КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэрал Советым и зэIущIэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъэгъазэм и 23-м хэтащ Урысей Федерацэм и Къэрал Советым, УФ-м и Президент Путин Владимир мы гъэм дыгъэгъазэм и 21-м къыдигъэкIа уна­фэмкIэ зэхашам, и зэIущIэм.
УФ-м щIэуэ яубзыхуа и Къэрал Советым и япэ зэхыхьэр ирагъэкIуэкIащ УФ-м и Президентым деж Стратегие зыужьы­ныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым щIыгъуу. Нэхъыщхьэу зытепсэ­лъы­хьар «Урысей Федерацэм 2030 гъэ пщIондэ зэрызиужьыну унэтIыныгъэ нэхъыщ­хьэхэм я IуэхукIэ» Указыр гъэзэщIэнырщ.
«Дэ псоми къыдгуроIуэ дызэрыт илъэ­сыр Урысейми дуней псоми я дежкIэ ­тыншу зэрыщымытар. Коронавирус уз зэ­рыцIалэр гъэунэхупIэ къызэрымыкIуэу къа­хущIэкIащ къэрал псоми я лъэпкъ экономикэхэм, социальнэ IэнатIэм. Щы­тыкIэр сыт хуэдэу гугъуу щымытами, абы демографие, геополитикэ, экономикэ, технологие я лъэныкъуэкIэ кърикIуэнухэр къэлъытауэ, дэ дыкъэувыIэну дыхуиткъым. Лъэпкъ псоми я къэкIуэнур зэлъы-та унафэхэр къэщтэным субъектхэр, муниципалитетхэр нэхъыбэу къыхэтшэн ­папщIэщ Къэрал Советым Конституцэм лъабжьэщIэ, мыхьэнэщIэ щIыщигъуэтар. Ар зыхуитхэр нэхъыбэ хъуащ, хэтхэри ­зэтхъуэкIащ», - жиIащ Урысейм и Президентым зэIущIэр къыщызэIуихым.
«Илъэс гъунэгъухэм Правительствэм къалэнышхуэхэр зыхуигъэувыжыну сыщогугъ, нэхъыщхьэуи дэ псори, Урысей Федерацэм и цIыхубэр, дыщогугъ а лэжьыгъэм ехъулIэныгъэшхуэхэр къыдэ­кIуэну, ди цIыхухэм я гъащIэм зэхъуэкIы­ныгъэ нэрылъагъухэр фIы и лъэныкъуэкIэ хилъхьэну», - къыхигъэщхьэхукIащ Путин Владимир.
«Къэрал Советым и зэIущIэм щыхэп­лъащ Урысейм исхэм я псэукIэр зэлъы- та унэтIыныгъэ псоми ятеухуа лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум: узыншагъэмрэ егъэджэныгъэмрэ, промышленностымрэ мэкъумэш IэнатIэмрэ, псэупIэ ухуэнымрэ дыкъэзыухъурехь дунеймрэ, хьэрычэт лэжьыгъэр, инвестицэхэм, къэралым и зыужьыныгъэм епха нэ­гъуэщI куэдми. Зытепсэлъыхь Iуэхухэр зэ­хьэлIа министерствэхэм я унафэщIхэм къа­гъэлъэгъуащ ягъэува къалэнхэр гъэ­зэщIэнымкIэ мы зэманым ирихьэлIэу ­зрагъэхъулIахэр, ахэр щIахуэмыгъэзэ­щIэнкIэ хъуну лъэпощхьэпохэр, щхьэусыгъуэхэр икIи къыкъуэкI гугъуехьхэр лъэ­ныкъуэ егъэзынымкIэ мурадхэр.
Къэралым и УнафэщIым дэтхэнэ унэ­тIыныгъэмкIи пщэрылъхэр яхуищIащ, щIыналъэхэм щызэфIагъэкIын хуейхэм, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным хуау­тIыпщ мылъкур фейдэ нэхъыбэ пылъу къэгъэсэбэпыным гулъытэ хэха яхуищIу. Абы къигъэуващ ущыпсэуну дзыхьщIы­гъуэджэ хъуа унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъукIыным хуэунэтIа лэжьыгъэр и кIэм нагъэсыну, псэупIэхэм я уасэхэм я нэIэ трагъэтыну; апхуэдэуи щIыналъэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм зэ­хъуэкIыныгъэхэр щегъэкIуэкIыным гулъытэ хуащIыну; къалэн ящищIащ ды­зыхуэкIуэ илъэсыщIэ махуэшхуэхэм я Iэ­натIэхэм пэрытыну медицинэ лэжьакIуэ-хэу COVID-19-р зыпкърытхэр щагъэхъуж IуэхущапIэхэм епхахэм ират ахъшэр хуагъэ­бэгъуэну,  щIыналъэхэм яхуигъэуващ Iуэхутхьэбзэ зыщIэ IэнатIэм и къудамэхэм ящыщу цIыхухэм икIэ­щIыпIэкIэ ялъэ­Iэсыныр зи къалэнхэм я лэжьыгъэр илъэ­сыщIэ махуэшхуэхэм зэблэмыууэ ирахьэкIыным я нэIэ трагъэтыну. Президентым «Урысей зэкъуэт» партым къы­хилъ­хьа жэрдэмыр - дыгъэ­гъазэм и 31-р мылэжьэгъуэ махуэу гъэувыныр - ядиIыгъащ, иужьрей илъэсхэм жылагъуэм абы куэдрэ зэрыщытеп­сэ­лъыхьар тегъэщIапIэ ищIри.
«Урысейм и щIыналъэхэм мы зэманым щагъэзащIэ лъэпкъ проект псоми мы­хьэнэшхуэ яIэщ, абыхэм Iуэхушхуэхэр щы­зэпэлъытащ, унэтIыныгъэ куэд къызэ­щIаубыдэ, цIыхухэм властым зэрызы­хуагъазэ гуныкъуэгъуэхэр дэгъэкIыным хуэгъэпсащ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек, Къэрал Советым зыщытепсэлъыхьахэм я гугъу щищIам. - Лъэпкъ проектхэр гъэзэ­щIэным цIыхухэм я псэукIэр хэпщIыкIыу иригъэфIэкIуэнущ. Абы щIыналъэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрри абыхэм яхэту, я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абыхэм кърикIуэхэр нэрылъагъу хъууэ хуежьащ. «Узыншагъэ» лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ дэ иджырей IэмэпсымэхэмкIэ (КТ, МРТ, УЗИ, рентген) къызэдгъэпэщащ медицинэ Iуэ­хущIапIэхэр, «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым хыхьэу нэрылъагъуу едгъэ­фIэкIуащ колледжхэм я материально-техникэ лъабжьэр, зи школ кIуэгъуэ мыхъуа цIыкIу 2000 зэкIуэлIэну IуэхущIапIэхэр ­къахэдгъэхъуащ апхуэдэу диIэхэм. Мы гъэм республикэм гъуэгущIэхэр щащIащ, зыкIэлъыIэбэн хуейхэр щызэрагъэпэщыжащ, фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэхэр зыхуей хуагъэзащ, псэупIэхэр яухащ. Дэ «ЩIыуэпс» лъэпкъ проектри догъэзащIэ. Абы хыхьэу догъэсеиж илъэс куэд хъуауэ хабзэр къызэпауду къагъэ­сэбэп пхъэнкIий идзыпIэхэр, псы зэрыкIуэ бжьамийхэр зыдогъэпэщыж. Республикэр ящыщщ лъэпкъ проектхэм я унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэмкIэ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрызыгъэхьа щIыналъэхэм, апхуэдэу щытми, дэ абыкIэ дыкъэувыIэркъым - зэфIэгъэкIын хуей Iуэхухэр мащIэкъым.
Президентым щIыналъэхэм къахуигъэува къалэнхэр зэфIэгъэкIыным адэкIи жыджэру делэжьэнущ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.