Дунейм щыхъыбархэр

Узыфэм зрамыгъэубгъун папщIэ
Чехием и Правительствэр егъэгузавэ коронавирус уз зэрыцIалэм я деж зэрызыщиубгъум икIи абы къыхэкIыу къэралым узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм хэкум исхэм къалэн ящищIащ цIыху зэхуэсыпIэхэм щыкIуэкIэ медицинэ нэкIуIупхъуэхэр тIуащIэу яIулъыну.
Абы и пIэкIэ KN95, FFP2 респиратор нэхъ лъэщхэм хуэдэхэр зэрахьэми хъунущ, ауэ я пэхэм, я жьэхэм бэлътоку, IэлъэщI, пщэдэлъ хуэдэхэр е езыхэм щэкIым къыхащIыкIахэр Iуапхэу ядэнукъым, абыхэм коронавирус узыфэ зэрыцIалэм узэрыщамыхъумэм къыхэкIыу. Апхуэдэу Правительствэм зэхуригъэщIащ тыкуэн куэд, IэмалыншагъэкIэ узыхуей хъухэмкIэ, псалъэм папщIэ, ерыскъыхэкIхэмкIэ, къабзагъэм ехьэлIахэмкIэ, сату зыщIхэм фIэкIа къэмынэу. Апхуэдэу лэжьэну хуит ящIащ аптекэхэмрэ нэгъуджэхэр щащэ тыкуэнхэмрэ.
Европэ зэгухьэныгъэм хыхьэ къэралхэм щыпсэухэр узыфэм щызыхъумэ вакцинэр къэщэхуным доллар меларди 10 трагъэкIуэдэну жаIауэ щытащ, ауэ хущхъуэкIэ сату зыщI «AstraZeneca», «Pfizer» компаниехэм жаIащ илъэсым и япэ мазищым къриубыдэу вакцинэхэмкIэ къызэрагъэпэщыну къалэн зыщащIыжахэр зэрахуэмыгъэзэщIэнур. Уеблэмэ, ахъшэ зыщIатахэри зэкIэ хуаутIыпщыфынукъым.
Дуней щытыкIэм а щIыпIэм щыкIэлъыплъ метеорологхэм зэрыжаIэмкIэ, мыл джейр Нью-Йорк, Лондон къалэхэм яубыд щIыпIэм нэхърэ нэхъ инщ - километр зэбгъузэнатIэ 1270-рэ, и кууагъыр метри 150-рэ мэхъу. Мылыр къыщыгуэча щIыпIэм пэгъунэгъуу щолажьэ BAS щIэныгъэ-къэхутакIуэ станцыр. Абы цIыху 12 тес хабзэт, ауэ щIымахуэти, станцым зыри щыIэтэкъым.
Мылылъэ щIыпIэр хуэм-хуэмурэ зэрызэгуэчым илъэс куэд ипэкIэ гу лъатат икIи ящIэрт ар зэгуэр зэрызэгуэпкIыпэнур. Мы гъэм и щIышылэм мылыр километр хуэдиз и бгъуагъыу махуэ къэс зэрызэгуэкIыр наIуэ къэхъуащ. GPS Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпурэ, щIыпIэм пэIэщIэу кIэлъыплъырт щIэныгъэлIхэр икIи мылым и щытыкIэм нэсу щыгъуазэщ.
Иджы IэщIагъэлIхэр нэхъ зыгъэпIейтейр ар здэкIуэнкIэ хъуну лъэныкъуэр зэрамыщIэрщ. Мылыр ткIунущ, абы псыхэр нэхъ уэр, тенджызхэр нэхъ щыз ищIу псыдзэхэр кърихужьэнкIэ зыхуэIуа щыIэкъым, жаIэ абыхэм. Антарктикэм и мылыр зэрыхуагъэфэщам нэхърэ нэхъ псынщIэу зэрыткIум дуней щытыкIэм зэрызыдихъуэжми кIэлъоплъ ахэр, иужьрей илъэсхэм ар зэрыщIэхуэбжьари къагъэлъагъуэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.