Адыгэ хъыджэбзымрэ балъкъэр щIалэмрэ Голливудым спектакль щагъэув

Куэдым яцIыху актёрхэу Кулиев Алимрэ Жэман Iэминэрэ иджыблагъэ спектакль гъэщIэгъуэн ягъэуващ. Stephanie Feury Studio Theatre камернэ пэш иным абыхэм утыку къыщрахьащ «ЛIэныгъэм зэпэIэщIэ дищIыху» фIэщыгъэм щIэт теп­лъэгъуэ. Абы и режиссёрри продюсерри Алимщ, спектаклыр ди зэманым хуэкIуэу зыгъэхьэзырар Iэминэщ.
Я хъыбар зэрыщIэми, Кулиев ­Алимрэ Жэман Iэминэрэ зэи зэрихьэлIатэкъым. ФейсбукымкIэ зэры­цIыхуу, я мурадхэмкIэ зэдэгуэша иужькIэ, тегушхуэри спектаклым елэ­жьын щIадзащ, репетицэхэр Skype-кIэ ящIащ. ИтIанэ мазэкIэ Лос-Анджелес зыщагъэсащ. А тIум я закъуэ фIэкIа спектаклым зэрыхэмытым ­куэдкIэ тынш ищIырт Iуэхур.
МахуитIкIэ ягъэлъэгъуа спектак­лым цIыхур пэшым щIэзу къекIуэ­лIащ. Абыхэм хуаIэта Iэгуауэ иным гуры­Iуэгъуэ ищIырт ягу зэрыдыхьар. Ди лъахэгъухэм жаIэ я спектаклыр ­ мы гъэм Америкэм и Штат Зэгуэтхэм и щIыпIэ зыбжанэм щагъэлъэгъуэну, театр фестиваль зэмылIэужьы­гъуэхэм утыку къыщрахьэну зэрамурадыр. Абыхэм къыхагъэщ я лэжьыгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрми щагъэлъэгъуэну зэрыщIэхъуэпсыр, ауэ Москва е Налшык нэхърэ Голливу­дым уи IэдакъэщIэкIыр утыку къыщипхьэныр куэдкIэ нэхъ зэрытын­шыр, сомкIи нэхъ пуду укъызэрикIыр дыщIагъуж. А лъэпощхьэпохэм илъахъэр куэдщ.
«Сэ сызэреплъымкIэ, дэ тIум ди лэжьыгъэр ди зэфIэкIым и закъуэкъым зи щыхьэтыр, атIэ ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ яку дэлъ зэныбжьэгъугъэ быдэм и щапхъэщ. Ар Голливудым дызэрыщаIэтам нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъапIэу къысщохъу», - жеIэ Жэман Iэминэ.
Кулиев Алим Америкэм и Штат Зэгуэтхэм иджы спектакль етIуанэ щегъэув - ипэкIэ спектакль зыбжанэм актёру щыджэгуащ. Абы жеIэ ди ­республикэм нэгъабэ къыщы­хъуа лъэпкъ зэпэщIэувэныгъэм а спектаклыр игъэувынымкIэ зэрыт­ригъэ­гушхуар. Iэминэрэ езымрэ я творческэ зэдэлэжьэныгъэр куэдым щапхъэ яхуэхъуну зэрыщыгугъыр. «Сэ фIыуэ къызгуроIуэ дунейр, цIыхухэр, къэрал системэр зэрыс­хуэмы­хъуэ­жынур. Сэ схуэщIэнуращи, щапхъэ ­согъэлъагъуэ, цIыхухэр дахагъэм дызогъэхьэх. Ди республикэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ адыгэ­хэмрэ балъкъэрхэмрэ зэгурыIуэныгъэ яку дэлъу зэдэпсэуным».
Алимрэ Iэминэрэ дохъуэхъу я зэфIэкIыр нэхъыбэ хъуну. Утыку инхэм я цIэ щыжаIэу, къызыхэкIа лъэпкъхэр иджыри куэдрэ ягъэгушхуэну ди гуапэщ.

Тэрчокъуэ Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.