ мы махуэр щагъэлъапIэ хъужат. Узри тщхьэ­щыкIауэ, ди нэхъыжьхэм ­къыт­хуагъэна хабзэ дахэм ­ды­зэхишэу тлъагъужынущ Iэмал имыIэу: гъащIэр фIы защIэуи Iей защIэуи зэхэ­лъкъым. Мы хабзэр дгъэкIуэд щIэмы­хъунращ гъэрэ щIырэ щы­зэхэкIым епха Iуэхухэм сахуеп­лъэкIыжыным етIуанэ щхьэу­сыгъуэ хуэхъуар. ЮНЕСКО-м цIыхуцIэ зиIэм къигъэщIа фIыгъуэм хитхащ Гъэрэ ЩIырэ щызэхэкI махуэр - гъатхэпэм и 21-р. Ар къыщыхъуар 2009 гъэращ. «Навруз» махуэр ехьэжьауэ, хамэ щIы­пIэхэм къикIа хьэщIэхэр, зып­лъыхьакIуэхэр куэду къахуэ­кIуауэ щагъэлъапIэ Азие Ку­рытым, Азербайджаным, Ираным, Афганистаным, Македонием, Албанием, Тыркум, нэгъуэщI къэралхэми. Хьэ­щIэм къахуэтIэтын ерыскъыи, зыхэдгъэплъэн дахагъи, едгъэ­лъагъун хабзи щыди­IэкIэ, дэри ар щIэдгъэужьы-хын щхьэусыгъуэ щыIэкъым.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.