КIуэкIуэ Казбек: «ЩIыналъэм шэщIауэ зыщиужьынур езым и хэхъуэхэр нэхъыбэ хъумэщ»

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ири­гъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетым хэхъуэхэр къы­хузэщIэгъэуIуэным теухуа зэIущIэ.

Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Пра­ви­тельст­вэм и УнафэщI Мусуков Алий, ­КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и япэ къуэдзэхэу Къуныжь Му­Iэедрэ Говоров Сергейрэ, Урысейм и Къэрал налог къулыкъущIапIэм и управ­ленэу ­КъБР-м щыIэм и унафэщI Гуэбэ­щIыкI Аслъэн, видеоконференц зэпы­щIэ­ныгъэ мардэм тету – УФ-м и Лъэпкъ бан­кым и къудамэу КъБР-м щыIэ КIэрэф Мурат, министерствэхэм, муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я Iэтащхьэхэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ 2020 гъэр пандемие щы­тыкIэм иту, экономикэ кризисым хэту, коронавирусым пэщIэтыным трагъэ­кIуэ­дэну мылъкур къалъыхъуэн хуейуэ къахудэкIыу зэрекIуэкIар. «Апхуэдэу щытми, макроэкономикэ мардэхэм хэхъуащ, республикэм и экономикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм зэрызаужьам, цIыхухэр зэрылэжьам, улахуэхэр зэраIэрыхьам и фIыгъэкIэ. Кризисым къыдэкIуа шына­гъуэхэм япэщIэтынымкIэ щIэгъэкъуэ­ныфI хъуащ лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ япкъ иткIэ республикэм и экономикэм къэрал бюджетым щыщ мылъку къызэрыIэрыхьар, къимыдэкIэ, ап­хуэдэ зэи къэмыхъуауэ, цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ хэпщIыкIыу зэ­ры­зыкъыщIагъэкъуар. МэкъумэшхэкIхэр къэзылэжьахэм субсидиеу сом мелардитIым щIигъу къаIэрыхьащ, сом мелар­дитху­ трагъэкIуэдащ социальнэ ухуэныгъэхэр егъэкIуэкIнымрэ гъуэгухэм елэ­жьынымрэ. А псом я фIыгъэкIи цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэща хъуащ икIи хьэрычэт Iуэхум хэтхэм защIэгъэкъуэ­нымрэ абы зегъэужьынымкIэ Iэмалы­фIу уващ. Илъэсыр гугъуу зэрыщытам емы­лъытауэ, 2020 гъэм бюджетымкIэ къытпэщыта къалэнхэр дгъэзэщIэн хузэ­фIэ­кIащ, щIыхуэщIэхэр къэдмыщтэу, къэрал щIыхуэу ттелъым хэдгъэщIыни тхузэ­фIэ­кIыу. Экономикэмрэ бюджет IэнатIэмрэ кризисым щыхъума хъуащ, унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэмкIэ зыужьыным ехьэлIа лэжьыгъэми пытщэфащ», - къыхигъэщащ республикэм и Iэтащхьэм.
КъБР-м и УнафэщIым къыхигъэщащ адэкIи кIуэтэн зэрыхуейр, коронавирусым ехьэлIа щытыкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зэрызихъуэжыр, абыкIэ нэхъри сэбэп хъунущ цIыхухэм мастэхэр хэлъхьэн зэрыщIадзари. «Мы илъэсыр нэгъуэщI зыгуэру зэтеухуэн, абы мурадыщIэхэр хуэщIын хуейщ – щIэгъэхуэбжьауэ зыщыдужь илъэсу дубзыхупхъэщ, ар щызэд­гъэхъуэ­лIэфынури ди хэхъуэхэр хэп­щIыкIыу нэхъыбэ хъумэщ. Ар властым и къудамэ псоми нобэкIэ къытпэщыт къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ. Къэралым иужьрей илъэсхэм мылъкушхуэ хелъхьэ экономикэм и IэнатIэм, унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм зегъэужьыным, хьэ­ры­чэт Iуэхур дэIыгъыным. Абы и мурадыр бизнесым зегъэужьынырщ, лэжьыгъэм фей­дэуэ къыпэкIуэр нэхъыбэ щIынырщ, цIыхухэм IэнатIэхэр къахузэгъэпэ­щы­нырщ, улахуэхэм хэгъэхъуэнырщ».
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2020 гъэм и бюджет зэщIэгъэуIуам налог хэхъуэу къыIэрыхьэн хуейуэ яубзыхуауэ щытахэр гъэзэщIа зэрыхъуам, налогхэр къыхэхыным теухуауэ зэфIагъэкIхэм я IуэхукIэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ Гуэ­бэщIыкI Аслъэн. «УФ-м и бюджет зэщIэгъэуIуам 2020 гъэм къихъуащ сом мелуан­ 14.667,8-рэ, абыкIэ къалэныр проценти 103,1-кIэ гъэзэщIа хъуащ, ар 2019 гъэм елъы­тауэ проценти 105,5-рэ мэхъу.­ ­КъБР-м­ и бюджет зэщIэгъэуIуам и хэ­хъуэр­ сом мелуан 11.533,6-рэ хъуащ (абы­кIэ къалэныр проценти 101-кIэ гъэзэщIа хъуащ, илъэс кIуам и проценти 101,9-рэ хъууэ). Республикэ бюджетым и хэхъуэр сом мелуан 8.338,7-рэ хъуащ (къалэныр проценти 101-кIэ гъэзэщIа хъуащ, илъэс кIуам и проценти 101,1-рэ хъууэ), щIыпIэ бюджетхэм я хэхъуэхэр сом мелуани 3.194,9-м нэсащ (къалэныр проценти 100,8-кIэ гъэзэщIа хъуащ, илъэс кIуам елъытауэ проценти 103,9-рэ). Бюджетым щымыщ хэхъуэу къаIэрыхьащ сом мелуа­ни 10.291, 1-рэ, къалэнхэр проценти ­110,5-кIэ зэфIагъэкIащ, ар илъэс кIуам еплъытмэ, проценти 105,3-рэ хъуащ», - жиIащ ГуэбэщIыкIым.
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджет зэщIэгъэуIуам налогымкIэ, налогыу щымыт и хэхъуэхэмкIэ и Iуэху зыIутым, къапэщыт къалэнхэм я гугъу ищIащ Къуныжь МуIэед. Абы къигъэлъэгъуащ бюджетыр гъэнщIынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр, абыхэм ящыщу ухуэныгъэм, мэкъумэш IэнатIэм, Iуэхутхьэбзэ щIэнымрэ сату щIынымрэ щыщыIэ Iэмалхэр зэпкърихащ. Абы гулъытэ нэхъыбэ хуищIащ хьэрычэт IэнатIэм хэтхэм къэзыпщытэ-кассэ Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпыныр, IэнатIэ пэрытхэр къагъэнэIуэныр яхуэгъэувыным, а IуэхущIапIэхэм «улахуэ ущэхуауэ» щатыр гъэмэщIэн мурадкIэ. Абы къыхигъэщащ республикэм и бюджет IэнатIэм налогхэр къызэрыхалъхьэ щIыкIэм кIэлъыплъ комиссэхэр дэтхэнэ муниципальнэ зэгухьэныгъэми зэрыщыIэр икIи ахэр налог зытхэм зэпымыууэ ядэлэжьэн зэры­хуейр.
ЗэIущIэм хэт псори арэзы техъуащ абы и лэныкъуэкIэ лэжьыгъэр зэрыщIэ­гъэхуэб­жьапхъэм. Мусуков Алий къыхигъэщхьэхукIащ зэIущIэм зыщы­теп­сэлъыхьа Iуэху псори, абы къыщыхалъ­хьа жэрдэмхэри зэрызэпалъытыжынур икIи КъБР-м и Iэтащхьэм пщэрылъ къащищIауэ зэлэжьыпхъэхэм зэрыхагъэхьэнур, республикэм и бюджетыр гъэнщIа хъун папщIэ. «Иджыпсту экономикэм лъэ­пощхьэпо иIэкъым. Дэ пандемие щытыкIэм диту дылажьэу зедгъэсащ, абы къыхэкIыу нэхъ къалэнышхуэхэр гъэзэщIэнми дыхуэхьэзыру щытыпхъэщ. Дэ щытыкIэ хэха диуващ - налогхэр зытын хуейм дежкIэ ар иджы къалэн къудейуэ аракъым, атIэ гугъуехь щыхэхуам деж къэрал дэIэпыкъуныгъэ игъуэтыжынымкIэ шэсыпIэу уву апхуэдэщ», - къыхигъэщащ Премьер-министрым.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ ­Правительст­вэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.